Карл Ещанэр и къалэным пэрыувакIэщ

Елизаветэ ЕтIуанэр илъэс 60 щрикъуам щыгъуэ хуащIа гуимэ щIэращIэм ист джэдыгу хужь зырыз зытеубгъуа Карлрэ абы и щхьэгъусэ Камиллэрэ. Пащтыхьым и ужь итт и къуэ нэхъыжь Уильям, абы и щхьэгъусэ Кэтрин, абыхэм я бынищыр, дэтхэнэ зыри нэм къыфIэмынэнкIэ Iэмал имыIэу, екIуу хуэпауэ.

Уильям ипхъу, илъэсихым ит Шарлоттэрэ илъэсищ фIэкIа мыхъу и щIалэ нэхъыщIэ Луирэ я Iэпэхэр зэрыIыгъыу адэ-анэм я ужь итт. Илъэси 9-м ит Джордж и къалэныр нэхъ лъапIэт: ар и адэшхуэм и джэдыгу кIапэр щIэзыIэтэ щIалэ цIыкIуищым язт. Хъыджэбз цIыкIуми абы и анэми абджыпсымрэ дыжьын Iуданэхэмрэ къыхэщIыкIа щхьэцфIэлъхьэ зэхэухуэна ящхьэрыгът. ТIуми ящыгъ бостей хужьхэм я щIыIу теубгъуэн зырыз къытелъыжт: Шарлоттэ ейр хужьт, Кэтрин ейр Инджылызым и нып зэхэлъыкIэр уигу къэзыгъэкI щэкIым къыхэщIыкIат.

Америкэм къикIыжа пащтыхьыкъуэ Гарри и закъуэт. ЗэрыжаIэмкIэ, пащтыхьым тажыр щхьэритIэгъэным ехьэлIа Iуэхухэр абы и къуэ Арчи къыщалъхуа махуэм техуащ икIи нысащIэм ар щхьэусыгъуэ ищIри, Лондон къэкIуакъым.

Мыпхуэдэ дауэдапщэхэм нэхъыщхьэу хэтыр IэнатIэм пэрыувэмрэ абы еувалIэхэмрэ зэIэпах тхьэрыIуэхэрщ. Вестминстер тхьэелъэIупIэм нэса нэужь, Карл Ещанэм и хьэщIэ мини 2-м я пащхьэ иту тхьэ иIуащ чыристан диным тету унафэр зэрызэрихьэнумкIэ, хуэфэщэн тхьэлъэIури къибжащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр Карл иджыри Чарльзу щыщытам щыгъуэ, щэхуу муслъымэн диным ихьауэ зэрагъэхъыбарырщ. Щыхьэту къэувахэри зи псалъэр жьым хэзыпхъэ цIыхухэм ящыщкъым. БгъущI гъэхэм тхыгъэ зыбжанэ дунейм къытехьауэ щытащ, ар наIуэу щыжамыIэпэми, уигу къагъэкIыу. Лагъым къагъэуам ещхьут утыку къызэрырахьар «Букингем сэрейм щIэс муслъымэнхэр», «Хьэрып пащтыхьыкъуэ Чарльз» тхыгъэхэр. Ахэр тепсэлъыхьырт пащтыхь гуащэ Елизаветэ и лъэпкъ жыгыр Мухьэмэд ЛIыкIуэ лъапIэм и къуэпсым зэрекIуэлIэжым. ЗэрыжаIэмкIэ, лъэпкъым я къежьапIэр пасэ зэманым муслъымэнхэм яIыгъа Испаниерщ. Хъыбарыр пэжу гурыщхъуэ уэзыгъэщIхэм хохьэ Карл «пащтыхьыкъуэ Хъусейн» цIэр зэрыкIэрыпщIари, утыку ихьэгъуэ щIагъуэ къэмынэу, ислъам хабзэр цIыхубэ гъащIэм хуэщхьэпэнкIэ гугъэшхуэ уигъэщIу зэрыжиIэ зэпытри.

Нэм нэхъ къыфIэнэу дауэдапщэм къыщыхъуахэм язщ Карл и щхьэм пащтыхь тажыр зэрыщхьэрагъэсар. Мывэ лъапIэ 400 зыхэгъэпщIа «Эдуард лъапIэм и тажыр» илъэс 360-рэ ипэкIэ дыщэ зэфэзэщым къыхащIыкIауэ щытащ. Инджылызым и дэтхэнэ пащтыхьми ар псэуху зэ закъуэ, мис мыпхуэдэ тхьэрыIуэгъуэм щыщхьэретIагъэ.

Камиллэ щхьэратIэгъар 1911 гъэм Карл и анэшхуэм и анэм щхьэкIэ ящIауэ щыта гуащэ тажырщ. Камиллэ пащтыхьыгъуэр хуэзымыгъэфащэ цIыху минхэр къыдыхьат инджылыз уэрамхэм, уеблэмэ цIыху 52-м нэс ягъэтIысауэ жаIэ. Езы Карл Ещанэр зыгуэру ягу трагъахуэми, абы и щхьэгъусэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъуркъым. Iуэхум и пэжыпIэр нобэми зэрымынаIуэм хуэдэу, цIыхубэм я гупсэу щыта, пащтыхьым и япэ щхьэгъусэ, и къуитIым я анэ Дианэ пасэу дунейм зэрехыжамкIэ ягъэкъуаншэ Карлрэ Камиллэрэ. Дианэ зыхэкIуэда гъуэгу гузэвэгъуэр къыщыхъуар зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкIыжа нэужьт, итIани, фIыкIэ ягу къинэжа цIыхубзым къыщыщIар иджы зи хьэмтетыгъуэхэм ирапх. Арагъэнщ нэр зытепщIыпщIыкI дауэдапщэр мащIэу хуэнэщхъейуэ къыщIыпфIэщIар. Шур зэрытесым хуэдэу, зыш яхуэмыубыду, гъуэгум щеувэкIа цIыхухэм яхэлъэдат. КъинэмыщIауэ, зыми къыгурыIуакъым напIэзыпIэм къыкъуэхуу, фIыцIэу хуэпа шынагъуэ гуэр нэхум хэту зэрыблэжари.

И ныбжьыр зэрыхэкIуэтам къыхэкIыу, псори щыгугъырт Карл Ещанэм пащтыхьыгъуэр зи къару илъыгъуэ и къуэ Уильям лъигъэсу, езыр текIуэтыну. ЩIалэ нэхъыжьымрэ абы и щхьэгъусэ Миддлтон Кэтринрэ фIыуэ ялъагъу цIыхухэм. Кейт щыцIыкIум Иорданием илъэсищкIэ щыпсэуащ, и адэр абы щылажьэрти. ЗэрыщIыкIафIэр къуэкIыпIэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэм ирапх. Хьэлыншагъи, псынщIагъи, емыкIуи зэи далъэгъуакъым. И сабийхэм яхилъхьэ гъэсэныгъэри абы и щыхьэтщ.

Зи гугъу тщIы дауэдапщэм къызэригъэувым тету, Уильям-пащтыхьыкъуэр и адэм бгъэдыхьэри, тхьэ иIуащ: «Сэ, Уэльсым и пащтыхьыкъуэ Уильям, узгъэпэжыну тхьэ соIуэ, дунеягъэми ахърэтми сыщыуипщылIщ, Тхьэр къыздэIэпыкъуну сыщогугъ!» «1эмин. Упсэу, Уильям!» - гуапэу къыжриIэжащ пащтыхьым, хабзэм текIуэтри.

И щхьэм джэдыкIэхэр къыщраутIыпщ къыхэхуэу, Карл жагъуэгъу и куэду щытми, цIыху вэгъзэгъыу фэ тетщ. Мазаем Камиллэ и гъусэу Карл Лондон дэт мэжджыт гуэрым щIыхьати, и вакъэр лъиха нэужь, и лъэпэдыр гъуанэу къызэрыщIэкIам дуней хъурейр тепсэлъыхьат. Тхылъ зыбжанэ итхауэ, щIэныгъэ куу бгъэдэлъу жаIэ Карл, и утыку ихьэкIэхэри губзыгъэу зэгъэзэхуащ.

ТхьэрыIуэкIэ Карл бгъэдэуващ нобэми Инджылызым и унафэм щIэт къэрал 15-р. Ямайкэм щхьэхуэ зищIыну зэрыхуейр къигъэнэIуащ. Уэльсымрэ Шотландиемрэ гуэкIыну хуейщ, арщхьэкIэ яутIыпщыныфэкъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: