Беслъэнейр дунейпсо зэхьэзэхуэм макIуэ

Самбэ
Армавир къалэм щекIуэкIащ самбэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс I6 - I8 зи ныбжь щIалэгъуалэр.
Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэса Беслъэней Темырлан килограмм 58-рэ хъухэм я деж хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа, Пермь крайм щыщ Косякин Михаил IэпщэкIэ идзри, баллиплI къыфIихьащ икIи япэ увыпIэр иубыдащ.
И текIуэныгъэм и фIыщIэкIэ Беслъэнейм хагъэхьащ Урысейм и гуп къыхэхам, жэпуэгъуэм Къэзахъстаным щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну. ЩIалэщIэр и гъэсэнщ ПшынащIэ Мурат.

Атлетикэ псынщIэ
Губернаторым и кубокыр къехь
Краснодар крайм и Славянск-на-Кубани къалэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэ. А зэхьэзэхуэм нэхъ лъагэу дэлъеинымкIэ щызэпеуащ Урысейм и щIыналъэ I5-м икIа спортсмени I50-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ласицкене Марие метр I,98-кIэ дэлъейри, япэ увыпIэр къихьащ. ЕтIуанэ хъуащ Королёвэ Кристинэ (I,9I-рэ), Андрюхинэ Надеждэ (I,88-рэ) ещанэщ.
Атлетикэ псынщIэмкIэ къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр, «Урыс щIымахуэ» зыфIащар Москва къалэм мазаем и I0-м щекIуэкIынущ.

Художественнэ гимнастикэ

ТекIуахэр Москва ягъэкIуэнущ
Налшык щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм, Донецкэ, Луганскэ республикэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп къыхэхам ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къыщызэIуахым кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэм и щхьэгъусэ КIуэкIуэ Лианэ, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, ДНР-м художественнэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и президент Пушилинэ Иринэ сымэ.
Зэхьэзэхуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэ I7-м къикIа спортсмен 600-м нэблагъэ. Абы щытекIуахэр ягъэкIуэнущ мазаем и I2-м Москва щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм.
КъищынэмыщIауэ, а махуэм къызэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм художественнэ гимнастикэмкIэ и гуп къыхэха. Абы хэхуащ ди пщащэхэу Балъкъыз Камилэрэ Уэщро Даринэрэ.

Дзюдо

НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ
Кэнжэ дэт спорткомплексым щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс I5 иримыкъуахэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар гъатхэпэм и I3 – I4-хэм Налшык щекIуэкIыну, Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм щыщ спортсменхэм я зэныкъуэкъум хэтынухэр къыщыхах зэпеуэу щытащ.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Джэданэ Амырхъан, Унэж Темырлан, Срыкъуэ Ибрэхьим, Хъуран Къантемыр, Балъкъэр Темырлан, Елей Астемыр, Мусуков Алим, Гъэунэ Азнаур сымэ.
Къуэныкъуей Идар, Теммоев Алан, ПхытIыкI Ибрэхьим, Мэртазэ Алий, Ерчэн Тимур, Мэш Ансар, Урыс Сейфуллахь, Теувэжыкъуэ Къантемыр, Шэрыужь Айдамыр сымэ етIуанэщ.
Ещанэ хъуахэщ Биттиров Алихъан, Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Къудей Беслъэн, Дыкъынэ Анзор, Дэхъу Хьэмид, Мэкъуауэ Ансар, Шыгъэлыгъуэ Ахьмэд, Iэрыпщэ Iэдэм, Гъыдэ Андемыр, Гегиев Самир, ШэмпIарэ Сурен, Къуэшрокъуэ Идар, Тембот Алий, Къарэмызэ Къасбулэт, Чэрим Темырлан, Уэщхъун Аслъэн сымэ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: