Уеджэнумэ, Налшыки - Александриещ

 Александрие къалэм дэта библиотекэшхуэм щIэлъа Iэрытххэр хъалиф Умар и унафэкIэ ягъэсауэ жызыIэ хъыбарым лIэщIыгъуэ бжыгъэ и ныбжьщ. Пэжрэ пцIырэ зэхамыгъэкIауэ, ар пасэрейхэми иджырейхэми ислъамыр ягъэпудыну щыхуейм деж, уигу къагъэкIыж, муслъымэнхэр щIэныгъэм зэрыхуэхейм и щыхьэт хуэдэу.
 Пэжу пIэрэ-тIэ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и уэсятым щIэт, «гущэмрэ мащэмрэ и зэхуакум фыдэтыху, щIэныгъэ фылъыхъуэ» зыжраIа муслъымэнхэм Александрие дэта библиотекэ абрагъуэр ягъэсауэ? XIX лIэщIыгъуэм Инджылызым IэщIэлъ Индием щыщ Нухьманий Шибли (1857-1914) къалэн зыхуигъэувыжат абы и пэжыпIэр зэхигъэкIыну. «Александрие библиотекэм и тхылъхэм ятеухуа къэхутэныгъэ» зыфIища лэжьыгъэм чыристанхэмрэ муслъымэнхэмрэ я зэхуакум дэмыкI а зэдауэм кIэ щритыну хуейт Нухьманий. 1898 гъэм урду бзэкIэ къыдэкIа абы и лэжьыгъэр 1900 гъэм инджылызыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Хъыбарым икIуа лъэбакъуэ къэс кIэлъыплъурэ, къэхутакIуэм зэхигъэкIащ библиотекэ гъэсыныр ипэжыпIэкIэ фIы зигу имылъ чыристан духьэшыхэм ислъамыр ягъэулъиин щхьэкIэ къагупсыса защIэу зэрыщытыр.
 Александрие къалэр а лъэхъэнэм дунейпсо зэрыпхъуакIуэу щыта Византием и нэIэ щIэт Мысырым и щыхьэрт. И цIэр зэпхар къалэр къызэзыгъэпэща Македонский Александрщ. Хъалиф Умар и муслъымэныдзэм щыщ дзэзешэ Ас и къуэ Амрт 641 гъэм Александрие кхъухь тедзапIэр зыубыдар. АдэкIэ дызытепсэлъыхьынур Филадельф Птолемей жыхуаIэ пащтыхьым и лъэхъэнэм зэрагъэпэща, щIэныгъэ хэщIапIэу щыта Iэрытх лъапIэхэр зыщIэлъ тхылъ хъумапIэрщ.
 И зэманыгъуэм Iэрытх мин 400 щIэлъауэ жаIэ а библиотекэм. Иджырей тхылъ мини 100-м хуокIуэ а бжыгъэр. Копие зэрамыIэм къыхэкIыу, ахэр ягъэса нэужь, псори кIуэдыжыпащ.
 Зэхалъхьа шыпсэм ипкъ иткIэ, Александрием дыхьа дзэзешэ Ас и къуэ Амр хъалифым упщIэ хуигъэхьат, сыт етщIэнур тхылъ хъумапIэм жиIэри. «А тхылъхэр КъурIэным техуэмэ, лейщ, темыхуэмэ – дызыхуэмейщ», - жиIа нэужь, Ас и къуэ Амр тхылъхэр мазихым и кIуэцIкIэ иригъэгъэса хуэдэу жаIэ.
 Нухьманий зэхигъэкIыну зыхуейр зы Iуэхут: пэж дыдэу, муслъымэнхэрауэ пIэрэ библиотекэр зэрагъэсамкIэ къуаншэр? КъэхутакIуэм тегъэщIапIэ ищIащ къуэкIыпIэ щIэныгъэлI Люис Бернард (1916 - 2018), инджылыз тхыдэдж Гиббон Эдвард (1737 - 1794) сымэ я лэжьыгъэхэр. А тIуми нэгъуэщIхэми зэрыжаIэмкIэ, мысыр библиотекэр зыIэщIэкIуэдэжар апхуэдэ щIыкIэу мажусиигъэм ебгъэрыкIуэу къызыфIэщIа чыристан фанатикхэрщ.
 Нухьманий и лэжьыгъэ напэк1уэц1 48-м нэсым хъалиф Умар тралъхьэ пцIыр щыкIэрихыжащ, абы и дзэзешэхэри иухеящ,  къуаншэр Византием щыпсэуа урымхэмрэ алыджхэмрэу зэрыщытри къыщIигъэщащ.
 Александрием дэта библиотекэм и закъуэкъым ипэжыпIэкIэ тхыдэм щыхэкIуэдар. Сыту пIэрэ а къалэм дэтар щIыхаубыдыкIар? – зэупщIыжырт Нухьманий. Жэуапу къыхуэгъуэтари зыщ: щэнхабзэ зэпэщIэтхэр щызэжьэхэуа а щIыпIэр ислъамыр ирибгъэпудыну Iэмал тынш дыдэт. Тхылъхэр зыIэщIэкIуэдэжар хъийм икIа чыристан ерыщхэрати, а напэтехыр зыщхьэщахын папщIэ, къэхъукъащIэр лъэпкъ щхьэхуэ гуэрым, псалъэм папщIэ, муслъымэныдзэм яIэщIэщIа хуэдэу ягъэIуащ. Хэт дежт хъыбарыпцIыр къыщежьэр?
 Япэ дыдэ Умар зыгъэкъуэншэн щIэзыдзар Абуль Фэррадж, е Абульфарагъий (1226 - 1286) цIэмкIэ тхыдэм къыхэна, Сирием щыщ православ члисэм и щихънагъырщ. Абы хьэрыпыбзэкIэ итха лэжьыгъэр 1664 гъэм Оксфордым и хьэрыпыбзэ къудамэм щылажьэ инджылыз щихънагъ Покок Эдвард латиныбзэкIэ зэридзэкIащ. Нухьманий къызэрихутамкIэ, Абульфарагъий и тхыгъэмрэ абы и латин зэдзэкIыгъэмрэ зэтехуэркъым. Абы къикIращи, хъалиф Умар теухуа пцIыр абы кIэщIатхэжауэ, щызэрадзэкIым хагъэзэгъауэ аращ. А латиныбзэ лIэужьыгъуэращ муслъымэнхэм пцIы щытралъхьари зэбграгъэкIари.
 Гиббон Эдвард зэрыжиIэмкIэ, Абульфарагъий и пэ зыми зэрипхакъым мысыр библиотекэмрэ муслъымэнхэмрэ. КъуэкIыпIэм щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэу Iэл-Макризий, Ибн Хъэлдун, Челеби Эвлия сымэ зы псалъэкIи тепсэлъыхьыркъым а Iуэхум. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр пцIыр къыщежьа Абульфарагъий и тхыгъэм и хьэрып лIэужьыгъуэми ар зэрыхэмытыххэрщ. «Тхыгъэр латиныбзэкIэ зэзыдзэкIа профессор Покок муслъымэнхэм пцIы щытралъхьэ тхыгъэхэмкIэ Iэзэу щытауэ къаIуэтэж», - етх Гиббон Эдвард.
 Мысырым щыпсэуахэми, а лъэхъэнэр зи зэманыгъуэу щытахэм ягу къинэжакъым хъалиф Умар апхуэдэ лей зэрихьауэ.
 ЩIэныгъэм хэзыгъэкIыжа муслъымэнхэм яхуэшхыдэм ещхьу, ди зэманми мы пцIыр ди нэм къыщIэзыIухэр куэд мэхъу. Тхылъ зэджэнкъым абыхэм ямыгъуэтыр, ислъамым щIепэгэкIын щхьэусыгъуэщ. «Александрие библиотекэр умыгъейуэ, уи Iэр зылъэIэс тхылъым еджэ», - яжеIапхъэт а «щIэныгъэщIэкъухэм». Библиотекэр зыгъэсар чыристанми муслъымэнми, ищIар щIагъуэкъым. Ауэ ар зы щэнхабзэр адрейм щIыпэщIэбгъэувэн щхьэусыгъуи акъыли ирикъуркъым.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: