Жылагъуэ

Аптекэхэр къыщыунэхуар

 

Гигее и дамыгъэр

Аптекэ (apotheka) псалъэр алыджыбзэм къыхэкIащ, «хъумапIэ» жиIэу къокI. А мыхьэнэр иIэущ пасэм къызэрагъэсэбэпу щытар. Сыт щахъумэми емылъытауэ, хъумапIэт аптекэр. Ауэрэ «хущхъуэхэм я хъумапIэ» мыхьэнэм хуэкIуащ. Пасэрей Алыджым къикIащ аптекэм и дамыгъэри – блэр зэшэкIа Iэгубжьэр. Пасэм узыншагъэм и гуащэу ялъытэу щыта, медицинэм и тхьэмадэ Асклепие ипхъу Гигее блэм щIыгъуу къагъэлъагъуэрт. А блэр абы Iэгубжьэм иригъэшхыкIырт.

Дыщэ кIапэхэр

Гупсысэхэр

Дыкъэзыухъуреихь дунейр дахащэщ! ЩхъуантIагъэм игъэнщIа жыгыщхьэхэр зи хэщIапIэ къуалэбзухэм цIыхупсэхэм уэрэд телъыджэхэр къыхураш. Дыгъэм и бзийхэр джэгу щIыкIэурэ щIылъэм къыхуогуапэ. Арагъэнущ дыщэ кIапэхэр жыгыщхьэ удзыфэхэм моуэ къыхэплъу къыщIыпфIэщIыр. Псори мэгуапэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ.

Бынищ иIэу къыщIэкIат

Дыщыстудент зэмант. ГушыIэрей, гукъыдэжыншэ мыхъу икIи узымыщI, нэфIэгуфIэ, кIэщIу жыпIэмэ, жьэрыIэзэ си ныбжьэгъут, ХьэмидкIэ еджэу. Абы хуабжьу фIэфIт цIыхубз дахэ къыдихьэхыну икIи зэгуэкIуа дэтхэнэ зыри псалъэуха зыбжанэкIэ жей имыIэжу, езым фIэкIа Iуэхуи дэлъи имыIэжу къигъэнэну жиIэрт. Ар къыдалъхуа зэфIэкIыу, и лъым хэту къилъытэрти, ди щхьэщыгум итым фIыщIэ ин хуищIырт.
Зы махуэ гуэрым къалэ паркым и лъэс лъагъуэм дрикIуэ пэтрэ зы хъыджэбз щIалэ дыдэ икIи тхьэIухуд, и теплъэкIэ илъэс пщыкIуий нэхъыбэ иумытыну, дыблэкIын хуей хъуащ. Абы сабий цIыкIу игъэджэгурт. 

Гъуэгур зыхуей зэрыхуагъазэр

Налшык къалэм и прокуратурэм ­къипщытащ икIи и нэIэ тетщ гъуэгум шынагъуэншагъэр къыщызэгъэ­пэ­щы­ным теухуа хабзэр зэрагъэзащIэм.

Шхынхэлъхьэуи хущхъуэуи къагъэсэбэп

Жэгундэр ныбжьышхуэ зиIэ хадэхэкIхэм ящыщщ. Абы и къуэпсыр ди эрэм ипэкIэ Армением, Ираным, Вавилоным, Ассирием къыщожьэ. ЦIыхухэм пасэу гу лъатащ, зэрышхыныгъуэм къыдэкIуэу, абы хущхъуэгъуэ зэрыхэлъым. И лъабжьэм и мызакъуэу, и тхьэмпэхэри куэду къагъэсэбэпырт. Ар зэрыхущхъуэм псом япэу гу лъызытар хьэрып къэралхэм я дохутырхэрщ. Ди эрэм ипэхэм Европэм къэсащ. Япэу зыIэрыхьар алыджхэрщ. Урысейм къизышари ахэращ. Абы лъандэрэ илъэсищэ зыбжанэ дэкIащ. Иджы ар ди къэралым и щIыпIэ куэдым щащIэ, ауэ, псом хуэмыдэу, Кавказым щобагъуэ. Жэгундэм фошыгъу къыхащIыкI.

Хэхэс адыгэхэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Адыгэхэм я нэхъыбэр щыпсэур Тыркуращ. Адрей къалэхэм хуэмыдэжу, Къайсэр адыгэ куэд дэсщ, ахэр мин 60-м ноблагъэ. Хуабжьу гуапэщ, ар къэрал къулыкъущIэхэм къалъытэу а къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмкIэ кафедрэ къызэрыщызэIуахар. 
Зи гугъу тщIы кафедрэм 20I8 гъэм и бжьыхьэм япэ курсыр къищтащ. Адыгэбзэр яджыну университетым цIыху 3I-рэ щIэтIысхьащ, абыхэм ящыщу цIыхуиблыр тыркут, адрейхэр адыгэт. 202I гъэм япэ гупым, цIыху I5-м, еджэныр къаухащ. ИужькIэ щIэтIысхьахэми я бжыгъэр а 30-м нэсурэщытащ, ауэ коронавирусым и зэманым цIыху I7-щ щIэтIысхьар. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм зэрехъуэхъур

«Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм и махуэр хэхауэ ягъэлъэпIэн щыщIадзар 2020 гъэрщ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр къыщежьарщ. Ди къэралым и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ УФ-м и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, ар ягъэлъэпIэн щIадзащ. А махуэри зэрымыщIэкIэ къыхахакъым. Илъэси I24-рэ ипэкIэ Москва къыщыунэхуауэ щытащ «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и япэ станцхэмрэ зэIэзэнухэр сымаджэщым зэрашэн гуимэхэмрэ.

Гугъэм и кхъухь тедзапIэ мыщтыжхэр

Аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр щIэрыщIэу къызэзыгъэдзэкIыжу, абы нэгъуэщIынэкIэ хэплъэжу иджыблагъэ дунейм къытехьа тхыдэ фильмым. 

КIэрыхубжьэрыхум дыщIимыгъэнэн папщIэ

Нобэ ЩIым щыпсэу цIыху бжыгъэм хуэдиз зэуэ дунейм щытета къэхъуакъым - меларди 7,5-рэ дохъу. ЗэрыгурыIуэгъущи, иджы хуэдэу кIэрыхубжьэрыху куэд зэи щыIакъым. 

Узыпэмылъэщынум зыпумышэ

Куэд зэрыщыгъуазэщи, хэт и лIы цIыкIуи фызышхуэкIэ ерыщщ. Аращ, къэхъупауэ, мы фэсхьэлIэжыну хъыбарыр зытеухуар. КъысхуэзыIуэтэжар си цIыхугъэ, зы зэман къыздэлажьэу щыта адыгэ щIалэщ.
Япэм щыгъуэ нэчыхь хуатхауэ зэщхьэгъусэ хъуа ныбжьыщIэхэм комсомол хьэгъуэлIыгъуэ хуащIырт. ИужькIэ абы «ЩIалэгъуалэ хьэгъуэлIыгъуэ» фIэщыгъэцIэр игъуэтащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ