ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыкIа IэщIагъэ

Дыщэидэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хэдыкIыкIэщ. Пасэм ар къызэрагъэсэбэпу щытар щыгъыныгъуэхэр зэрагъэщIэращIэ Iэмал къудейтэкъым, атIэ абы и тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэлъагъуэрт хэт сыт хуэдэ лIакъуэм щыщми. Апхуэдэуи, бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэм дыщэ IуданэкIэ лъэпкъ дамыгъэхэр хадыкIырт. Абыхэм гупсысэшхуэ ящIэлът, цIыхубэм ягъэлъапIэрт.

Дыщэидэ лIэужьыгъуэхэр куэд хъурт: нэшэкъашэ, хьэлыуэ IупщIэ (ромб), хьэлыуэ IупщIэ зэблэкI, нэ цIыкIу хэту хьэлыуэ IупщIэ, гудзищ зэгуэту, плIимэ зыхэт, кIыхь зэблэдз, щимэ зэгуэт хэту нэшэкъашэ, нэгъуэщIхэри.

Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ апхуэдэ IэпщIэлъэпщIагъэр хэхэс гъащIэми щахъумащ. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ, я нэхъ мащIэрамэ, адыгагъэр уи лъым хэтын хуейт. Апхуэдэхэщ Истамбыл щыпсэу ДыщэкIхэ Елмэсрэ Айшэрэ зэшыпхъуитIыр. Бзылъхугъэхэр ЮгославиекIэ зэджэу щыта къэралыгъуэм хиубыдэ Становыцэ къуажэм къыщалъхуащ. 1961 гъэ лъандэрэ Тыркум щопсэу, 1968 гъэм къыщыщIэдзауэ Истамбыл дэт Кавказ Щэнхабзэ Хасэм жыджэру хэтщ. Абыхэм дыщэидэ ящI, адыгэ фащэхэр, абыхэм екIун вакъэхэр яд. КъинэмыщIу, фащэхэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр, цIыхубз сумкэ, пыIэ, щIакIуэ - зэшыпхъуитIым я Iэпэм къыпыкI фIыгъуэр къебжэкIыгъуейщ.

Хэкур, лъэпкъыр, абы къыдекIуэкI щэнхабзэр зи псэм хэлъ бзылъхугъэхэм тхылъ щхьэхуи къыдагъэкIыжауэ щытащ.

Дыщэидэ лIэужьыгъуэхэм я гугъу пщIымэ, нэхъ гъэщIэгъэунхэм ящыщщ Iуданэтешэр зищIысым зыщыбгъэгъуэзэну. Пэжщ, ар кIуэдыжхэм ящыщщ. Ар уагъэм хуэдэу куэдым ирахьэлIэрт, уеблэмэ уагъэмрэ Iуданэтешэмрэ зы щыгъыным щыхалъхьи щыIэт. Iуданэтешэр зэфэзэщуи зэмыфэгъууи ящIырт. ЗрахьэлIэнум хуэфащэу, дыщэплъ е дыщэхум, Iуданэ фIыцIэ е плъыжь-фIыцIафэ зэхуэдиз-зэхуэдизу трашэрт. Iуданэтешэр зытепшэну бжьэхуц Iуданэр мыкъурэу, мылэрыгъуу, щабэу, лалэу джауэ щытын хуейщ. Iуданэ щабэм щытепшэкIэ, Iуданэтешэр нэхъыфIу нэхъ зэщыгуа мэхъу.

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщщ нэгъуэщI зы лIэужьыгъуи - джэдыкIэ хэдыкIыныр. Хэкур къабгынэу дуней хъурейм икъухьа щыхъуми, адыгэхэм яхъумащ мы хэдыкIыкI лIэужьыгъуэр. Ар блэкIа лIэщIыгъуэм и ныкъуэхэм къэсыху зэрахьэу къекIуэкIащ. ХьэгъуэлIыгъуэ хъуами, джэгу, нысашэ, гущэхэпхэ, лъэтеувэ, шыгъажэ щащIкIэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэм деж зэрызэныкъуэкъухэм хуэдэу, джэдыкIэр лъагапIэ гуэрым фIадзэрти, джэдыкIэм хэщIыхьа нэ фIыцIэм трагъэхуэну шабзэкIэ, фочкIэ, кIэрахъуэкIэ еуэрт, зэпеуэхэу. А хабзэр ноби адыгэм щыгъупщакъым, ауэ, тегъэхуапIэу (Iэщэ гъэунэхупIэу) ар зэрамыхьэжми, джэдыкIэ хэдыкIар гъэщIэрэщIэн Iуэхугъуэхэм къыщыбгъэсэбэп хъунущ, гукъинэ хьэпшыпу зыгуэрым урихуэупсэнуи фIыщ.

Щагъэ. Мыр кIапсэ пэлъытэу зэрахьэу щытащ, унагъуэр зыхуей, зыхуэныкъуэ псоми ирахьэлIэу. Псалъэм папщIэ, унагъуэм щызэрахъэхэр мэлыцым, бжэныцым, шыкIэм, чэтэным къыхащIыкIырт. Щыгъын гъэщIэрэщIэным ирахьэлIэ щагъэхэр шылэ Iуданэми, дыщэ Iуданэми, сыт хуэдэ данэ Iуданэми къыхащIыкIт; зэфэзэщуи, фэзэщымыщуи зэхалъхьэрти, кусэу, зэпрыдзу плIимэхэр хэту, теплъэ дахэхэр яIэу ящIырт, кхъуакIэ зыIуащIи щыIэт.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: