Адыгэ усыгъэр зыгъэбейхэр

Адыгэ прозэм хэлъхьэныгъэ дахэ хуищIащ КIыщокъуэ Алим. Абы и творчествэр нэхъыбэу щекIуэкIар совет зэманырщ, ауэ лъэхъэнэщIэм щыщIидзэ дыдэм «Лъапсэ» романыр, и новеллэхэр щызэхуэхьэса «Хъыбархэр» (1999) сборникыр, «Шхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр къыдигъэкIын хузэфIэкIащ. Романыр пычыгъуэурэ (1990 - 1991 гъэхэм) «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ, ауэ щхьэхуэу «Лъапсэр» 1994 гъэрщ къыщыдэкIар. ИужькIэ ар урысыбзэкIи зэрадзэкIауэ дунейм къытехьащ. КIыщокъуэр усакIуэ гъуэзэджэт, абы лъэпкъ прозэри къэрал утыкум иришащ. «Лъапсэ» романри тхакIуэшхуэм къехъулIащ. Ар ещхькъым адрей и романхэм, псом япэрауэ КIыщокъуэм и тхыгъэм къыщегъэсэбэп «зэман зэщыгъэкIуэта» Iэмалыр. БлэкIа жыжьэмрэ иджыреймрэ образ нэхъыщхьэхэмкIэ зэблехъур, езы персонаж хигъэувари щIэщ - и IэщIагъэкIэ Дэфэрэдж цIыхубз дохутырщ. Романым фIы и лъэныкъуэкIэ гу лъатащ критикхэм.

Совет нэужь лъэхъэнэм прозэм и жанр зэхуэмыдэхэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъыщагъэлъэгъуащ тхакIуэ нэхъыжьхэми, абыхэм къакIэлъыкIуэ щIэблэми. Нало Ахьмэдхъан (1921 - 2010) мы лъэхъэнэм тхыгъэ куэд итхакъым, ауэ ипэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIахэр адыгэбзэкIэ, томищ хъууэ, къыдэкIыжащ (хъыбархэр, повестхэр, «Нэхущ шу», «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» романхэр, 1993 - 1995), томитI хъууэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьащ «Избранное» (2003) тхылъыр. Тхыдэ романхэр нэхъыбэ хъуащ. КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романым иужь дунейм къытехьащ МафIэдз Сэрэбий, Жылэтеж Сэлэдин, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Елмэс Iэулдин, Журт Биберд, АбытIэ Владимир, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ пIащэхэр.

МафIэдз Сэрэбий тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ докторщ, абы фIыуэ ищIэу щытащ зытетхыхь лъэхъэнэм щыIа псэукIэр, адыгэхэм XIX лIэщIыгъуэм ягъэва гуауэр, Кавказ зауэм къихьа насыпыншагъэхэр. Аращ и повестхэм, романхэм ди тхыдэр фIэщхъуныгъэ хэлъу къыщIыщигъэлъэгъуэфар. Тхыдэ темэр Сэрэбий и творчествэм куэд щIащ къызэрыхыхьэрэ. «ЩIакIуэ фIыцIэ» повестыр (ар теухуащ адыгэхэр Урысейм пымыщIауэ щыщыта зэманым, Кърымымрэ Тыркумрэ щызэпэщIэта лъэхъэнэм.) Сэрэбий итхащ 1974 гъэм, абы къыкIэлъыкIуащ «ХьэщIэ махуэ» тхылъыр (1983, повестищ итщ), «Гъыбзэ хуэфащэт» (1992, роман, Екатеринэ 11-м и зэманым теухуащ). Критикэр гуапэу зытетхыхьа «Мыщэ лъэбжьанэ» романыр 1998 гъэм дунейм къытехьащ. Ермоловым и образыр тхыдэм и пэжым тету, историзм Iэмалым хуэкIуэу къигъэлъэгъуащ тхакIуэм. Езы зэманыр - адыгэхэм дежкIэ гущIэгъуншэу щытари - тхакIуэм пэжагъ хэлъу къигъэлъэгъуэжащ.

Адыгэ тхыдэм теухуа повесть, роман жанр инхэр къэзыгъэсэбэпхэм ящыщщ АбытIэ Владимир. Ар хуэIэижыц усэми, прозэми. Иужьрей илъэсипщIым тхыгъэ нэхъыбэ дыдэ къыдэзыгъэкIа тхакIуэу жыпIэмэ, ущыуэну къыщIэкIынкъым. Владимир тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIащ, рассказхэр, повестхэр, романхэр иту: «Индыл и зы щэху» (повестхэр, 2005), «Ламэ» (рассказхэр, 2007), «Хамэ фыз» (роман, 2008), «Уанэгу нэщI» (роман, тхылъитIу, 2009), «Жыр щIыфэу си алъп удзыфэ» (повесть, 2010), «Адыгэгу зезыхьэ Апачи» (роман, 2010). Абы итыр къэхъукъащIэ романщ. Апхуэдэ роман ухуэкIэр АбытIэ Владимир щIэуэ къыхигъэхьащ ди литературэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, критикэр иджыри хунэсакъым зи гугъу тщIы тхылъхэм тепсэлъыхьыну. Адыгэ мамлюкхэр Мысырым щытепщэу щыщыта курыт лIэщIыгъуэхэр IупщIу ди нэгу къыщIэзыгъэхьэж повесть хъарзынэ итхащ ТIымыжь Хьэмыщи - «Зи нэхэм уафэхъуэпскI къыщIих сулътIан» (Налшык, 2001).

И гугъу тщIащ бзылъхугъэхэр иужь зэманым литературэм жыджэру къыхыхьэ зэрыхъуам. Ахэр прозэми я зэфIэкI щоплъ: рассказхэр, повестхэр ятх, роман жанрыр къэзыгъэIурыщIэхэри яхэтщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, БакIуу Марие. Марие литературэм къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым, ауэ рассказхэр, повестхэр, роман ярыту тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. БакIуу М. итххэр яфIэгъэщIэгъуэну цIыхухэр йоджэ. ТхакIуэм и персонажхэм яхэтщ къуажэм щыпсэуа цIыху куэдым я образхэр. Абы гъащIэм и пэжымрэ литературэм и пэжымрэ сюжет хьэлэмэтхэмкIэ Iэзэу зэхеухуанэ. Тхылъ щхьэхуэу Марие къыдигъэкIащ «ГъащIэм и гъуэгу зэхэкIыпIэхэр» (повестхэмрэ рассказхэмрэ, 2001), «МафIэлыгъей» (роман, 2005), «Бзурэ пэт и хэкум щытепщэщ» (повестхэмрэ рассказхэмрэ, 2006).

Роман жанрым зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр (1926 - 2000, «Гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым», 1992). Романыр адыгэ интеллигенцэм 60 - 70 гъэхэм гъащIэм къыхалъхьа Iуэхухэм триухуащ. Журт Биберд (1937 - 2003) и рассказхэм, повестхэм нэмыщI 90 гъэхэм итхащ романитI: «Гъуэжькуий» (1992), «Унагъуэ» (2004). Иужьрейр тхакIуэр дунейм ехыжа нэужь къыдэкIащ.

Къэрмокъуэ Мухьэмэд ди литературэм 1960 гъэхэм къыщыщIэдзауэ жыджэру хэтащ. Абы и рассказхэр, очеркхэр, новеллэхэр, повестхэр, романхэр иту тхылъ щэщIым нэс адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIащ. Критикэми щIэджыкIакIуэхэми ягу ирихьащ повесту къыщIидзэу роман-трилогие хъужа «Щихухэр иджыри мэкI» зыфIищар (1988, 1999, 2004 гъэхэм). Къэрмокъуэм и «ХьэтIохъущыкъуей рассказхэр» 2007 гъэм тыркубзэкIэ Истамбыл къыщытрадзащ, нэгъуэщI рассказ зыбжанэ Софие болгарыбзэкIэ къыщыдэкIащ. Мухьэмэд и тхыгъэхэр бзэ къулейкIэ «узэдащ», я сюжетхэр гъащIэм къыхэхащ, ахэр хьэлэмэту ухуащ.

Поделиться:

Читать также: