Дерс щхьэпэ

КъБР-м щыIэ МВД-м и Шэджэм щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ Шэджэм Ищхъэрэм и курыт еджапIэм и 5 - 11-нэ классхэм щIэсхэм папщIэ хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа лIыхъужьыгъэм и дерсым.

Хэку зауэшхуэм хэта Гочияев Назир къызэралъхурэ илъэсищэ зэрырикъум ехьэлIа зэIущIэр къызэрагъэпэщащ Шэджэм щIыналъэм щыIэ МВД-м балигъыпIэ имыувахэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм, зауэм хэтахэм я «ЗауэлI зэкъуэшхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Габоев Азрэталий, КъБР-м щыIэ ОВД-м  и Ветеранхэм я советым и президиумым хэт Черновэ Алёнэ, Шэджэм щIыналъэм щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым хэт, милицэм и капитан КIуэкIуэ Аскэрбий, Шэджэм Ищхъэрэм и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ Шаваев Сафар сымэ.

- Гочияев Назир зауэм щыкIуам и ныбжьыр илъэс 19 ирикъуатэкъым. Зауэр иухыху  ар щытащ Украинэ фронтым и 3-нэ гвардейскэ дзэм связымкIэ и линейнэ батальон щхьэхуэм и унафэщIу икIи Воронеж, Курск, Белгород, Харьков, нэмыцэхэм я Освенцим гъэрэщыр хуит къэзыщIыжахэм ящыщщ, а псом пэкIуэу къэрал дамыгъэу 8 къратащ, - жаIащ еджакIуэхэм я пащхьэм къыщыпсэлъахэм.

Гочияевым зэрихьа лIыгъэм и гугъу ящIащ ветеранхэм я Советым хэтхэми: «Зауэр щекIуэкI щIыпIэм, бийм и топышэр къытелъалъэу, абы щиукъуэдияуэ щытащ связымкIэ линэр, пIалъэу къратам дакъикъэ 45-кIэ ипэ иту. А иукъуэдияр топышэм зэпиудурэ, сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу 11-рэ зэпищIэжащ, шэ "уэшхым" хэту»…

Назир зэрихьа лIыгъэмрэ Хэкум хуиIа лъагъуныгъэмрэ щIапIыкIар зы щIэблэкъым, ноби ар я гъуазэщ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм.

ЗэIущIэр иухащ зауэм теухуауэ еджакIуэхэм ягъэхьэзыра литературэ-макъамэ теплъэгъуэмкIэ. ШколакIуэхэм апхуэдэу ягъэзэщIащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм яуса уэрэдхэр, усэхэм къеджащ.

 

 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: