АдыгэбзэкIэ уэрэд жиIэн фIэфIщ

Маргъущ Тамерлан Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщщ. ЩIалэ жыджэр цIыкIур республикэм щекIуэкI Iуэхухэм хэту куэдрэ щыдолъагъу: уэрэд жиIэу, хъуэхъу иIэту, къафэу. Ар Щхьэлыкъуэ дэт езанэ курыт школым и ещанэ классым щIэсщ, «тху» защIэкIэ соджэ. И егъэджакIуэр Жэрыщты Жаннэщ. ЗэрыжиIэмкIи, абы и фIыгъэщ еджэныр фIыуэ зэрилъэгъуар. Тамерлан псом япэ ирегъэщ адыгэбзэр - анэдэлъхубзэмкIэ еджэнри тхэнри зэи къегугъуэкIыркъым. Игу ирохь математикэр, инджылызыбзэр. 
 
Тамерлан и хъуэпсапIэщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ хъуну. 
-Утыкушхуэ ситу си нэгу къыщIызогъэхьэ. УэрэджыIакIуэ сыхъуну сыхуейщ! Иджыри сыхуейщ IэфIыкIэ щащI заводышхуэ сухуэну. Си мурад псори къызэхъулIэн щхьэкIэ, псом япэ фIыуэ седжэн хуейщ, – жеIэ абы. 
ИлъэситI зэрыхъурэ къэфэну, уэрэдым дежьууну зищIырт щIалэ цIыкIум. И адэ-анэм абы гу лъатэри, трагъэгушхуэурэ, фIыуэ ирагъэлъэгъуащ уэрэд жыIэныр. И адэри щышколакIуэм уэрэд жыIэным дихьэхыу щытащ, зэпеуэхэм хэту, школым щекIуэкI пшыхьхэри игъэдахэу. Абы и лъэужьым ирикIуэжауэ жыпIэ хъунущ Тамерлани. Ар куэдрэ зэпеуэхэм хэтщ, куэдри текIуэныгъэхэр къехь. 
- Сэ нэхъри лъэщ сащIу къысщохъу текIуэныгъэхэм – иджыри нэхъыбэ сщIэну сыхуей мэхъу. Макъамэ пшыхьхэм срагъэблагъэри, сфIэфIу сыхэтщ. Адыгэ уэрэдыжьхэр жызоIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи согъэзащIэ уэрэдхэр. Сэ езым си уэрэдхэри сиIэщ. Жабо Замирэ схуитхащ «Адыгэ джэгу» уэрэдыр. ЕтIуанэр - «Адэ-анэ» уэрэдыр - Бэвыкъуэ ФатIимэ схуитхащ, псом нэхърэ нэхъыфIу слъагъур аращ. Ещанэр жыIэн зэрыщIэздзэрэ куэд щIакъым. Ар Лъашэ Альберт итхат, Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Сэ тыгъэ къысхуищIащ, макъамэмкIэ си егъэджакIуэр къыздэIэпыкъуурэ уэрэдыр къэдгъэIуащ, - жеIэ щIалэ цIыкIум. 
Маргъущыр макъамэ студием макIуэ, илъэсищ хъуащ уэрэджыIакIуэ ДыщэкI Артур къызэрыдэлажьэрэ. Езыми и макъыр нэхъ къызэрыкIащ, уэрэд жыIэным, утыку итыкIэм нэхъ тегушхуащ. 
Ди республикэм ис уэрэджыIакIуэхэм ящыщу псом япэу щапхъэ хуохъу Нэхущ Чэрим. 
- Къысщохъу уэрэд жыIэным гу хуэзыщIу хъуам Чэрим я щапхъэу, абы ещхь хъуну ехъуапсэу. СызэрыцIыкIунитIэрэ Нэхущ Чэрим и уэрэдхэм содаIуэ, ахэр гукIэ сощIэ, и пшыхьхэм сыкIуа нэужь, си Iэпэр иубыдырт утыкум сришэрти, сызыдригъэжьурт, икIэми дахэу къызэхъуэхъужырт. Апхуэдэхэм деж си гур хэхъуэрт, сылъэтэн сфIэщу. Сэри сыщIохъуэпс Нэхущ Чэрим хуэдэу цIыхухэм фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэ нэс сыхъуну, – жеIэ Тамерлан. 
Маргъущым фIэфIщ адыгэбзэкIэ усэ къеджэни. ИлъэсиплI щыхъум, Нало Заур «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» и усэр зригъащIэри, и анэм зэпеуэ гуэрым хигъэхьат. «Литературный Старт-Ап»-м Гран-при къыщихьауэ щытащ усэ къеджэнкIэ. Усэ куэд, хъуэхъу зыбжанэ гукIэ ещIэ. Абыхэм папщIэ къратащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъхэр. 
- ЦIыхум и анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу ищIэн щIыхуейр сыт ? – деупщIат Тамерлан.
- Анэхэм къытIуралъхьэри, дропсалъэри, дризэгуроIуэри… ИтIанэ, нэхъыжьхэм куэдрэ жаIэу зэхызох лъэпкъым и псэр и бзэр арауэ. Абы щхьэкIи тхъумэн хуейщ ди бзэр. АдыгэбзэкIэ дыпсалъэмэ, усэхэмрэ уэрэдхэмрэ жытIэмэ, дыщIэрэщIэну къысщохъу, - жиIащ сабий Iущым. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: