Щхьэц телъэщIа

ГукъэкIыж
Радиокомитетым сыщылажьэу, си ныбжькIи еуэ-езгъэшхыу лIыкуфIым себэкъуауэ, ауэ чыцIыбжьэри фIэмыкIыпауэ жозыгъэIэ гуэрхэри къытхэнауэ, бжьыхьэу Тэрч адрыщI мыIэрысэпыч колхоз гуэрым дашащ. Я районти, езы ди Iэтащхьэ Дыду дыдэри тщIыгъут. Пхъэщхьэмыщхьэ хадэ бэвым дыдихьэхри, зэхьэзэхуэнри къытхэхъыжьауэ еткъутэкIыу дыздыхэтым, махуэ уэфI хъарзынэм жьапщэшхуэкIэ зыкъызэкъуихри, жыгхэр къиудыныжу щIидзащ. ДызылъэмыIэсу жыг щхьэкIэм къыпына мыIэрысэ нэхъ нэфIэуфIэхэр къытхуезыгъэщэщэх жьым фIыщIэ хуэтщIурэ дылажьэрт.
Нэхъ лэжьэрейуэ зыкъэзыгъэлъэгъуахэм (сэри сахэту) мыIэрысэр зэрытлъхьэ пэгуныр яхьыну хъыджэбз цIыкIу зырыз гъусэ тщIауэ дызэпеуэрт. Си гъусэ хъыджэбз цIыкIум нэхъ нэмысыфIэ умыгъуэтыну и жьэр зэтепIати, зыгуэр жепIэми жэуап къуитыжыфыртэкъым. Иджы мы жьапщэ укъубеям дыздыхэтым, абы къыщыщIар къысхуэмыщIэу, къыщиудурэ дыхьэшхырт. Зэи-тIэуи сеупщIащ щIэдыхьэшхымкIэ, ауэ жэуап къызимытыфу аргуэру къыщиудырти спыIукIуэтырт. Ауэрэ пэгуныр из хъуауэ щесткIэ, къызэрысIуплъэу аргуэру къыщиудырт. Къэхъуар, жысIэу щыхэзгъэзыхьым, «Тхьэ зыри бжезмыIэфыну», жери пэгуныр ихьащ. АпщIондэхукIэ сэ си щыгъынхэм сеплъыжащ: си бгырыпхри и пIэм итт, си гъуэншэдж щIыIухэри пхащ, Хьэзрэт хуэдэу, си джанабгъэр тIэтауэ си бгъэци къыдэщыртэкъым… Зыдэзгъуэн щызмыгъуэтым, сытегушхуэри мурад сщIащ иджыри зэ дыхьэшхыжмэ, щхьэусыгъуэр къезгъэIуэтэну. Жьыри къызэрепщэу, дыхьэшхынри зэпыуауэ дыздэлажьэм пэгуныр из хъури, си гъусэ хъыджэбз цIыкIум щыIэщIэзгъэувэм аргуэру къызэрысIуплъэу къыщиудащ. Ар апхуэдизкIэ зэрылъэлъу икIи щIыкIафIэу дыхьэшхырти, си зэгуэпри сIэщIэхужырти, сэри сыдэдыхьэшхыным сынэсырт, итIани зызубыдыжырт… Зыри щымыхъум, си нэщхъыр зэхэзукIэри, ткIийуэ сеупщIащ. Хъыджэбз цIыкIур згъэгузавэри пцIы езгъэупсащ:
- Тхьэ, хьэл делэ схуэхъуауэ схэлъым ар – жьы къыщепщэм деж содыхьэшх.
- Апхуэдэ хьэл щыIэ, жьы къыщепщэм деж угузэвэным и пIэкIэ удыхьэшхыу? – жызоIэ си нэщхъыр а зэрызэхэлъу.
- Тхьэ а жыпIэр пэжым, Мухьэмэд, ауэ жьы къыщепщэкIэ дыхьэшхыу си анэшхуэм щыщIалэм апхуэдэ хьэл хэлъащ, - жиIэу хъыджэбз цIыкIум дахэ дыдэу сыкъызэригъапцIэри къызгурымыIуэжу, си нэщхъыр зэхэкIыжауэ, езым мыIэрысэ пэгунитIыр ихьыну щыIукIым къысIэщIилъхьа жып гъуджэ хъурей цIыкIум соплъэ: «Дэнэ щыIэ Мухьэмэд?» - жызоIэ. «Я Мухьэмэд», - жи гъуджэм къищым. «Я не Мухьэмэд», - жызоIэ.
- Дауэ узэрымы-Мухьэмэдыр?! Гъуджэм иплъэр щыуэракIэ къищри уэращ.
- Уэлэхьи, гъуджэм иплъэр сэракIэ – сэрамэ, ауэ къищыр, пхуэсIуэнщ сэрмыракIэ.
Дыхьэшхым иубыда мо хъыджэбз цIыкIум Мухьэмэд къызэрицIыхур моуэ тIэкIуи зызыгъэкъулыкъущIэ лIы къабзэлъабзэ хужь нэкIутIэ цIыкIуущ, и щхьэцыр дахэу зэщIэлъэщIарэ дэлъэщIеяуэ. Иджыпсту гъуджэм къищыр сабэм иуа, абы къыкIуэцIрыжа пщIэнтIэпсым и лъэужьхэр зи напэм щызэбгрыжа лIыжь щхьэфэкъубзэ цIыкIут. А тIур хузэхуэмыгъэхъуу, жьыр къыщыкъуэуам си щхьэфэм щызэгъэпцIа щхьэц тIэкIур ириуду къыщIэща лIы къуий цIыкIур сэрауэ къыхуэмыщIэжу арат хъыджэбзыр къыщиудурэ зыгъэдыхьэшхыр.
Жьышхуэ къепщам си щхьэ щIыIум къытрихыу си пщэм къыдиупцIэжа си щхьэц кIыхь бэлацэр зэхэсхыжурэ си ныбжьэгъухэм сахыхьэжри, тхьэрыIуэ кIыхь сукъуэдият афIэкIа тезмыгъэтынуи, зэ умыIуэ жари сыкъызэтрагъэувыIащ. Ауэ етIуанэ махуэм, тхьэ Iуэни хэмыту, си щхьэ фэкъум и унафэр сэр-сэру сщIыжащ, сэри сытыншыжащ. Аркъудей?! Си ныбжьэгъу гуэрхэми си щхьэр щапхъэ яхуэхъури загъэтыншыжащ. ИкIи аркъудейкъым, ди ныбжьэгъу, ди цIыхугъэ къулыкъущIэ гуэрми езы обком дыдэм щIэс закъуэтIакъуи къыхэхуэу, щхьэц телъэщIэныр щагъэтри тыншыжахэщ, ауэ зы «спасиби» ягу пыкIакъым. Сэ псори къыщежьа хъыджэбз дыхьэшхырилэ цIыкIум хуэсщI фIыщIэр ноби сухакъым.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: