Адыгэ ныпым и къарур ди нэгу щIокI

Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» тхылъым абы къыщиIуэта гупсысэхэм тетхыхьащ адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Асфар.
А гукъэкIыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьу, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъырцыз СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа бэракъ дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ бэракъыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».
Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ бэракъым щIэлъ гупсысэ куум улъэIэсын папщIэ, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.
Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэракъым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди эрэм и пэкIэ минитI гъэхэм щыIа Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX лIэщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ бэракъыр. Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.
УпщIэ къоув: дауэ XIX лIэщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX лIэщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар». КъищынэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт дамыгъэхэр.
Лъэпкъ псом къызэдащтауи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къанэр адыгэхэм1830 гъэм къаIэта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щIэува ныпращ. Ноби адыгэхэм къытпэщылъщ дызэкъуэувэн зэрыхуей къалэнышхуэр. Аращ вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэ зэблэдзаищрэ зытет бэракъ удзыфэм и пщIэр ди зэманми щIэиныр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм Адыгэ ныпым и махуэр щаIэт. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, шхапIэхэм, щыгъынхэм, сыхьэтхэм, нэгъуэщI куэдми къыкIэрыщу. 
Иужьрей лъэхъэнэм абы и мыхьэнэр нэхъ кууужу зыхыдегъащIэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм я фащэхэмрэ пыIэхэмрэ зэрытедам. Лъэпкъ напэр яхъумэу, хэку щхьэхуитыныгъэм щIэбэну, цIыхущхьэр кърагъэлу зауэ губгъуэм ит щIалэхэм къару къахелъхьэ адыгэ ныпым, псэзэпылъхьэпIэ итми, цIыхупсэр трегъэгушхуэ, щыпсэу хэгъэгу емылъытауэ, адыгэр зэкъуегъэувэ. Ныпыр щэкI кIапэ къудейкъым, лъэпкъыр къызэрацIыху дамыгъэм и закъуэкъым, атIэ адыгэлIым и хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ дэзыIыгъ къару нэрымылъагъу лъэщу зэрыщытыр нобэ ди нэгу щIокI. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: