Афияныр зыщэхэр яубыдащ

Урысейм и МВД-м и управленэу Налшык щыIэм наркотикыр зезыгъакIуэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ цIыхухъуищым наркотикыу грамми I80-рэ къыкъуахащ. Ар зыщэу шэч зыхуащIахэр накъыгъэм и зым и жэщым яубыдащ.
Борыкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым апхуэдэу щаубыдащ илъэс 29-рэ зи ныбжь цIыхухъур. Ар къыщащым и жыпым кърахащ зэзыхьэлIэ цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу хьэжыгъэ зэкIуэцIылъу 35-рэ. Яубыдам зыкъиумысыжащ, апхуэдэ зэкIуэцIылъхэр щэхуакIуэхэм къыщащтэж щIыпIэ гъэпщкIуауэ тIу зэрыщыIэмкIэ. Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъхэм а гъэпщкIупIэхэр сэтей къащIащ-ар грамм I7-м щIигъу «метадон» яфиян пкъыгъуэт.
Абыхэм икIэщIыпIэкIэ драгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыхухъум ар и щыпэщIэтэкъым. ИужькIэ абы кърагъэIуэтащ иджыри апхуэдэ гъэпщкIупIэу 4 зэриIэр икIи къыкъуахащ героину грамми II4-м нэблагъэ.
А жэщ дыдэм Фурмановымрэ Чэримымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм наркополицэм и лэжьакIуэхэм щаубыдащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ къэралхэм язым къикIа цIыхухъуитI - зыр илъэс 25-рэ, адрейр 27-рэ хъууэ. Абыхэми къыкъуахащ наркотикхэкI зыкIуэцIылъ полимеру тIу - зыр грамм 35-рэ, адрейр - 8 мэхъу. Яубыдахэм ящыщ зым зыкъиумысыжащ гъэпщкIупIэу I3 зэриIэмкIэ икIи абыхэм къыщагъуэтащ щхъухь грамм 48,9-рэ. Экспертизэм къызэрихутамкIэ, ахэр псори «мефедрон» пкъыгъуэщ.
Яубыдахэм зэрызыкъаумысыжамкIэ, абыхэм къыкъуаха псори интернетымкIэ къагъуэтащ, Налшык щащэну.
Налшык къалэм щыIэ УМВД-м уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм (щIэпхъаджагъэ), 228.I-м и 4-нэ «г» Iыхьэ (хъыбарегъащIэ-телекоммуникацэ IэмалхэмкIэ наркотикыр зегъэкIуэн) япкъ иткIэ.

 

Жанхъуэт Зузэ.
Поделиться: