Пащтыхьыкъуэ Алий и Кавказ зекIуэр

Дызэрыт илъэсым ар илъэс 25-рэ ирокъу адыгэ мухьэжырхэм якIуа гъуэгуанэм кърикIуэжу, Иорданием щытепщэ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и лIыкIуэ, пащтыхь Хъусейн и къуэ Алий щауэ 50 щIыгъуу и хэкумрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ шу зекIуэкIэ зэпищIауэ зэрыщытам. 

 Кавказ Ищхъэрэм зекIуэ ежьэну мурад зэрищIу, Iуэхум жану зыхуигъэхьэзырын щIидзат Алий. Американ доллар 300 000 зи уасэ шыхэр къызэрырашэкIын гушхуэ иригъэщIащ. Мэстафэ Вячеслав Иорданием мазиплIкIэ щыпсэуащ, зекIуэм хэтыну шухэм фащэрэ вакъэрэ яхуиду. Дыжьыным къыхэщIыкIа Iэщэхэр зыщIар Адыгейм щыщ бзылъхугъэ IэпэIэсэ Еутых Iэсиятщ. Шыхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашу Иорданием зэрашам доллар 15000 текIуэдащ. Шу къэс гъуэгупщIэ къудейуэ доллар мин зырыз иратащ. 
 - Адыгэхэр тхыдэм игъэфIауэ пхужыIэнукъым, - жиIэрт пащтыхьыкъуэм. - Ауэ нобэ дунейм щызекIуэ демократием и хьэтыркIэ ди адэшхуэхэм яхузэфIэкIыу щымытам дытогушхуэф. И чэзу хъуащ адыгэхэм я щхьэ Iуэху зэрахуэжыну, тхыдэкIэ я хэкум ягъэзэжыныр зрагъэхъулIэфыну. Ди зекIуэм и мыхьэнэр сыт жыпIэмэ, мухьэжырхэм якIуа гъуэгуанэм дрикIуэжу, адыгэ гъащIэм къыщыхъун хуей зэхъуэкIыныгъэм щапхъэ дыхуэхъунырщ. Си пщэ дэслъхьэжа къалэным ипкъ иткIэ, ар япэ лъэбакъуэ къудейщ. ЕтIуанэ лъэбакъуэу адыгэхэм хэкум зэрихьэжыну визэхэр къыIахыныр псынщIэ ящыщIын хуейщ, хэкумрэ езыхэр щыпсэу щIыпIэмрэ зэпызыщIэ кхъухьлъатэхэр щыIэн хуейщ, гъуэгуанэ лей зэпамычу, нэгъуэщIыпIэ Iумыхьэу унэм кIуэжыфын хуэдэу. 
 Пащтыхьыкъуэм Кавказым хьэщIэу зыкъыщилъэтыжыркъым. 
- Си анэр Токъанхэ ящыщщ, адэмкIэ си анэшхуэр – убых лъэпкъым къыхэкIащ. 
 Абы дэщIыгъужыпхъэщ пащтыхь Хъусейн зыпIа бзылъхугъэри адыгэу зэрыщытар. Пащтыхьыкъуэм ибзыщIыркъым и зекIуэм щIалэгъуэм хуэщ романтикэ тIэкIуи щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъуар. ИтIанэ хуитыныгъэм хуэпабгъэ зэпыту зэрыщытри и хьэлхэм язщ. ЩыцIыкIум щыгъуэ, абы плъыр дзэлIхэм щIэх-щIэхыу зафIигъэпщкIуурэ закъригъэлъыхъуэжырт. Нэхъ ин хъуа нэужь, Инджылызым, Америкэм и закъуэ къыщынэурэ щыпсэурт, пащтыхь унагъуэм зэрыщыщыр ибзыщIу, цIыху къызэрыгуэкIыу псэуну Iэмал иIэн папщIэ. И закъуэ къэнэныр сыт щыгъуи фIэфIщ абы лъандэрэ. 
 Хуэмурэ ар дихьэхащ адыгэхэм закъригъэужьыжын гукъыдэжым. И гъусэу гъуэгу къытеува щIалэ псори шууейхэщ, пащтыхьым и плъырыдзэм щыщщ. Ауэ Алий-пащтыхьыкъуэм ахэр езым къыхуэпщылI гуэру къилъытэркъым:
- Дэ зы гуп зэрыIыгъым дыщыщщ, псори дызочэнджэщ. Сэ абыхэм сратепщэу щытми, езыхэм сыкъахъумэкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, сэри абыхэм зыри къазэрыщымыщIыным селIэлIэн хуейщ. 
Гъуэгур къызэрыхахам щытепсэлъыхькIэ, щIалэм жеIэ:
- Дэ гъуэгугъэлъагъуэ диIакъым, гъуэгури дубзыхуатэкъым дыкъежьэн ипэ. Дегупсысурэ дыкърикIуащ, дэнэкIэ дгъэшмэ нэхъыфI хъуну пIэрэ жытIэурэ. 
 Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым гупыр турист хэщIапIэм къыщыувыIат. Пщыхьэщхьэм зыгуэрым, Iэдииху и чэщанэм и лъэныкъуэкIэ плъэуэрэ, цIыхубзыцIэм къикIымрэ абы епха хъыбарымрэ пащтыхьыкъуэм жриIэжыну мурад ищIащ. Псэлъэн иригъэухри, Алий абы иджыри хъыбаритI худыщIигъуащ Iэдииху теухуауэ. Пщэдджыжьым пащтыхьыкъуэр и закъуэ чэщанэм бгъэдыхьащ. Таурыхъыр гъащIэм щыхуэкIуэж щапхъэхэм яз къыщIэкIынт ари.
 Илъэс 24-рэ фIэкIа мыхъуа пащтыхьыкъуэм щIыпIэ дахэ куэд зригъэлъагъуну хунэсат зекIуэм къежьэн ипэкIэ. 
- Ауэ мы щIыналъэм хуэдэу сызыщIэзышэ щыIэтэкъым, - жиIэрт абы. - Си фIэщ хъуркъым езы адыгэхэм я щIыпIэм и дахагъэмрэ и уасэмрэ нэсу къагурыIуэу. 
- Иджыри укъытхыхьэну уи мурад? – жаIэри къоупщI Алий-пащтыхьыкъуэм бысымхэр. «НтIэ», - къарет жэуап иджы инджылызыбзэкIэ. Ауэ и жыIэкIэм къикIыр нэгъуэщIщ: «Абы шэч къытефхьэрэ?» 
 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: