Шыгъажэхэр яублащ

Хабзэ зэрыхъуам тету, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэ майм и япэ махуэм шыгъажэхэр Налшык щаублащ. Мыр адрейхэм къащхьэщокI. Мэзкуу и шыгъэжапIэ нэхъыщхьэр къызэрагъэщIэрэщIэжым къыхэкIыу пIалъэкIэ зэхуащIащи, къалащхьэм и шы нэхъыфIхэр ди деж къыщагъэжэнущ. Шэч хэмылъыу, мыбы щызэхэтыну зэхьэзэхуэхэр абы нэхъ гъэщIэгъуэн ищIынущ.

Налшык и шыгъэжапIэр зэхьэзэхуэшхуэм сыт и лъэныкъуэкIи хуагъэхьэзырат. Абы жыджэру елэжьахэм ящыщщ «Урысей шыгъэжапIэхэр» АО-р, абы Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щиIэ къудамэхэм я унафэщI Сэкрэк Заур, КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ  и министерствэр.

Сэкрэк Заур тепсэлъыхьащ КъБР-м шыгъажэм щиIэ тхыдэм, шыгъэжапIэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэм, шыфI зыгъэхъухэм я бжыгъэр кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыфI хъууэ, хэтхэмкIи нэхъыбэ къызэщIаубыдэу зэхьэзэхуэхэр Налшык щокIуэкI.

Майм и япэ махуэр уэшх къешхыу, щIыIэу щытами, цIыхур куэду къызэхуэсат, тIысыпIэ къэгъуэтыгъуейуэ.

Шыгъажэм хэтынухэми еплъынухэми ехъуэхъуащ Къэбэрдей- Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергейрэ «Урысей шыгъэжапIэхэр» АО-м и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Леоненкэ Алексейрэ.

ХьэщIэхэр къыщыпсалъэм, абыхэм я щIыбагъым къыдэтт адыгэшым тес, ди лъэпкъ фащэр екIуу зыщыгъ, Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я бэракъхэр лъагэу Iэтауэ зыIыгъ шухэр, жыпIэнурамэ, зэIущIэмрэ гуфIэгъуэ махуэмрэ абыхэм ягъэбжьыфIащ.

Мы махуэм къызэдэжэгъуэу блы зэхэтащ. Япэ зэпеуэм щIидзэн и пэ къихуэу, сабий къекIуэлIахэм хуагъэхьэзыра джэгупIэхэм щызытрагъэуну Iэмал иратащ, IэфIыкIэ хуагуэшащ, зыкъагъэлъэгъуащ ди республикэи и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ пажэхэм.

Иджы зэдэжэм бжьыпэр щызыубыдахэм щыгъуазэ фахуэтщIынщ. Пэублэ зэпеуэм (метр 1600-рэ зи кIыхьагъым) щытекIуащ Шэшэн Республикэм къикIа Сильвер ПринцкIэ зэджэ шыр. Абы ихьащ Социалистическэ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аттоев С.Х. и фэеплъу ягъэува саугъэтыр. Шыр зейр Домбаев Муслъимщ, тренерыр Бабуев Тимурщ, къэзыгъэжар международнэ класс зиIэ шууей-мастер Каппушев Мырзэбэчщ.

Хабзэ хъуауэ, шыгъажэм хэтщ илъэсищ ныбжьым ит шыхэр. Абы щытекIуэм ират Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и саугъэтыр. Каппушев Мырзэбэчщ ар мы зэм зыхьар. Метр 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу къызэзынэкIар Алма-Ата и шыгъэжапIэм ейрщ. Ар бэджэнду зыIыгъыр Токъу Мухьэмэдщ. Шууейм и гъэсакIуэр Шавуев Аслъэнджэрийщ.

Мэлбахъуэ Тимборэ и фэеплъ саугъэтыр зыхьар гъуэгуанэ кIэщI зэпычынымкIэ (метр 1200-рэ) бжьыпэр зыубыда «Новомарьевскэ» мэкъумэш IуэхущIапIэм и шырщ. СулътIанкъул Т. къигъэжащ ар, гъэсакIуэр Хьэмыз Рэмэзанщ.

Псоми нэхъ мыхьэнэшхуэ зрат зэдэжэм гъэщIэгъуэн къыщыхъуакъым. Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я щIыхькIэ ягъэува саугъэтыр Михайловэ Дарье и шырщ къэзыхьар (метр 1400-рэ). Драгон Кидыр зыгъэсар Манн Яковщ, шууейр Баттуев Алимщ.

Шы къагъажэ зиIэ Битокъу Мухьэмэдрэ Къудей Хьэсэнрэ Социалистическэ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Ахъмэт М. и фэеплъу ягъэува саугъэтыр зыхьари Драгон Кидщ. Метр 2000 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр псом я нэхъ псынщIэу къызэпичащ абы, къэзыгъэжар Баттуев Алимщ.

Абы иужь къызэдэжащ илъэсищ зи ныбжь, иджыри текIуэныгъэ зимыIа шыхэр (метр 1600-рэ). Мыбы къыщытежащ Къэзакъ Владимир и шыр, гъэсакIуэр Резниковэ-Врублевскэрщ. Шууейр Сыжажэ Русланщ.

Метр 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм Социалистическэ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Евтушенкэ Н. и цIэкIэ щагъэува саугъэтыр, и нэхъыбэм зэрагугъауэ, хьэрычэтыщIэ Бухтояровэ Валентинэ къылъысащ. Подкуйкэ А. и гъэсэнщ а шыр, къэзыгъэжар Каппушев Мырзэбэчщ.

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: