Жылагъуэ

Зауэжьым дызэрызэбгридзар

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джы­лахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралы­гъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ­ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ  къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами.  Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм  къриубыдэу ди лъэпэгъу мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ е емынэмрэ  таломрэ яхьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дэ ди щыгъуэ махуэщ: Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я ­фэеплъ махуэщ. 
Ди щхьэр яхудогъэщхъ гущIэгъуншэ, лъы­гъажэшхуэ зауэм зи гъащIэр къызэпиуда псоми я фэеплъым.

Адыгэм и гъащIэр Хэкужьым епхащ

Сыт хуэдэ лъэпкъри къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щриплъэжкIэ, и гумрэ и псэмрэ нэхъ дыхьа, е нэхъ игу къеуа, зэман ипэкIэ иIа псэукIэм зезыгъэхъуэжа напэкIуэцIхэр къыхелъагъукIыж. Апхуэдэщ адыгэ лъэпкъымкIэ илъэс къэс хэдгъэунэхукI накъыгъэм и 21-р, ди гупсысэхэм къыхэна лъэхъэнэ къииныр.

И хъыбарыр кIыхьщ икIи гуузщ

IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Къардэн­гъущI Зырамыку 1979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхы­лъым ущрохьэлIэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» хъыбарым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым абы лъабжьэ хуи­щIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым дыщылъыхъуащ. ДызрихьэлIам я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэтлъытащ. А псоми я гугъу дымыщIми, КъардэнгъущIым ейм ехьэлIам, зымащIэкIэ ар абы къыщхьэщыкIми, зэрыхъукIэ кIэщIу дытепсэлъыхьынщ.

БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дегупсысу

 Илъэси 159-рэ хуэдизкIэ узэ­Iэ­бэкIыжмэ, пащтыхьыдзэм Къуэ­быдэ деж иужьрей топыр щигъэуауэ щытащ, адыгэщIыр къызэризэуам, илъэсищэм нэб­лагъэкIэ екIуэкIа лъы­гъажэр зэрыувыIам и щыхьэту. А зауэр тхыдэм къыхэнами, абы кърикIуа Iуэхугъуэхэр щIэблэм гъэсэпэтхыдэ яхуэхъупхъэщ. 

Къэнам заузэщIыжын папщIэ

Лъэпкъым хуэнабдзэгубдзаплъэ щIалэгъуалэм ящыщщ Къалэн куэд зыгъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къарэ Ратмир. Абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ адыгэм и тхыдэм теухуауэ.

Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм сытым уригъэгупсысрэ?

- Тхыдэр - егъэджакIуэщ. Абы дрегъэгупсыс: сыт къыдэхъулIа, сыт гулъытэншэу къэдгъэна? Дерс гуэри къыхыдох, адэкIэ длэжьынури ирыдоубзыху.

КIапцIэ телъыджэ

Къэхутэныгъэ телъыджэ иджыблагъэ  ирагъэкIуэкIащ инджылыз щIэныгъэлIхэм. Языныкъуэ цIыхухэм, лIа нэужь, щIым щIалъхьэ мыхъуу, ягъэсмэ нэхъ къащтэ. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ кIуэдыжахэм я сахуэм зы хьэдзэ цIыкIу къыхэнэрт, мафIэм имысауэ. Ар кIапцIэм къыхэна мэскъалт. А хьэдзэр яджа нэужь щIэныгъэлIхэм къагурыIуащ абы иджыри «гъащIэ зэрыхэлъыр»…

Дерс щхьэпэ

КъБР-м щыIэ МВД-м и Шэджэм щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ Шэджэм Ищхъэрэм и курыт еджапIэм и 5 - 11-нэ классхэм щIэсхэм папщIэ хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа лIыхъужьыгъэм и дерсым.

Налшык мэжджытыщIэхэр дащIыхь

   КъБР-м и Iэтащхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, 2024 гъэр ди республикэм Архитектурэм и илъэсу щекIуэкIынущ. КъБР-м щыщ архитекторхэмрэ щыхьэрым и теплъэр зи IэмыщIэ илъ къулыкъущIэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ зэрызэхуэзэри а мурадым хуэунэтIа Iуэхущ. Мэлыжьыхьым и пэщIэдзэм къулыкъущIэхэр зэхуэсри тепсэлъыхьащ къалащхьэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм мэжджытыщIэ зэрыщаухуэнум.

НыбжьыщIэхэр яущий

«Рулым дэтIысхьагъащIэ» республикэпсо Iуэхум хыхьэу гъуэгу шынагъуэншагъэм, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм деж пщIэн хуейхэм теухуауэ къызэрагъэпэща дерсхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкърым и колледжхэм я студентхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ