Лъэпкъ щIэныгъэм и лъабжьэр

Адыгэ лъэпкъым и цIыхухэм щIэныгъэ щызыIэрагъэхьэфыну илъэсхэм хэкум итар е муслъымэн диным щыхурагъаджэ, е урысхэм къызэIуаха анэмэт еджапIэ закъуэтIакъуэхэрт. Зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэмыгъэпэща, езыгъэджэни зэреджэн тхылъи дахэ-дахэу зимыIэ а еджапIэхэм щIэсхэм щIэныгъэ куу щызрагъэгъуэтыфыртэкъым, тхэкIэрэ еджэкIэрэ щызрагъащIэ, есэпым тIэкIу щыгъуазэ зыщыхуащI мыхъумэ. Ахэр къэзыуххэми я щIэныгъэр къызэрагъэсэбэпышхуи щыIэтэкъым, зи щIэныгъэм езыр-езыру хэзыгъэхъуэфу, лъэпкъ щIэныгъэм елэжьыным гукъэкI хуэзыщIу абыхэм къахэкIхэри зырызыххэт. Профессор Хьэк1уащэ Андрей и лэжьыгъэхэм къазэрыхэщымк1э,  апхуэдэ мурад зыщIхэми тегъэщIапIэ яхуэхъур езыхэр зэреджа, зыщыгъуазэ бзэрт, я анэдэлъхубзэм и тхыбзэм лъабжьэ хуащIри, абы и алфавитырт. Аращ япэ адыгэ щIэныгъэлIхэми нэхъ я нэIуасэ хьэрып, урыс хьэрфхэр нэхъыбэу къагъэсэбэпу щIыщIадзари. А тIум нэхъыфIым, анэдэлъхубзэм нэхъ къезэгъым и зэхэгъэкIыным зэманышхуэ текIуэдами, пIалъэ инкIэ щIэныгъэлIхэр гугъу иригъэхьами, абыхэм ящыщ зырызхэм пасэу къагуроIуэ адыгэбзэм урыс хьэрфхэр нэхъ къызэрезэгъыр. И щхьэ течауэ и зэманым жамыIами, абы и щхьэусыгъуэри хьэрып хьэрфхэр ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ сэмэгумкIэ зэратхым е ахэр нэхъ тхыгъуейуэ зэрыщытым и закъуэ къудейуэ къыщIэкIынукъым, ар нэхъыщхьэу зэпхар бгырысхэр щыпсэу къэралыгъуэм, нэхъ я гъунэгъу лъэпкъым и бзэр зэгъэщIэнымкIэ ар дэIэпыкъуэгъу зэрыхъурщ. Дауэ щымытми, 19-нэ лIэщIыгъуэм адыгэ щIэныгъэлIхэм я анэдэлъхубзэм хузэхалъхьа тхыбзэм и нэхъыбэм лъабжьэ хуащIар урыс алфавитырщ, ар къыщIыхахами лъэпкъыбзэм ар нэхъ къызэрезэгъми и щхьэ течауэ языныкъуэхэм я лэжьыгъэхэм щыжаIащ.

Адыгэ щIэныгъэлIхэм я пащхьэ убзыхун хуейуэ а илъэсхэм нэгъуэщI зы Iуэхуи къиуващ - лъэпкъ щIэныгъэр зытещIыхьын, лъабжьэ абы хуэщIын хуей бзэр къэхутэныр. Сыт хуэдэ лъэхъэнэ щымыпсэуами, ахэр псори зы гупсысэм зэрыхуэкIуам абыхэм я щIыхьыр пхужымыIэну къаIэтыр, я IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр мыкIуэдыжын ящIыр. Сыт хуэдэ алфавит къамыгъэсэбэпами, абыхэм псоми, зэгурыIуа хуэдэ, лъэпкъыбзэм тхыбзэ зэрыхузэхалъхьэм лъэпкъ щIэныгъэм ар зэрилъабжьэр, и къежьапIэу зэрыщытыр егъэбелджылы. Аращ ахэм бэлыхьищэхэр ятелъу я бзэм и алыфбеймрэ зэджэн тхылъхэмрэ щIыхузэхалъхьэри, зэхэгъэж хэмылъу къэхъу щIэблэщIэм япэ щIыкIэ анэдэлъхубзэр егъэджын, егъэщIэн хуейуэ къыщIагъэуври.

Тхыбзэ зэзыгъэпэщ дэтхэнэ зы анэдэлъхубзэми занщIэуи лажьэу щIидзэркъым, ар лъэ быдэкIэ увыным, и щхьэ и Iуэху зэрихуэжыф хъуным зэманышхуэ токIуадэ. Апхуэдэ IэнатIэ мытынш Iуувэ бзэми, лъэпкъ тхыдэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, куэд щIауэ тхыгъэ къызыдэгъуэгурыкIуэ хамэбзэхэр дэIэпыкъуэгъу нэхъыбэм ищIын хуей мэхъу, зэман заулкIи абы къыщытенэ, зэманыфIкIэ ар IэщIыб щыхуэмыщI щыIэщ. Курыт Азием, Кавказым ис лъэпкъ щхьэхуэхэм пасэм ехьэжьауэ нэхъ къагъэсэбэпу щытащ хьэрыпыбзэмрэ къэжэрыбзэмрэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ, художественнэ тхыгъэ Iэджэ а бзэхэмкIэ тхауэ къызэтенащ. Сытхэр и щхьэусыгъуэми, адыгэхэм я деж хьэрыпыбзэкIэ тха тхыгъэ закъуэтIакъуэхэм уащрихьэлIэ щхьэкIэ, ахэр нэхъыбэрэ зэжалIэу, нэхъ зэрытхэу щытар урысыбзэрщ. Лъэпкъ тхыбзэм урыс алфавитыр лъабжьэ зэрыхуащIам къыдэкIуэу, я лэжьыгъэхэри художественнэ тхыгъэхэри зэратхари къызэрыдэкIахэри а бзэрщ. Ари абыхэм яфIэкъабылу, нэхъ къащтэу ящIа Iуэхукъым, абы ахэр Iэмалыншагъэм иригъэзащ. Абыхэм пасэу къагуроIуэ щIэныгъэм пэIэщIэ, иджыкIэ алыфбей, еджапIэ зимыIэ лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ тхылъ къыхудэбгъэкIкIэ мыхьэнэ щIагъуэ зэримыIэр. Абы къыхэкIкIи адыгэ щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэр, ахэр Iэрытхыу къызэтенами е къыдэкIауэ къытIэрыхьами, зэрытхар урысыбзэрщ, нэхъыбэми зыхуей, зыгъэпIейтей я гупсысэхэр къызэраIуатэу щытар аращ. А зэманхэм ехьэжьауэ урысыбзэр къэзыгъэсэбэпар адыгэ щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым, ар IэмалыфIу къагъуэтащ, хэкIыпIэ яхуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэм ис нэгъуэщI лъэпкъхэми. А Iэмал хъарзынэр пасэми ди зэманми къагъэсэбэпащ щIэныгъэм и гъуэгу нэхум теувэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм, ар лъагъуэ яхуэхъуащ иужькIэ зызыужьу щIэзыдза Азием, Африкэм, Америкэм щыпсэу лъэпкъ Iэджэми. Ауэ япэ лъэбакъуэхэр щIэныгъэм хуэзычу щIэзыдза лъэпкъхэм зэхуэдэу къагъэсэбэп а Iэмалым щIэныгъэлIхэр зэреплъыр зэтехуэркъым.

Языныкъуэхэм нэгъуэщIыбзэкIэ тха тхыгъэ псори анэдэлъхубзэкIэ щыIэ лъэпкъ литературэм и тхыдэм пэIэщIэу, абы хэбгъыхьэ мыхъуну къалъытэ. Апхуэдэ гупсысэхэр нэхъ зыукъуэдийр, зыфIэкъабылыр осетин литературовед цIэрыIуэ Джусойты Нафийщ. И лэжьыгъэхэм ящыщ зым абы зээрыщитхыгъамкIэ, «анэдэлъхубзэм темыт лъэпкъ литературэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым», нэгъуэщIыбзэкIэ зэхэлъхьа тхыгъэхэр осетин литературэм ейуэ къилъытэ щхьэкIэ, ахэр абы лъэпкъ литературэм хигъыхьэркъым.

Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэхэр фIэкъабылкъым осетин щIэныгъэлI Ардасеновым. Абы къызэрилъытэмкIэ, «сыт хуэдэбзэкIэ мытхами, лъэпкъкIэ осетину щыт тхакIуэм осетин лъэпкъым и гъащIэр къигъэлъагъуэмэ, ар абы быдэу пыщIамэ икIи и тхыгъэхэм и лъэпкъым и щытыкIэ нэсыр, и гурылъ-гурыщIэхэр къызэIуахмэ, ар шэч хэмылъу осетин тхакIуэщ».

Адыгэ щIэныгъэлIхэм а Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэри зэтехуэркъым, зыкъомкIэ зэщхьэщокI. Шэрджэс литературовед Хъупсырокъуэ Хъызыр, Джусойты Нафии ещхьу, япэ адыгэ просветителхэр лъэпкъ литературэм и тхыдэм хигъыхьэркъым, атIэ ар абы и пэм къыщыту къелъытэ. И лэжьыгъэхэм ящыщ зым а Iуэхум теухуауэ абы мыр щитхыгъащ: «19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэхэм урысыбзэкIэ е анэдэлъхубзэкIэ ятхауэ литературэм и тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр щыIэ щхьэкIэ, иджырей адыгэ художественнэ литературэхэр щызэфIэувар совет лъэхъэнэм и япэ илъэсхэрщ, 20-нэ гъэхэм я пэщIэдзэхэрщ».

Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм япэ узэщIакIуэхэр лъэпкъ литературэм щIыхамыгъыхьэм и щхьэусыгъуэр зы закъуэщ - ахэм хамэбзэ къызэрагъэсэбэпарщ. Ауэ ар апхуэдэу щытмэ, гурыIуэгъуащэкъым къэжэрыбзэкIэ тхэуэ щыта Низами Г. азербайджан  Джами А. таджик усакIуэ щIэхъуахэр, хэбгъэзыхьмэ, и тхыгъэхэм я нэхъыбэр урысыбзэкIэ зытха Хетагуров Коста осетин литературэм и лъабжьэр игъэтIылъауэ къыщIалъытэр. А щапхъэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, лъэхъэнэ пыухыкIахэм дэтхэнэ зы лъэпкъми къыхуохуэ хамэбзэм IэмалыншагъэкIэ ежэлIэн, и тхыбзэр щызэтеувэм, зыужьыныгъэ щIагъуэ щимыгъуэтам нэгъуэщIхэр дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн ищIын хуей щыхъу. ХэкIыпIэ гуэри зимыIэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ бэлыхьищэ ятелъу хамэбзэ зыщIрагъащIэри я лъэпкъым и гъащIэр къагъэлъэгъуэнырщ, ауэ абы щхьэкIэ ахэр лъэпкъ культурэм пэIэщIэ пщIыныр, хомыгъэхьэныр къезэгъыркъым, тэмэмкъым, абыхэми апхуэдэ нэмыплъ къалэжьыркъым, яхуэфащэкъым. Арагъэнущ иджырей адыгэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр зэдэарэзыуэ а гупсысэм и телъхьэ щIэхъуахэри, адыгэ литературэхэм я тхыдэм увыпIэ лъагэ абыхэм щIылъагъэсри, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курытхэм  абыхэм я художественнэ тхыгъэхэр щадж щIэхъуари.

Зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: