Адыгэбзэм и пщIэрИкъукIэ къаруушхуэ ехьэлIэн хуейщ анэдэлъхубзэм и IэфIыр адыгэм зыхезыгъэщIэжыну лъэпкъ школыр нэсу зэфIэгъэувэжыным. Абы теухуауэ бзэщIэныгъэлI Джаурджий Хьэтыкъэ къигъэлъэгъуауэ щыта гупсысэхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым. «Сыт-тIэ щIэн хуейр Iуэхур гъуэгу тэмэм теувэн папщIэ? Дауэ адыгэбзэм и пщIэр къаIэтыжа зэрыхъунур? А Iуэхугъуэхэм зэреплъыр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм къагъэув япэ классым къыщыщIэдзауэ нэхъыщхьэхэм нэс предмет псори адыгэбзэкIэ егъэджыным хуэкIуэн хуейуэ, нэгъуэщIхэм - еплIанэ классым нэс фIэкIа апхуэдэу пщIы мыхъуну, адрейхэм – хэчыхьауэ школ зыбжанэм я япэ класс гуэрхэр адыгэбзэкIэ еджэным хуэгъэкIуауэ, адэкIэ, абы и бжыгъэм хагъахъуэурэ, икIэм-икIэжым, лъэпкъ школ псори япэ классым къыщыщIэдзауэ еплIанэм нэс анэдэлъхубзэкIэ еджэным хуэгъэкIуапхъэу. А псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр анэдэлъхубзэкIэ езыгъэджэну егъэджакIуэхэр гъэхьэзырынырщ. Гугъэ нэпцIхэм тепщIыхьу апхуэдэ Iуэхушхуэ къепхьэжьэ хъунукъым, лъэныкъуэ псомкIи абы ухуэмыхьэзыру. Илъэс зыплIытху нэхъ мащIэкIэ ар пхузэфIэкIынукъым. АтIэ сыт хуэдэ хэкIыпIэ къыхуэбгъуэт хъуну абы? КъызэрытфIэщIымкIэ, педагогическэ училищэм зэрыщрагъаджэ планым хэплъэжауэ 4-нэ курсым и етIуанэ илъэс ныкъуэр педагогикэмрэ частнэ методикэмрэ хухаха зэманыр – есэпыр, природоведенэр, уэрэдыр, физкультурэр, сурэт щIын зэрыхуейр анэдэлъхубзэкIэ ирагъэкIуэкIыфу гъэсэныр къызэгъэпэщын хуейщ. А предметхэр езы училищэм урысыбзэкIэ зэрыщаджым къызэфIегъэкI егъэджакIуэ хъунухэр зыхуеинум хуэдиз теоретическэ щIэныгъэ ягъуэтыныр. Абыхэм я дежкIэ нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэмкIэ урокыр яухуэфу, адыгэбзэкIэ тха тхылъым и зэхэлъыкIэр къагурыIуэу, а тхылъхэм ирилэжьэфу егъэсэнырщ. А Iуэхугъуэшхуэр сыт хуэдизкIи нэхъ псынщIэу зэрызэфIэкIыным икIэщIыпIэкIэ щIэдзэн хуейщ. ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ министерствэр дауэ бгъэдыхьэрэ абы? НэхъапэкIэ уIэбэжмэ, ар ищхьэкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэм я IэмыщIэ илъу икIи я жыIэм зыкIи дамычыхыфу щытащ. 1960 гъэм РСФСР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык щригъэкIуэкIащ Россиепсо щIэныгъэ практическэ зэIущIэ. Абы унафэ къыщащтауэ щытащ Iэмал имыIэу лъэпкъ школхэр япэ классым къыщыщIэдзауэ урысыбзэкIэ егъэджэным псынщIэу хуагъэкIуэну. ЩIыпIэм щыIэ къулыкъущIэхэм а унафэр гъэзэщIэным къарурэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIащ. А зэманым ищхьэкIэ къикIа унафэр емыгупсысу ягъэзащIэ къудейтэкъым, атIэ Iэмал имыIэу тIэкIуи щхьэпрагъэшын хуейт. Языныкъуэхэм деж ар Iэдэбу ягъэзащIэрт, адрейхэм деж кIуэцIырыкъуагърэ щхьэзыфIэфIагърэ щыхалъхьэ щыIэт. А лъэхъэнэм Къулъкъужын дэт школ гуэрым и директорым урысыбзэкIэ газетым тхыгъэ къытригъэдзауэ щытащ япэ классым къыщыщIэдзауэ урысыбзэкIэ ебгъаджэмэ, нэхъ Iэзэ хъур еджакIуэхэм я мызакъуэу, атIэ егъэджакIуэхэри куэдкIэ урысыбзэмкIэ нэхъыфIу псэлъэф хъухэу. Абы псори къыхуриджэрт адыгэбзэкIэ егъэджэным къыпыкIауэ урысыбзэ зэфэзэщым хуэкIуэным. Абы лъандэрэ Къулъкъужын школхэм еджакIуэ куэд къыщIэкIащ, ауэ япэрейм нэхърэ абыхэм нэхъ щIэныгъэшхуэ ягъуэтауэ, е урысыбзэм нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэ хъуауэ тщIэркъым. Ауэ, школ директорым зэрыжиIам хуэдэу, егъэджакIуэхэр нэхъ Iэзэ хъуарэ мыхъуарэ къыпхуэхутэнукъым, сыту жыпIэмэ курыт школым и къалэнкъым егъэджакIуэхэр урысыбзэм хуригъэджэну, Къулъкъужын зэгуэр апхуэдэу къыщалъытами. Лъэпкъ школыр къызэрызэфIэувэжынур уи фIэщ хъууэ, гугъэ уагъэщIу Iуэхугъуэ гуэрхэр лэжьа мэхъу: тхыгъэхэр къытрадзэ, план купщIафIэхэр зэхалъхьэ. Ауэ анэдэлъхубзэкIэ щеджэ лъэпкъ школ къызэIупх къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ, ар щIэдзапIэ къудейуэ аращ. Нобэ зэгупсысын хуейхэм ящыщу къыдолъытэ цIыхубэ педагогикэр школым ешэлIэжыныр, абы и купщIэр - цIыху напэр, захуагъэр, гу пцIанагъэр, укIытэр еджэныгъэми гъэсэныгъэми я лъабжьэу гъэувыныр. Ди гъащIэм и зыужьыныгъэм и зы лъэхъэнэ гуэрым деж а зэхэщIыкIхэр щытIэпыхури, тфIэкIуэдащ. ФIымрэ Iеймрэ зэхегъэщIыкIыным и пIэкIэ, къулеймрэ къулейсызымрэ зэрылъагъу мыхъуу щытыным щIэтпIыкIыу щытащ. ЗэхъуэкIыныгъэмрэ нахуагъэмрэ куэд сэтей къащIащ. Лъэпкъ школыр езым къыщхьэщызыгъэкIыу хэлъ и IуэхугъуэфIхэр имыIэж, зыкIи адрей еджапIэхэм къащхьэщымыкIыж хъуащ. Нобэ щIэдзэн хуейщ лъэпкъ школ лIэужьыгъуэ щыIэпхъэхэр зыхуэдапхъэр (теплъэр, шыфэлIыфэр) гъэбелджылыным. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, лъэпкъ школ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щыIэ хъунущ. Абыхэм ящыщ зыщ япэ классым къыщыщIэдзауэ 10-нэм нэс анэдэлъхубзэкIэ егъэджэныр, урысыбзэмрэ литературэмрэ предмет щхьэхуэу ирагъэджу, е етхуанэ классым, е еянэм нэс анэдэлъхубзэмкIэ щрагъаджэу, абы иужькIэ урысыбзэкIэ егъэджэным хуэкIуэжыну, анэдэлъхубзэр предмет щхьэхуэ ящIыжу. Иджы къалэ школхэм дакъытеувыIэнщ. Абыхэм ящыщу етIуанэ классым къыщыщIэдзауэ епщIанэм нэс урысыбзэкIэ щрагъаджэхэр къэтщтэнщ. АнэдэлъхубзэкIэ япэ класс закъуэм щрагъаджэри, адэкIэ предмет щхьэхуэу яджу аращ. Апхуэдэ школ лIэужьыгъуэри щыIэну хуитщ, а классым нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ еджакIуэ щIэсмэ. Ауэ ахэр я бжыгъэкIэ класс щхьэхуэ пщIы хъуну къикIмэ, ахэри лъэпкъ школ лIэужьыгъуэм хуэбгъакIуэ хъунущ, ауэ, дауэ щытми, япэ илъэсищым анэдэлъхубзэмкIэ егъэджэн хуейщ. КъыкIэлъыкIуэ лIэужьыгъуэр лъэпкъ-урыс школырщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, анэдэлъхубзэкIэ щеджэ классхэри урысыбзэкIэ щеджэ классхэри зыхэт еджапIэрщ. Предметхэр анэдэлъхубзэкIэ зэраджыр япэ – етIуанэ лъэпкъ школ лIэужьыгъуэхэм тетынкIэ хъунущ. АнэдэлъхубзэмкIэ щеджэ классхэм икIыу урысыбзэкIэ щеджэхэм щыхуэкIуэкIэ, иужьым зи гугъу тщIа лъэпкъ школ лIэужьыгъуэхэм утехьэнкIэ хъунущ. Абы щыгъуэми еджакIуэхэр а лIэужьыгъуэм кIуэ хъунуми мыхъунуми зыгъэбелджылыр егъэджакIуэрщ. 1989 гъэм ди республикэм сабий садхэм я Iуэхур анэдэлъхубзэкIэ зэрахьэну, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт, техническэ училищэхэм анэдэлъхубзэм и мызакъуэу, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я литературэр, тхыдэхэр, культурэр Iэмал имыIэу щаджын хуейуэ унафэ къащтащ. Ар IуэхуфIт, ауэ анэдэлъхубзэм и пщIэр лъахъшэ зыщIхэм ящыщщ абыкIэ Iуэхур зэрызэрамыхьэр. Къапщтэмэ, ди республикэм къулыкъу зэрызэрахьэр, суд зэращIэр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс урысыбзэщ. Хабзэм теухуа гуэрхэр анэдэлъхубзэкIэ зэдзэкIауэ къыдагъэкI щхьэкIэ, ар зыми къигъэсэбэпыркъым. ЛъэIу тхылъ анэдэлъхубзэкIэ дэнэ щIыпIэ птхами, жэуап къузэратыжынур (къуатыж хъужыкъуэмэ) урысыбзэкIэщ. Апхуэдэ щытыкIэм анэдэлъхубзэр зэритыр псоми дигу къоуэ. Къапщтэмэ, Эстонием, Литвам, Абхъазым, нэгъуэщI республикэхэми анэдэлъхубзэм теухуауэ закон къащтащ, абы ипкъ иткIэ, а щIыпIэхэм анэдэлъхубзэр езы Хэкум Iуэху зэрыщызэрахьэж бзэуэ ягъэуващ. Ауэ ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэ Iуэхухэр нэхъ гугъу ещI, зы щIыпIэм лъэпкъитI е нэхъыбэ щыпсэумэ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэми гъащIэм щиубыдын хуей увыпIэр бгъэбелджылын папщIэ, а лъэпкъыр зыщыпсэу щIыпIэм (районым, къуажэм) езым щиIыгъ увыпIэр Iуэхум къыхэлъытапхъэщ. Лъэпкъ школым дяпэкIэ зэрызиужьынур уи нэгу къыщIэбгъэхьэмэ, Iуэхугъуэ куэдым урегъэгупсыс, сыту жыпIэмэ, лъэпкъ школхэм я зыужьыкIэм зэщхь гуэрхэр яхэлъ пэтми, ахэр анэдэлъхубзэм зэрытелажьэмрэ анэдэлъхубзэкIэ зэрылажьэмрэ зэмыфэгъу куэду зэщхьэщокI».
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|