Жылагъуэ

ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ

Налшык щыщ Черкесовэ Зухра Барисбий и пхъур (1961 гъ.) дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ.

Къеузыр: лышх, 4-нэ лъэхъэнэм нэсащ, къытригъэзауэ, лъхуадэм зыщеубгъу. Черкесовэ Зухра егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум итщ, и узыр кIуэ пэтми хотIасэ.

ЦIыхубзым Германием къыщеIэзэным хуэныкъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы ахъшэ текIуэдэнущ. Зэхуэхьэсыпхъэр: сом 2000000.

ДэIэпыкъуфынухэм ахъшэр мы номерхэмкIэ евгъэхьыну дыныволъэIу:

ХъумапIэ банк: 2202 2019 5358 5854

Tinkoff: 2200 7007 7264 9256

Е телефон номерымкIэ: 89289129306

«Моссельпром»-р цIэрыIуэ зыщIар

Москва мэкъумэшым елэжь губерние IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэ (Моссельпром) къыщыунэхуащ 1921 гъэм. Абы хэтт IэфIыкIэ, тутын, щIакхъуэ, шагъыр, фIэIугъэ, пивэ, нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэри къыщыщIагъэкI фабрикэхэмрэ заводхэмрэ. «Моссельпром»-м лэжьэн щIидзащ 1922 гъэм, щIышылэм и 1-м.

Хабзэхъумэхэм лъы ят

Донорым и махуэм ирихьэлIэу Налшык щекIуэкIащ «Лъы тыи, гъащIэр къегъэл» Iуэху щхьэпэр. 

Самурай-цIыхубзхэр

Тхылъ бжыгъэншэхэмрэ фильмхэмрэ къыщыгъэлъэгъуэжа япон самурайхэм ятеухуауэ хъыбар гуэр зымыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ахэр зауэлI хахуэу, гъэсэныгъэ яхэлъу, пщIэ зэрахьэу, я нэмысрэ хабзэрэ яIэжу, абы тету псэуа лIыхъужьщ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым цIыхубзхэри самурай хъууэ зэрыщытар.

Абазэм я дзыхь ирагъэз

КъБР-м и Парламентым и депутат Абазэ Албэч республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм епха ЩIалэгъуалэ парламентым хагъэхьэным иджыблагъэ арэзы техъуащ.

Тутын нэпцIхэр къыкъуахащ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм налшыкдэсым къытрахащ ищэну зыхуимыт тутын лIэужьыгъуэу мини 5. 
КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым Налшык щыпсэу, илъэс 42-рэ зи ныбжь цIыхухъум къыкъуахащ сату зэращ1 къэрал дамыгъэхэр зытемыт контрафакт тутынхэр.

Афияныр зыщэхэр яубыдащ

Урысейм и МВД-м и управленэу Налшык щыIэм наркотикыр зезыгъакIуэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыщ цIыхухъуищым наркотикыу грамми I80-рэ къыкъуахащ. Ар зыщэу шэч зыхуащIахэр накъыгъэм и зым и жэщым яубыдащ.

ЩIым и бэуапIэ

Куэдым зэрагугъэр дызэрыбауэ хьэуар жыгхэмрэ къэкIыгъэ щхъуантIэхэмрэ я закъуэ къыдатущ. ЩIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуазэмкIэ, абыкIэ фIыщIэ зыхуэщIыпхъэр дуней псор зэщIэзыщтэ хышхуэхэм щыбагъуэ, планктонкIэ зэджэ псыщIагъ удзхэрщ. Ахэр апхуэдизкIэ цIыкIущи, микроскопкIэ плъагъу къудейуэ аращ.
КъэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулей тропик мэзхэр къэнауэ, хышхуэхэм хьэуа нэхъыбэ къыдатыныр сыт нэхъыбэу къызыхэкIыр?

Балигъхэр къыхураджэ

УФ-м и МВД-м и Къэрал автоинспекцэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр тогузэвыхь автомашинэ зехуэным абыкIэ хуитыныгъэ зимыIэ ныбжьыщIэ куэдым зэрызрапщытым. Абы къыхэкIыу балигъхэр къыхуреджэ апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэр къызэпызыудыну мурад зыщI ныбжьыщIэхэм рулым дэтIысхьэ зэрымыхъунур гурагъэIуэну. 

Новый боевой отряд появился в составе сводной казачьей бригады «Дон»

В строю бригады «Дон» наряду с другими отрядами, которые сегодня несут боевую службу на передовой линии в наиболее опасных районах СВО, появился специальный боевой отряд «Аксай», сообщает сайт Российское казачество.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ