Мэлбахъуэ Тимборэ 1959 гъэм ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и бюром къыщипсэлъар

Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ

Урысыбзэр адыгэбзэм зы Iыхьэу къыхыхьауэ аращ. ИтIани бзэм езым и хабзэкIэ зиужьыжын хуейщ. КъызыхэкIыр сымыщIэу урыс псалъэхэр адыгэбзэкIэ щызэрадзэкIкIэ, Iэмал имыIэу урыс грамматикэм зытрагъэщIэн хуейуэ ябж. АдыгэбзэкIэ «коммунистическая партия» жыпIэнумэ къызэрупсэлъынур «коммунистическэ парт» жиIэущ. Ауэ газетхэм ар «партие» жаIэнурэ иратхэнущ - «ие» кIэухыр къыздикIар мыгурыIуэгъуэу. Апхуэдизу мы Iуэхур гугъусыгъу щIын хуейкъым. Дэ гъуэгу захуэм дытету дежьат, ауэ дылъэпэрэпауэ аращ.

Иджы тIэкIу зэдзэкIыгъэхэм ятеухуауэ. Ныбжьэгъу КIыщокъуэм пэжу гу лъитащ ди интеллигенцэр бэм зэрыпэIэщIэр, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, бзэ и лъэныкъуэкIэ пэжыжьэ хъункIэ зэрышынагъуэр. Ди тхакIуэхэр адыгэбзэкIэ къэпсэлъэжхэркъым. Сыт ар къызыхэкIыр? Ди алыфбейр зэрыIейракъым. Мыбдеж и щхьэ течауэ ди бзэм и Iуэхур зыIутыр жытIэфын хуейщ. Адыгэбзэр тхьэмыщкIэщ, абы зегъэужьыпхъэщ. Ауэ ар къулейсызу аракъым, - урысыбзэм елъытауэ, нэхъ тхьэмыщкIэу аращ. Дауи, ди интеллигентхэм я нэхъыбэр урысыбзэкIэ нэхъыфIу мэпсалъэ, а бзэм щIэныгъэм епха фIэщыгъэхэр нэхъыбэу щыбогъуэт. Абы къыхэкIыу упщIэ къоув: дауэ зэры­зэбдзэкIынур, зэдзэкIыпхъэри сыт? КъызэрыкIуэ уэршэрым и гугъу пщIымэ, сэ тыншу сопсалъэ. Гъавэмрэ Iэщ гъэхъунымрэ егъэфIэкIуэн зэрыхуейм гугъукъым утепсэлъыхьыну. Ауэ политикэмрэ наукэмрэ утепсэлъыхьыну нэхъ гугъущ. Аращи, сэ сызэреплъымкIэ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ, бэмрэ политикэмрэ ехьэлIа фIэщыгъэхэр зэрыщытым хуэдэ дыдэу урысыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм хыхьэн хуейщ. Мыбдежым хуэфэщэн псалъэ къэплъы­хъуэу зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым. Общественно-политическэ фIэщыгъэхэр дуней псом утыку щызыгъуэта цIэхэщ, абыхэм адыгэбзэм къыхэмыхьэпIэ яIэкъым…

Урысыбзэм кърахыу адыгэбзэм е балъкъэрыбзэм кърагъэзагъэ тхыгъэ­хэм ткIий дыдэу тепсэлъыхьыпхъэщ. ЗэдзэкIыгъэ нэсхэр ди мащIэщ. Языныкъуэ тхылъ телъыджэхэр адыгэбзэм зыкIэ фаджэладжэ щыхъуащи, къып­хуэ­цIыхужыркъым. СщIэркъым и пэжыпIэр, ауэ ныбжьэгъу Хутуевым зы колхозхэт гуэр къыхуэтхьэусыхауэ жеIэ: «Сыт псори Пушкиным щIыщыт­хъур? Абы нэхърэ нэхъыфIу мыпхуэдэ адыгэ е балъкъэр усакIуэр матхэ», - жиIэри. Ар щыуагъэшхуэщ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, зэдзэкIакIуэ зыфIащахэм зэдзэкIыкIэ зымыщIэ щIалэхэр къахэшауэ: «Ныбжьэгъухэ, фэ нэгъуэщI IэнатIэ гуэр фыпэрыхьэ. ЗэдзэкIын Iуэхур адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэ фIыуэ зыщIэ, а бзэхэмкIэ фIыуэ тхэф КIыщокъуэм, Отаровым, ЩоджэнцIыкIум, е нэгъуэщI зыгуэрхэм зэфIагъэкIынщ», - яжеIапхъэщ.

Ди литературэм теухуауэ

Сыт ди литературэр зыхуэныкъуэр, и гъуэгур бгъуфIэу адэкIи зиужьын папщIэ? Псом япэ - критикэфI, щхьэмыгъазэу, ауэ адэм хуэдэу фIым ухуиу­щийуэ…

Дэ гукъыдэжышхуэ диIэу усэ гуэрхэр тыдодзэ, сатыр-сатыру зэрызэпыудам фIэкIа, «усэкIэ» ущIеджэн щхьэусыгъуэ ябгъэдэмылъу. Усэ кIыхьхэр къежьащ газетым е журналым и зы къыдэкIыгъуэм имыхуэу, адрейм гъэIэпхъуэн хуейуэ. Ди ныбжьэгъу гуэрым сатыр 9.500-рэ хъууэ усэ итхащ жаIэ. Сыт хуэдэ мардэ а усэм и фIагъыр нэгъуэщI къызэрупщынур, и сатыр бжыгъэм нэмыщI?

Усэ мыхьэнэншэхэр ятх къудейкъым, щIэрыщIэу къытрадзэж. Усэ тхылъ щызхэр къыдокI, я жинт щIыIум «Фымытхэ» жыIауэ тетхапхъэу. Апхуэдэу Iэпэдэгъэлэлу усакIуэ ныбжьыщIэхэм уахущытыным фIым дыхуишэнукъым. Усыгъэм и пщIэр зэрыдгъэлъахъшэм нэмыщI, цIыхухэм абы хуаIэ лъагъуныгъэр къыдогъэтIасхъэ, пэжу дунэтIмэ зызыужьыфыну куэд до­гъэкIуэд. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм зэчий зиIэ ныбжьыщIэхэм таурыхъым хэт зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъур изыф джэдум и махуэ къахуигъэкIуэ­нущ. Пэжщ, джэду шырым ар и жагъуэкъым, и къугъ макъри бзубзэрабзэм и жьыуэкIэм нэхърэ нэхъыфIынкIи хъунщ. Ауэ апхуэдэ джэдум дзыгъуэ къиубыду зэи зригъэсэфынукъым. Дэ зы унагъуэ узыншэшхуэ дохъу, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дзыгъуи ди куэдщ. Ахэр гъэкIуэдын Iуэхум усакIуэхэр хэмыту хъунукъым. ЖысIэну сызыхуейр - ди ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми, ди тхылъ тедзапIэми литературэ гуащIэдэкIыу дунейм къытрагъэхьэм елIэлIэн хуейщ. Пэжщ, бжыгъэ дыхуейщ, ауэ фIыр зи нэщэнэ бжыгъэщ дызыхуейр.

 ФызгъэгувэнкIэ сыгузавэми, зыгуэр къыщIызмыгъуу хъунукъым. Дэ литературэм и зыужьыныгъэм догупсыс. Литературэм и зыужьыныгъэм дытопсэлъыхь. Сыт къызэрыпхутэнур абы и лъагагъымрэ и мыхьэнэмрэ? Псом япэ, дауи, усакIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм, абыхэм я тхыгъэхэм, я зэдзэкIыгъэхэм я бжыгъэмкIэщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ укъэзымыгъапцIэу литературэм и фIагъыр къызэрупщын мардэр - тхылъеджэхэм я бжыгъэмрэ абыхэм тхакIуэхэм жаIэм и хьэтыр зэралъагъу-зэрамылъагъумрэщ.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: