Нартыху фо

Сабий рассказ

Дисэ къызэрыушу сенэ хуитышхуэм теувэрти, игу пэщыху къыщижыхьырт. Къыщамылъагъум деж сенэм и зыбгъукIэ екIуэкIыу тет кIэструл фIыцIэ - морафэ инхэмкIэ иунэтIырти, зырызыххэурэ я щхьэр трихырт. Абыхэм ярызт карамель зэхэткIухьар. Тыкуэным щащэну зыхунэмысар щабэу зэхэткIухьу зэрыхуежьэуэ, ар къыщIахырти, кIэструлышхуэхэм иралъхьэрт, иужькIэ яшэчыжу райпом ирагъэшэжыну. Дисэ ерагъкIэ щхьэтепIэр иригъэкIуэтэкIырти, абы илъыр зэпиплъыхьырт. Зэзэмызи абы щыщ нанэ къыхихыу шейм зэгъусэу щыдрафи щыIэт. ФIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъырт ар гуахъуэр ерагъыу фIэкIа зыхэмыхьэ карамелым и зэхэлъыкIэм. Мо плъыфэ куэду зэхэткIухьар щэкI къуэлэн дахащэм хуэдэу зэрызешэрт. Гуахъуэр щэху цIыкIуу къищтэрти, абы и щхьэщыгум ерагъыу иригъажэрт, иригъэжэху, тхыпхъэ щIэрыщIэ къэунэхуу.

Карамель удзыфэр губгъуэт, абы щIыхур къыбгъурыхутэнти, я псыхъуэрт. Дисэ нэхъ гугъу зыдехьыр карамель плъыжьым и къэлъыхъуэнырт. И нэ къикIырт удз гъэгъа гъуэжьхэри, плъыжьхэри, хужьхэри щызэщIэгъэгъа губгъуи щIигъужыну. И IитIыр пыдиикIарэ, мо жэз гуахъуэ хьэлъэр хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэу щысыху, мамэ е нанэ къыщIэкIырти, сурэтыр и ныкъуэм нэмысауэ щIашэжырт.

Махуэ гуэрым тыкуэным куэду къашащ банкI цIыкIухэм ярылъу нартыху форэ джырэфинэ быхъутIэшхуэхэм ярыт кхъужь компотрэ. Кхъужьыр зыкъуомрэ зэпиплъыхьащ Дисэ, лъащIэм щIэтIысыкIауэ илъыр къыхуэмыщIэу.

- Мыр махъыч жыхуаIэращ, жиIэри мамэ нэхъ гъунэгъуу къригъэлъэгъуащ. Ахэр щхьэ хъурей цIыкIу хъужауэ кхъужьыпсыр бгъэхъеймэ, зэрызехьэу къыдрихьейрт. Нартыху фом и къабзагъым ущызэкIэщIэплъырт, ар зэрыт банкIым и джабэм нартыху кIэчан цIыкIуитIыр нартыху тхъахуэкIэ я щхьэщыгум щызэпхыжауэ тегъэуат. Нартыху хадэр къыщрахьэлIэжым деж нанэ апхуэдэ зыкъом зэрипхырти, щыфIидзэрт гуэщым… ЩIымахуэ жьычым щхьэгъубжэм къыдэплъу ар щилъагъукIэ, и гур къигуфIыкIырт. ГъащIэм пызыщэ теплъэгъуэут ар къызэрыщыхъур. Ахэр абдеж фIэлъыху нанэ яIэнут, гъатхэри къэсынурэ, аргуэру нартыху хасэнут. Зыри хэмыщIу а псори зэрыIыгъын хуейт Дисэ дежкIэ.

Мамэ зэрыIукIыжу, нартыху фор зэрылъ банкIым и щхьэр тебэ къытехымкIэ ерагъыу къытрихащ, унэ щIыбагъымкIэ ирихьэкIри, ирикъуху ишхащ. Унэм щIихьами, хэтыт ар къыпэзыубыдынур… Ауэ зыми ямыщIэу сирень щIагъым щIигъэпщкIухьым нэхъ къищтащ - хуейм мащIэу, хуейм куэду ишхынщ.

ФомкIэ зигъэнщIа нэужь банкI цIыкIум и щхьэр трипIэжри, джэгуу ежьэжащ. Игу къыпылъэдэху ежэкIырти, аргуэру ишхырт. Абы щекIуэкIыр мэкIэ зыхищIа нэхъей, я хьэ Цоми щэхуу Дисэ и лъэмбым иту кIуэрт. Цомэ хьэ къаугъэншэт. Зэи банэртэкъым - пщIантIэ гъэдахэт абы нанэ зэреджэр. ЩIакхъуэ Iыхьэ пIыгъыу илъэгъуамэ, абы щыщ ептыху зэрыпкIэрыкIын щыIэтэкъым. Ауэ йомыткIи, адрей хьэхэм хуэдэу, къыпIэпыщIэпхъуэнутэкъым. Абы щхьэкIэ псоми фIыуэ ялъагъурт. Махуэ зытIущи дэкIарэ, фо банкIри и зэхуэдитIым нэсауэ, и адэ къуэшыр къыщIыхьащ.

- Мы сабийм щхьэ фыкIэлъымыплърэ, зи унагъуэрэ, жиIэри Дисэ и анэм мащIэу ехъурджэуащ ар.

- КIунэ макIуэри (ар арат Дисэ къызэреджэр) фор бжэмышхкIэ ешх. Ар къызэрыIукIыжу, Цомэу плъагъур щэхуу а банкI дыдэм йошхыхь. Дыгъуасэ лъандэрэ къызгурымыIуэу сакIэлъоплъ тIуми…

Мамэ ней-нейуэ Дисэ хуеплъэкIащ. ИтIанэ губжьауэ и Iэпэр иубыдри, чачэу шындэбзиймкIэ ирилъэфэкIащ. Фо банкI цIыкIур а здигъэува дыдэм деж кIэщIэтт. Ар къищтэжауэ мамэ къыздыIукIыжым и нэр техуащ тхьэрыкъуэф лъабжьэм зыгуэр зэрыкIэщIэтым. Тхьэмпэр иIэтмэ, щысхьыпэу зэрихьэ и туфлъэ хужь лъагитIыр къыщIощ, уэсэпси фIыуэ техарэ, гъущыжынуи хунэмысауэ. Ар зи IэщIагъэр Дисэтэкъым, и шыпхъу нэхъыщIэрт. Хадэ цIыкIум ирикъуху къыщрихуэкIырти, тхьэрыкъуэфым кIэщIигъэпщкIуэжырт. Диси и нэфI къыщыхуэмэ, зэзэмызэ къыщрит щыIэт, арат бзэгу щIимыхьыр. Иджы пэжыр яжриIэкIи, я фIэщ хъужынутэкъым. Дыгъужьым ишхари имышхари тохуэ, жыхуаIэрати, туфлъитри тралъхьауэ щIашэжащ Дисэ.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться:

Читать также: