Къыддеджахэм дрогушхуэ

Тыншкъым илъэситхукIэ ды­зэдеджауэ, иужькIи куэдрэ дызэхуэзауэ, фIыуэ дызэры­лъагъууи щытауэ, иджы мып­сэужхэм уатетхыхьыну. Ауэ дэ нэгъуэщIу дегупсысащ а Iуэхум.

Дэ 1959 гъэм дыщIэтIысхьауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым, агроном IэщIагъэм дыщыхуеджэну. Курсыр цIыху 50 дыхъурт. ЦIыхубзу къытхэсар плIы къудейт. А лъэхъэнэм еджапIэ нэхъыщхьэ ущIэтIысхьэн ипэкIэ, илъэситIкIэ у­лэжьауэ щытын хуейт. Дэ, щIалэхэр, илъэсищкIэ армэм ды­щыIати, дыпхыкIат.
Тхьэмахуи демыджауэ, нартыхудэч дашауэ щытащ Тэрч щIыналъэм щыщ Плановскэ къуа­жэм а зэманым щызэхэта   колхозым. А лъэхъэнэр тынштэкъым. Уэншэку, щхьэнтэ тебзэ къы­датащ, «хьэуазэ ифкуэ!» жаIэри. Фермэр ди унэу, мазэм щIигъукIэ дыщыIауэ щытащ. ТхуэпщэфIахэри къыд­деджа­хэрат: Емыш Хьэжмусэ, Пщы­хьэщIэ Бэчмырзэ, Падальцинэ Галинэ сымэт. Экспедитору диIахэр Балэ Владимиррэ мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI Уэркъуасэ Владимиррэт.
Пщэдджыжь къэс колхоз бригадирыр къытхуэкIуэрт, махуэм длэжьын хуейр къыджиIэну.
Матэ зырызрэ гъурщIынэ (пхъа­фэр зэрытралъэф IэрыщI Iэмэпсымэ) зырызрэ къыдатащ. Дэрэбинэ тету шыгу къыт­хуаутIыпщащ, абыкIэ нартыхур хашыжыну.
- ГъурщIынэмкIэ нартыху пхъа­фэр иритепхыну нэхъ тыншщ, фыхуеймэ, ар пхъэм къыхэф­щIыкIми хъунущ, - жиIащ бригадирым. - Махуэ мардэр матэ ­50-щ. Колхозым хэтхэм мати ­100-м нэс къыдач. Къыдэфчым теухуауэ фи улахуэри нэхъыбэнущ.
Лэжьыгъэр ди щIэщыгъуэу щIэддзащ. Япэ махуэхэм къытхэкIащ матэу 120 - 150-рэ къы­дэзыча. Нартыхур фIыт, и ­бжэ­къу­хэр инт, хьэсэхэри къабзэт. Пщыхьэщхьэ хъуамэ, къафэ, джэгу щыIэт. Дэр нэмыщI, зоо­техникэмрэ биологиемрэ хуеджэнухэм я курс зырызи къытхэтащ. Псори къызэщIэбубыдэмэ, цIы­хуи 125-рэ дыхъурт.
А мазэм псори хъарзынэу ды­зэ­рыцIыхуащ. Абы дыщы­щыIам, цIыху 25-рэ хъу гуп щхьэхуэ-щхьэхуэу дызэхагуэшыкIати, уна­фэщIу къытхуагъэувахэр ныбжь нэхъ зиIэхэм ящыщу Къардэн ­Борис, КIэрэф Хьэжмурид сымэ хуэдэхэрат. Комсомол секретару диIар Хьэмыкъуэ Владимирт.
Дауэ мыхъуами, армэм щыIахэр дыщынэхъ пажэт, адрейхэр зэдгъэдэIуэфу. Апхуэдэхэр цIыху 12 дыхъурт. Абыхэм ящыщу тIур: Беслъэней Борисрэ сэрэ 1956 гъэм Венгрием къыщыхъуа зэ­щIэхъееныгъэр зэтезыгъэуIэ­фIэжыну ягъэкIуахэм дащыщт. Абы папщIэкIи, пщIэ нэхъ щыдиIэт.
Армэм сыщыIэху, университетым сызэрыщIэтIысхьэным зы­хуэз­гъэхьэзыру, плIэидзэ хъуржынкIэ къызэдесхьэкIа тхылъ­хэм сыщеджауэ щытащ. Арати, сы­щIэхуащ, диплом плъыжькIи университетыр къэзухащ.
Беслъэней Бориси, сэ схуэдэу, нэхъ пасэу армэм къыщаутIып­щыжри, а университет дыдэм къыкIэрымыхуу щIэтIысхьат.
Мыдрейуэ къыхэзгъэщынщи, ар­мэм къыддыщыIахэу Балэ Владимир, Къардэн Борис, Гъу­кIэ Бекъан, Акъсорэ Хьэлым, Уэртэн Алий, КIэрэф Хьэжмурид, ­Гу­гъуэтыж Залымхъан сымэ сытым дежи щапхъэгъэлъагъуэу диIащ.
Курсым и сурэтым доплъыжри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псэужыр мащIэ дыдэщ - хы дыхъужу аращ. Абы щыщу тIур нэгъуэщI щIыналъэхэм щопсэу. Зыр гукъы­дэмыжщ, и лъэ къримыхьэкIыу. Къэнэжаищым ящыщу тIур Налшык къалэ дыдэсщ, ди бынхэр къыщытхуэсакъыу, зыр Щхьэлыкъуэ къуажэм щопсэу.
Университетыр къыщыдухым, цIыхуихым диплом плъыжь къыдатауэ щытащ.
ЗэманыфIт ар. Псоми IэнатIэ зырыз, ди республикэм димы­кIыу, къытхуагъэлъэгъуат. Тхыгъэм дыщIызгъужа сурэтыр щы­зытредгъэхам кърихьэлIар къыддеджам и ныкъуэращ.
Дыщызэгъуса илъэсхэм къриубыдэу, ди курсыр сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэгъэлъагъуэу щытащ – еджэныгъэ и IуэхукIи, зэ­пIэзэрытагъэ и лъэныкъуэкIи, зэрыIыгъыкIэу ди зэхуаку дэ­лъамкIи.
Курсым и ныкъуэр агроном нэхъыщхьэу, къуажэ унафэщIхэу лэжьащ. Абыхэм ящыщщ ГъукIэ Бекъан, Асанэ Тембот, Мыс­хъуэжь Борис, Фэнзий Борис, Балэ Владимир, Уэркъуасэ Владимир, Дадэ Аслъэнбий, Беслъэней Борис, Джырандокъуэ Владимир, Жэмыхъуэ Хьэсэн, Азэмэт Мухьэрбий, Хьэмыкъуэ Владимир, Гъубжокъуэ Мухьэмэд, Падальцинэ ­Галинэ, Хъурей Анатолэ, Балъкъыз Хьэту сымэ, нэгъуэщIхэри.
Нэхъ убгъуауэ тепсэлъыхьыпхъэщ иужькIэ цIэрыIуэ хъуа ди курсэгъухэу КIуэкIуэ Валерэ, МэкIэтIей Абдулыхь, Хьэмыкъуэ Владимир, Мысхъуэжь Борис сымэ.
КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и ­къуэм Тэрч мэкъумэш техникумыр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, ди курсым къыщIэтIысхьауэ щытащ. Университетым дызыщыхуа­гъэхьэзыр IэщIагъэм и лъабжьэр техникумым щикIуати, къытхэ­тIысхьа иужькIэ, къетыншэкIыу икIи фIы дыдэу ар къыддеджэрт. Дызэрыщыгъуазэщи, ипэкIи кIэ­лъыкIуэуи IэнатIэ куэд пэрыта, иужьым республикэм и Iэтащхьэуи щыта КIуэкIуэ Валерэ илъэсищым нэскIэ «Лэскэн» совхозым и унафэщIу лэжьащ. Абдежым абы къыщигъэлъэгъуащ IэщIагъэлI нэсу зэрыщытыр. А лъэхъэнэм «Лэскэн» совхозым япэ увыпIэхэр зыхыхьэ районым куэдрэ къыщихьат.
А илъэсхэм, къэралым и Правительствэм къыбгъэдэкIыу, къуа­жэдэс куэдым, механизаторхэм, Iэщыхъуэхэм, хадэгъэкI­хэм, пхъэщхьэмыщхьэм елэжь­хэм, щытхъу тхылърэ дамыгъэ лъапIэу къыхуагъэфэщар мащIэкъым.
Мы тхыгъэм иджыри къы­щыхэдгъэщынут МэкIэтIей Абдулыхь. КъыдекIуэкIа IэнатIэ псоми я гугъу дымыщIу къыхэдгъэщынщи, ар Къэбэрдей-­Балъкъэр университетым хи­миемкIэ и кафедрэм и декант, химие щIэныгъэхэмкIэ докторт, ди къэ­ралым и академие куэ­дым пыщIа профессорт, Урысей Федерацэм и Совет Нэхъыщ­хьэм и зы къудамэми и унафэщIу щытащ.
Абдулыхь апхуэдиз лэжьыгъэ зэриIэуи, зэрыхущIэмыхьэм щхьэ­кIи къимыгъанэу, зэман къытхудигъахуэри, курсым щыщу дунейм дыкъытенэжахэр ды­зэхуишэсри къыдбгъэдэсауэ щытащ. Абы иужькIэ, куэд дэ­мыкIыу, дунейм ехыжащ.
И гугъу тщIыну къэзылэжьхэм ящыщщ Хьэмыкъуэ Владимири. ЕджапIэр къэдуха нэужь, курсым щIэсахэр дызэрылъа­гъуну япэу жэрдэм къыхэзылъ­хьауэ щытар абырэ Балэ Владимиррэт.
Хьэмыкъуэм 1972 гъэм - и кандидат диссертацэр, 1996 гъэм – докторскэр пхигъэкIащ. Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ и академием мэкъумэш IуэхухэмкIэ и къудамэм къулыкъуи щиIыгъащ, УФ-м щIыхь зиIэ и агроном цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ, журналистикэми зэрыхэзагъэм къыхэкIыу, ди курсым теухуауи тхылъ итхащ.
Мы тхыгъэм и кIэ къихуэу къыхэзгъэщынщи, университетыр къызэрыдухрэ мы гъэм илъэс 63-рэ ирикъуати, зэдеджахэр, мащIэ дыдэ дыхъуами, 18-нэ зэхуэсыгъуэу дызэIу­щIащ, дызэрылъэгъуащ.

УЭРКЪУАСЭ Владимир. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ.
Поделиться: