Къэбэрдей жылэхэр

Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу. Къэбэрдей жылагъуэхэм зэреджэр, абыхэм ятеухуахэр 1986 гъэм къыдэкIа, Мухъсин Субаши итха «Къайсэр и блэкIамрэ и нобэмрэ»  тхылъым кърихыжауэ щытащ журналист, публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Къэбэрдей къуажэхэр: Къылышбийхьэблэ, Аслъэнхьэблэ, Мэкэрхьэблэ, Хъуэстхьэблэ, Къуэтхьэлей, Жамботей, Елъыхъуей, Щэныбей, Жэрыщтей, Къунашей, МэкIэней, ЛIыгъурхьэблэ, ЛъыщIэжхьэблэ, ХьэпащIей, Бешкъэзакъхьэблэ, Жаныкъуей, КIурашынхьэблэ, ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу е Алъэсчырей, ХьэтIохъущыкъуеижь, Къундетей, Астемырей, ШыкIэбахъуей, Щхьэлыкъуэ, Тэхъухьэблэ, Сасыкъхьэблэ, Къундетей, Жамботей ЦIыкIу, Къундетей, Анзорей, Мударей, Бабыгуей, ХьэпцIей, Къуэгъулъкъуей, Анзорей, Жамырзей, Маргъущей, Жыгеикъуэхьэблэ.

КъэбэрдеишхуэкIэ зэджэ щIыпIэм хиубыдэ адыгэ къуажэхэр Къайсэр, Сивас, Мараш вилайетхэм (областхэм) хохьэ. Сивасым апхуэдэу щыIэхэщ Къуэгъулъкъуей, ХьэпцIей, Бабыгуей адыгэ къуажэхэр.

ХимиемкIэ езыгъаджэ Амщыкъуэ Тэжеддин зэрыжиIамкIэ, езыр зыщыщ Къуэгъулъкъуейм дэса унагъуэ 45-м щыщу нобэ къыдэнэжар унагъуи 5 къудейщ. ЩIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ хуей мэхъу, нэгъуэщI къэралхэм куэд мэIэпхъуэ.

Къуэгъулъкъуейм щыпсэуащ Срыкъуэхэ, Тхьэзэплъхэ, ФIыцIэжьхэ, ХьэщIэлIхэ, Щоджэнхэ, МаскIэхэ, Къанкъуэщхэ, Бланэмыхьхэ, Амщыкъуэхэ.

ХьэпцIей жылагъуэм и Iуэхур узэхъуэпсэнкъым. Иджыпсту абы щыпсэужыр адыгэ унагъуи 9 къудейщ. Мис ахэр: Къандурхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Ансыкъуэхэ, Бэхъунэхэ, Берычэтхэ, Къущхьэбийхэ, Бэгъуэтхэ, Сейнхэ.

Iэпхъуэшэпхъуэныр нэхъ зылъэмыIэсахэм ящыщщ Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр) щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэр. А жылагъуэхэм къыдэкIащ Тырку псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр, дзэ къулыкъущIэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Узун-Яйлам къикIа цIыху цIэрыIуэ куэд иджыпсту щолажьэ Истамбыл, Анкара, Измир, Къайсэр, нэгъуэщI къалэшхуэхэми. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ Тыркум фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, юриспруденцэмкIэ профессор, Истамбыл университетым щезыгъэджа Думэныщ Хъейри.

Думэныщым адыгэбзэ дахэ Iурылът, лъэпкъым и хабзэр, тхыдэр фIыуэ ищIэрт. Уэчыл хъуну студентхэр абы и тхыгъэмкIэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ.

Хьэмшэрий жылагъуэхэр къызэтIысэкIа Метие (Мударей) къуажэм нэхъапэм адыгэ унагъуи 120-рэ щыпсэууэ щытащ. Мис абыхэм я унэцIэхэр: Дыджэш, Куэший, Быф, Жанхъуэт, Къардэн, ХьэщIэуэд, Таучэл, Хьэшокъ, Хьэмгъуокъу, Нэзэр, Цыгъум, Мэрзей, Вэрокъуэ, Ныбэжь, Шыбзыхъуэ, Журт, Бадзэ, Шэт, ДыщэкI, Щокъал, Хьэжмуд, Щоджэн, Мэремкъул, Лъостэн.

Метие къуажэм километрийкIэ фIэкIа пэжыжьэкъым Кафтангиен (Анзорей) жылагъуэр. Абыи адыгэ унагъуэ 72-рэ щопсэу: Шопархэ, Къумыкъухэ, Тэхъухэ, Зэпышэхэ, Макъейхэ, Къардэнхэ, Сосмакъхэ, Хьэххэ, Дзэгъащтэхэ, Тхьэмбылмышххэ, КIыщийхэ, Мамхэгъхэ.

А Анзорейм километриплIкIэ пэIэщIэу къыщысщ етIуанэ Анзорейри (Пазарсу). Мыбы фэ фыщыхуэзэнущ Тэхъу, Танокъуэ, Кыл, Дыкъынэ, ХьэжтIиш, Адэжэ, Бырс, Борсэ, Мэрзей, Алътуд, Нэгъуей, Пщыншэ, ГъукIэпщокъуэ, Мэремкъул унэцIэхэм. Псори зэхэту адыгэ унагъуэ 30 щопсэу Пазарсу къуажэм.

Ташлигеджит (Тэхъухьэблэ) зэрыхъур унагъуэ 15 къудейщ. Абы дэсщ Тэхъухэ, Къанжэхэ, ШкIэжьхэ, Нэхущхэ, Зэпышэхэ.

Метие къуажэм пэгъунэгъущ Ореншехир (Къундетей) жылэри. А тIум я зэхуакум дэлъыр километр 12 къудейщ. Мыбы ущрихьэлIэнущ Думэн, Хьэшыр, Хьэтхьэлэ, КIуэкIуэ, Нэгъуей, ЖьакIэ, Алътудокъуэ, ДыщэкI, Цыгъум, Мэш, ШыкIэбахъуэ, МэшылI унэцIэхэм.

Каракуюи КъундетейкIэ йоджэ. Мыбы щопсэу Шэджэмхэ, Жэнакъхэ, ФIэщмыхъухэ, Кхъуэжьхэ, ФэрэкIхэ, Абазэхэ, Нэгъуейхэ, Уэрдымхэ, Хьэжбэвыкъуэхэ, Науржанхэ, ЛIыгуащIэхэ, Дыдухэ, ШкIэжьхэ, Тхьэзэплъхэ, Жэбагъыхэ, Пщынокъуэхэ, Къашыргъэхэ.

Кирбагалык (ШыкIэбахъуей) гушыIэурэ «Хьэндыркъуакъуэ жылэкIэ» йоджэ. Къуажэм адыгэ унагъуэ 30 дэсщ – Мэзыхьэхэ, Щоджэнхэ, Молэхэ, Бэлагъыжьхэ, МэзыкIуэхэ, КIэдыкIуейхэ, ШыкIэбахъуэхэ.

Саджаяги (Щхьэлыкъуэ) къуажэм 1973 гъэ лъандэрэ адыгэу цIыхуи 122-рэ дэIэпхъукIащ. ЛэжьапIэ лъыхъуэу ноби куэд докI абы. ЗэкIэ адыгэ унагъуэу 38-рэ къыдэнащ: БжыкIшийхэ, ЛIупхэ, Щоджэнхэ, Уэрдымхэ, Нэгъуейхэ, Молэхэ, ГъукIэпщокъуэхэ, Iэрымбэджхэ, Щолэхъухэ, Дэбагъуэхэ, Къумэлхэ, Гъыдзэхэ, Мэрзейхэ, Хьэданхэ, Мэремыкъуэхэ, Iэрыпщэхэ, Хьэлышххэ, Дзэмыхьхэ, Iэпсэхэ.

Саджаяги щыпсэу адыгэхэм ящыщу 32-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: а къуажэм дэса бзылъхугъэхэм зы закъуэщ къахэкIар иужьрей илъэси 130-м къриубыдэу тырку щхьэгъусэ ищIауэ.

Учпинар (ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу) унагъуэ 35-рэ, адыгэу 212-рэ щопсэу. Ахэр ящыщщ Агуей, Алъэсчыр, Быж, Мэкэр, Мэкъуауэ, Гъабэ, Къанэмэт, Думэн, Бланэмыхь лъэпкъхэм.

Киркпинар – Сасыкъхьэблэ – унагъуэ 26-рэ мэхъу. Адыгэу 147-рэ щопсэу, Джазэхэ, Лъостэнхэ, Къущхьэхэ, Абазэхэ, КIэдыкIуейхэ, ЖейкIыхьхэ, Къардэнхэ, Дыщокъуэхэ, Сасыкъхэ, Хьэмащэхэ, ГуицIэхэ ящыщхэу.

Енияссипинар (Жаныкъуей) къуажэм зауэлI хахуэхэм я лъахэкIэ йоджэ. Мы жылэм щыщу адыгэ щIалэ 16-м, хахуагъэ ин къагъэлъагъуэу я щхьэр щагъэтIылъащ Къарс деж щекIуэкIа зауэм. Жаныкъуейхэр ящыщщ нэхъ иужькIэ Кавказыр зыбгынахэм. Ахэр Тыркум щыкIуар 1898 гъэрщ. Къуажэм иджыпсту адыгэу 169-рэ щопсэу. Ахэр зыщыщ лъэпкъхэр: Сэбаншы, КIэрэф, Къардэн, Урыс, БжьыхьэлI, Шурдым, Сэбанокъуэ, Щынахъуэ, Нэхущ, Есэнокъуэ, Хэкужь, Шыгъэлыгъуэ, Тогъуз, МыкIуэф, Къанщауэ, Пхъэлъакъуэ, Джыдэцым, Бекъул, Шыгъушэ, Тату, Абазэ, Хъуэшджэлды, ПIытIэш, Кхъуэнэ, Жаныкъуэ, Ашэбокъуэ, Ибаш, Гъуо.

Енияссипинар щыщу цIыху 60-м университет къаухащ. Жылэм дэс дэтхэнэ унагъуэми щIы гектар пщIырыпщI яIыгъщ. Жаныкъуейм къытепщIыкIыжащ ЩIэжьыкъуей къуажэри.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: