Мэкъуауэхэ я щIэблэр

Щапхъэ

Къэралым, республикэм я къэкIуэнур зыхуэдэнур зэлъытэжар къыдэкIуэтей щIэблэрщ. Апхуэдэ гупсысэм тепщIыхьмэ, Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм щыщ Мэкъуауэхэ Беслъэнрэ Марьянэрэ я бынхэр - Сэтэней, Юлианэ, СулътIан - щIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэмрэ дэзыхьэх Iуэхугъуэхэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.

Анзорей къуажэм и №2-нэ курыт еджапIэм екIуалIэ зэдэлъхузэшыпхъухэр фIыуэ зэреджэм къыдэкIуэу, гупжьей куэдым зэрекIуалIэр, зэхьэзэхуэ куэдым я зэфIэкIхэр зэрыщагъэлъапIэр узэрыгушхуэнщ. Анзорей къуажэм нэгъабэ къыщызэIуаха ГъуазджэхэмкIэ сабий школым яфIэфIу цIыкIухэр йокIуалIэ. Сабийхэр абы сурэт щIыным щыхуэзыгъасэр Пэрыт Iэсиятщ. КъыжыIапхъэщ, а еджапIэм и щIыхьэпIэм фIэлъ «Сосрыкъуэ мывэм и къуэщ» сурэтыр Юлианэ зэрищIар.

Урысейм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм я цIыхубэ сурэтыщI, скульптор цIэрыIуэ Шемякин Михаил и цIэкIэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ Налшык къыщызэрагъэпэща «Шемякиным и гъатхэ» фестивалым мызэ-мытIэу я зэфIэкI щеплъыжащ икIи япэ увыпIэхэр къыщахьащ Сэтэнейрэ Юлианэрэ. Шемякиным и зэпеуэм Юлианэ иригъэхьа и лэжьыгъэр абы нэхъыфIу къыщалъытам и мызакъуэу, ар хагъэхьащ Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэща выставкэм.

Зэшыпхъухэр фортепианэм, уэрэд жыIэным, хэдыкIым, декоративно-прикладной гъуазджэм, хьэпIацIэ щыгъэ зэIущэным, сурэт щIыным, шахматым, баскетболым, журналист IэщIагъэм дахьэххэр. Псом хуэмыдэу хьэпIацIэ щыгъэ зэIущэныр зыхалъхьэ щыIэкъым. Абы хуэзыгъасэр Атэлыкъхэ Залинэрэ Мадинэрэщ. Сэтэней армеец ныбжьыщIэхэм я гупым хэтщ. СулътIан шахматым, футболым, Iэпщэрыбанэм, кикбоксингым дахьэх. ЩIэщ Арсенщ кикбоксингым дезыгъэхьэхар. Шахматым хуэзыгъасэр Елджырокъуэ Арсенщ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм щэбэт-тхьэмахуэ махуэхэм лъэпкъ къафэхэм зыхуагъасэ. ЦIыкIухэм я анэдэлъхубзэр зэрагъэбзэрабзэми гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Махуэшхуэ зэхыхьэхэм деж гъэхуауэ адыгэбзэкIэ усэ къызэреджэр, «Родные языки народов России» Iуэхум, Адыгэ диктант зытхахэм зэрахэтар уасэншэщ!

Мэкъуауэ зэдэлъхузэшыпхъухэр зэрыщапхъэм и щыхьэтщ курыт еджапIэм нэхъыфIу щеджэхэм я сурэт къыфIадзахэм щым ейри зэрыхэтым. Зэпеуэ куэдым я зэфIэкI щеплъыжащ икIи мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ ахэр. Я ехъулIэныгъэхэм къыпэкIуа щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ хуэсакъыу зэрахьэ икIи абыхэм я бжыгъэм зэрыхагъэхъуэным ерыщу хуокIуэ цIыкIухэр.

Я ныбжьми емылъытауэ, зыхуеджэну IэщIагъэр къызэрыхахар зэпеуэу жаIэ цIыкIухэм. Сэтэней - дохутыр, СулътIан - дзэ дохутыр хъуну щIохъуэпсхэр. Юлианэ иджыри зэкIэ мэгупсысэ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм я зэфIэкIым хагъахъуэу, я анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу, я Iыхьлыхэр ягъэгушхуэу адэкIи гъащIэм и дэкIуеипIэхэм ирикIуэну ди гуапэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: