26.04.2024, 17:06 - Тхыдэ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

26.04.2024, 15:42 - Жылагъуэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
11.05.2023 - 12:20 | 👁 49

Подробности...

Афияныр зыщэхэр яубыдащ

Урысейм и МВД-м и управленэу Налшык щыIэм наркотикыр зезыгъакIуэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ цIыхухъуищым наркотикыу грамми I80-рэ къыкъуахащ.
Жылагъуэ
11.05.2023 - 12:00 | 👁 53

Подробности...

ЩIым и бэуапIэ

Куэдым зэрагугъэр дызэрыбауэ хьэуар жыгхэмрэ къэкIыгъэ щхъуантIэхэмрэ я закъуэ къыдатущ.
Махуэгъэпс
11.05.2023 - 11:44 | 👁 37

Подробности...

НОБЭ

Накъыгъэм и 11, махуэку 1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ.
Жылагъуэ
11.05.2023 - 10:01 | 👁 48

Подробности...

Балигъхэр къыхураджэ

УФ-м и МВД-м и Къэрал автоинспекцэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр тогузэвыхь автомашинэ зехуэным абыкIэ хуитыныгъэ зимыIэ ныбжьыщIэ куэдым зэрызрапщытым.
Тхыдэ
11.05.2023 - 10:00 | 👁 49

Подробности...

Щэнджэлей и къуэ Мусалы

Мусалы теухуа хъыбархэм япэ дыдэ дыщрихьэлIэр 1630 гъэрщ - щIышылэм и 20-м ар Къамболэт Пщымахуэ лIыкIуэу Астрэхъан дзэпщым деж щигъэкIуарщ.
Литературэ
11.05.2023 - 09:57 | 👁 56

Подробности...

Къалэмым Iэщэр къыдащтэн хуей щыхъум

Хэку зауэшхуэр гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ совет къэралыгъуэмрэ и цIыхухэмрэ я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат я къэкIуэнури.
Литературэ
11.05.2023 - 09:45 | 👁 58

Подробности...

ИкIутар из хъужыркъым

Адыгэ литературэр ди курыт школхэм тэмэму щегъэджыным, еджакIуэхэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэр гъащIэм нэхъыфIу хуэгъэхьэзырынымкIэ, лъэпкъ хабзэ-нэмысыр, лIыгъ
Политикэ
10.05.2023 - 17:25 | 👁 51

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Иджырей къалэм и теплъэр убзыхун» и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Спорт
10.05.2023 - 17:22 | 👁 56

Подробности...

ПсынщIэу шахмат джэгунымкIэ зэпоуэ

Мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ республикэм нэхъ зэфIэкI щызиIэхэр иджы 13-нэу ягъэбелджылащ.
Спорт
10.05.2023 - 17:21 | 👁 46

Подробности...

Инвестицэм нэхъыбэ къыдегъэхьэхын

Минеральные воды къалэм Кавказым и япэ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэ щызэхэтащ.
Жылагъуэ
10.05.2023 - 17:05 | 👁 57

Подробности...

Новый боевой отряд появился в составе сводной казачьей бригады «Дон»

В строю бригады «Дон» наряду с другими отрядами, которые сегодня несут
Политикэ
10.05.2023 - 17:00 | 👁 39

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

ФIэщыгъэ зимыIэ бгыхэм «КIыщокъуэ Алим», «Кулиев Къайсын», «Карим Мустай» я цIэхэр яфIэщыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьам и IуэхукIэ» Къэ
Жылагъуэ
10.05.2023 - 16:00 | 👁 71

Подробности...

Зы къалэм хаситI дэтщ

Тыркум и Къайсэр къалэр адыгэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэу жылэхэм хабжэ. Абы ди лъэпкъэгъуу мин 60 хуэдиз дэсщ, къедза къуажэхэм щыщхэри хэту. Къайсэр Адыгэ ХаситI щолажьэ.
Жылагъуэ
10.05.2023 - 14:55 | 👁 60

Подробности...

Дерс щхьэпэхэр

УФ-м и МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI гъуэгум шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, къэхъу зэжьэхэуэхэр нэхъ мащIэ хъуным хуэунэтIауэ. 
Жылагъуэ
10.05.2023 - 14:00 | 👁 34

Подробности...

Тхылъ нэпцIкIэ зекIуэрт

Полицэм и лэжьакIуэхэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм щаубыдащ щыхьэт тхылъ нэпцI зыIыгъ транспортзехуэр.
Спорт
10.05.2023 - 12:05 | 👁 31

Подробности...

Шыгъажэхэр яублащ

Хабзэ зэрыхъуам тету, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэ майм и япэ махуэм шыгъажэхэр Налшык щаублащ. Мыр адрейхэм къащхьэщокI.

Страницы