Балигъхэр къыхураджэ

УФ-м и МВД-м и Къэрал автоинспекцэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр тогузэвыхь автомашинэ зехуэным абыкIэ хуитыныгъэ зимыIэ ныбжьыщIэ куэдым зэрызрапщытым. Абы къыхэкIыу балигъхэр къыхуреджэ апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэр къызэпызыудыну мурад зыщI ныбжьыщIэхэм рулым дэтIысхьэ зэрымыхъунур гурагъэIуэну. 

ГурыIуэгъуэу щытын хуейщ транспортыр шынагъуэншэу зепхуэн папщIэ, абы ехьэлIа щIэныгъэхэм ущыгъуазэу, зэфIэкIи убгъэдэлъу, ахэр и тегъэщIапIэу хуитыныгъэ къозыт тхылъи уиIэн зэрыхуейр. А Iуэхугъуэр инспекцэм и IэщIагъэлIхэм мызэ-мытIэу къаIэта пэтми, иджыри къохъу машинэ зехуэным хуэмыIэижь, абыкIэ хуитыныгъи зимыIэ ныбжьыщIэхэр рулым щыдэтIысхьэ, гъуэгум щызекIуэ хабзэхэр къызэпауду, машинэ зэжьэхэуэхэр къагъэхъуу. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, дызэрыт мазэм и пэщIэдзэ дыдэм и зы жэщ-махуэм къриубыдэу гъуэгум фэбжь зэхуэмыдэхэр щагъуэтащ балигъыпIэ нэмысауэ машинэ рулым дэтIысхьа ныбжьыщIищым. Щапхъэхэр къэтхьынщ. Бахъсэн районым хиубыдэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыпсэу, илъэс I9 зи ныбжь щIалэр «Къубэ-Тэбэ – Къулъкъужын Ипщэ» автомобиль гъуэгум тету зи куэбжэпэм деж щыт, илъэси 7 хъу сабиймрэ илъэс 34-рэ хъу цIыхухъумрэ яжьэхэлъэдащ, машинэр тэмэму хуземыгъакIуэу. ЛъэсырызекIуэхэм фэбжьхэр ягъуэтащ, сабийр сымаджэщым яшэн хуей хъуащ. Шоферыр рулым зэрыдэтIысхьэрэ тхьэмахуитIым щIигъуауэ арати, а Iуэхум хуэIэижьтэкъым. 
Апхуэдэу, «Джэрпэджэж – Хьэсэней - Вольнэ Аул» гъуэгум жэщым сыхьэтибгъу нэужьым фэбжь щагъуэтащ ныбжьыщIитIым. Илъэс I7 фIэкIа мыхъуа щIалэщIэр и анэм и автомашинэ «Лада Калина»-м дэсу гъуэгум тежри, къуэм дэхуащ. Ари абы къыбгъурысари сымаджэщым яшащ, фэбжь зэхуэмыдэхэр ятелъу. КъэхъукъащIэхэм ятеухуа Iуэху къаIэтащ.
 Статистикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм апхуэдэ къэхъукъащIэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Абы къыхэкIыу КъБР-м и автоинспекцэм и IэщIагъэлIхэм адэ-анэхэм зыхуагъазэ балигъыпIэ имыува, нэхъыщхьэращи, машинэ зехуэным хуэмыIэижь, абыкIэ хуитыныгъэ зимыIэ я бынхэр рулым ямыгъэтIысыну. Абы кърикIуэнкIэ хъуну сом мин 5 - I5 къуэдым и гугъу умыщIыххэми, насыпыншагъэшхуэ кърикIуэнкIэ зэрыхъунури гурыIуэгъуэщ. Фи щхьэри фи бынри фхъумэну, гъуэгум зэрытетыпхъэ хабзэхэр къызэпывмыудыну фыкъыхураджэ.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: