Гъэмахуэщ - фысакъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, гъэмахуэ лъэхъэнэм мэятэ цIыхум зэран хуэхъу «Salmonella» бактерие лIэужьыгъуэр. Ахэр хабжэ цIыхум сальмонеллез уз зэрыцIалэр къахуэзыхь микроорганизмэ зэранхэм. Ар зыпкърытхэр плъыржьэр (градус 4I-м нэсу) къохъу, гуIейщхьэIейщ.
Сальмонеллэр яхуэлъэщ бдзэжьейм, былымылым, гъэшым, хым къыхах ерыскъыхэкIхэм, джэдыкIэм, майонезхэм, соусхэм, гъэшкIэ ягъэIэфI хадэхэкI зэхэупщIэтахэм.
Псом хуэмыдэу сакъыпхъэщ Iэщыр зыукIхэр: ахэр щыIэбэ щIыпIэхэм къабзагъэ мардэ ткIийхэр щызекIуэн хуейщ, езыхэми ахэр зэрыIэбэ Iэмэпсымэхэми ехьэлIауэ. А бактерийр ерыскъыхэкIхэм зэман кIыхькIэ щыпсэуфынущ, щIыIалъэхэм яIыгъын хуей щIыIагъым зэрытекIыу псынщIэу мэбагъуэ. Псом нэхъ гу зылъытапхъэр апхуэдэ ерыскъы зэкIуэкIахэм я теплъэкIи, я IэфIагъкIи, я мэкIи гу лъыптэн хуэдэу зэхъуэкIыныгъэшхуэ щамыгъуэт къызэрыхъурщ.
Сальмонеллезым зыщыфхъумэн папщIэ, Iэмал зэриIэкIэ, тыкуэн гъунэгъухэм фыщыщахуэ, лымрэ гъэшымрэ унэм нэфхьэсыху зыри къащымыщIын хуэдэу икIи занщIэу щIыIалъэм дэфлъхьэ.
Гъуэгу фыщытехьэкIэ сумкIэ-щIыIалъэ фIыгъмэ нэхъыфIщ.
Фыхуэсакъ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр щапщэфI шхапIэхэм, сатущIапIэхэм къревгъэш шхын хьэзырхэм. 
 
 Уахуэбэлэрыгъ хъунукъым
Урысейм и «Мэкъумэшцентр» IуэхущIапIэм и къудамэу Къэбэрдей - Балъкъэрым щыIэм и щIэныгъэлIхэм иджыпсту къапщытэ уэлбанэрилэу екIуэкIа иужьрей мазитIым бжьыхьэсэ гъавэм игъуэта щытыкIэр. Уэлбанэ кIыхьым къыдокIуэ гъавэм зэранышхуэ хуэхъу фузариоз узыфэр икIи абы зыщиубгъур щхьэмыжхэм зыкъыщызэIуах лъэхъэнэрщ: ахэр мэуфIыцI, Iэм къыкIэрыпщIэу, пкъыгъуэ тыкъыр гъуэжь-фIыцIафэхэри къыдедз.
Фузариозыр зэфыкIа щхьэмыжхэм, жылапхъэу уащIыщыгугъын щымыIэу, къарууншэ мэхъу, фэншэщ. Узыр къэзыгъэхъей микроорганизмэхэм къагъэщI микотоксинхэм я зы мащIэри зэран зыхуэхъуа гъавэр цIыхуми псэущхьэхэми яIухуэ хъунукъым. Апхуэдэ щытыкIэм гъавэр нэмысын папщIэ хьэсэхэм иджыпсту йолэжь фунгицид пкъыгъуэхэмкIэ, шэч къызытрахьэ щхьэмыжхэр «Мэкъумэшцентрым» и лабораторием къыщегъэпщытэн хуейщ.
 
 
Пластикым ит псыр зэран?
Псы дызэфэр пластикым къыхэщIыкIа птулъкIэхэм иту къыдощэху - ар цIыхумкIэ зэран?
А упщIэм жэуап кърет «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» IуэхущIапIэм химиемрэ токсикологиемкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Сюзаннэ.
- Пэжыр жытIэмэ, дыщIэгузэвэн а Iуэхум хэлъкъым. Ар цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъуу щытамэ, куэд щIауэ зэрахъуэкIынут. Пластик лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм канцерогеннэ пкъыгъуэхэр хэлъу гурыщхъуэ зыщIхэри щыIэщ, арщхьэкIэ абы щыхьэт техъуэ гуэри къагъуэтакъым. Пластмассым хэлъ бисфенол пкъыгъуэр шынагъуэхэм ящыщщ, зэман кIыхькIэ апхуэдэхэм якIуэцIылъу яхъумэ ерыскъым зэрыхыхьэм къыхэкIыу, ауэ ахэр къэрал куэдым къыщагъэсэбэпыжыркъым. Абы фэ езыхэми гу лъыфтэнущ: ВРА FREE дамыгъэр тетмэ, фыщIэшынэжын щымыIэу, ар къабзэщ.
 Пластик пкъыгъуэхэм ярыту ерыскъыхэкIхэри псы фызэфэхэри фхъумэ хъунущ, абы хухаха пIалъэм фIевмыгъэшмэ. ЗэрыфщIэщи, ахэр вгъэхуабэ хъунукъым икIи сыт щыгъуи фыхуэсакъыпхъэщ а къэвгъэсэбэпахэм щIыуэпсыр зэращыфхъумэным. Пластикхэр щызэхуэфхьэсын хуейщ абыхэм хухаха гъэтIылъыпIэхэм, абыхэм елэжь IуэхущIапIэхэм яIэрыхьэн папщIэ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм щыхыфIэвдзэхэм я зэраныгъэм фи деж къызэрагъэзэжынум шэч хэлъкъым.
Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: