Жылагъуэ

Япэу къыщыпсэлъар сощIэж

Япэ дыдэу радиор ди къуажэм къыщыпсэлъащ 1938 гъэм. Гъэмахуэт. Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI ­хъуауэ жьыри щIэри колхоз правленэм и гупэм щызэхэст. Дэри, школым иджыри мыкIуа сабийхэр, дыздашат. ЦIыхухэр щызэхуэсым и деж щыт пкъом и щхьэм тепщэчышхуэм хуэдэу хъурейуэ ­зыгуэр фIэлъти, псори абы худэплъейрт. 

Жумартагъэр зэбэкIа

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист, жылагъуэ лэ­жьакIуэ Тхьэ­зэплъ Хьэсэн Мы­сэд и къуэр Ар­уан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым ар шофёру колхозым щылэжьащ. 

НэхъыфIхэм Москва къапоплъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м хэIущIыIу ищIащ «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэм щIэту ирагъэкIуэкIа ­урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ зэпеуэм кърикIуахэр.

Захуагъэм и дамыгъэ

2023 гъэм илъэс 78-рэ ирокъу Те­кIуэныгъэ Иныр ди къэралым къы­зэрихьрэ. 

ЦIыхугъэшхуэ зыхэлъа нэхъыжьыфI

Накъыгъэм и 5-м къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу куэдым я ныбжьэгъу пэжу къекIуэкIа, и дуней тетыкIамрэ хьэл-щэн иIамрэ ущыгъуазэу щытамэ, мыпсэужу нэгум къыщIэгъэхьэгъуей Тхьэзэплъ Хьэсэн. 

ТекIуэныгъэм и диктант

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыдэ Iуэхугъуэр. Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр щIэрыщIэу къызэзыгъэдзэкIыж а гукъэкI дахэр хуэунэтIащ цIыхубэм тхыдэм теухуауэ щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, зи лъахэрэ зи лъэпкърэ фIыуэ зылъагъу щIэблэ къэгъэтэджыным. Дунейпсо утыкум илъэсищ ипэкIэ ихьа «ТекIуэныгъэм и диктантым» мы гъэм хэтащ Урысейм нэмыщI, ди лъахэгъухэр щыпсэу къэралыгъуэ 46-м щIигъу.

КъалэныщIэхэр къапоплъэ

Мы илъэсым къриубыдэу Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахынущ километрихым щIигъу зи кIыхьагъ бгы лыжэ къэжыхьыпIэщIэхэр. 
Гъуэгухэм я гугъуагъым елъытауэ, я плъыфэкIи зэщхьэщыкIыу гуэшауэ щытынущ. КъищынэмыщIауэ, кIапсэ гъуэгуитIи щIэуэ яукъуэдиинущ, зым километритIым щIигъу, адрейм зы километр иримыкъу я кIыхьагъыу.

Мылъку пирамидэ

КъызэрабжамкIэ, иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу 2019 гъэращ мылъку пирамидэ нэхъ ин дыдэ дуней псом щыщыIар. США-м и закъуэ а илъэсым цIыхубэр къыщагъэпцIащ доллар меларди 3-рэ ныкъуэкIэ. Къапщтэмэ, ахъшэкIэ цIыхухэр къагъэпцIэным илъэс 300 тхыдэ иIэщ. Мылъку пирамидэр нэгъуэщI хьэрычэт Iуэху щхьэхуэхэм къащхьэщокI, абы къыхыхьэхэм ящыщу ахъшэ къызыхэхъуэр япэ дыдэу зи мылъку хэзылъхьэхэр зэрыарамкIэ. Абыхэм ират сомыр дэнэ къыздикIыр, жыпIэмэ, хьэпшып ящэу е Iуэхутхьэбзэ гуэр ящIэу абы къыщIахыу аракъым.

Зауэр щекIуэкIми гумащIагъэр гъунэншэт

Илъэс зыбжанэ ипэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыхьэщIащ Израилым, Тель-Авив, щыIэ университет зэIухам и профессор, абы и зы кафедрэм и унафэщI Аурон Яир. 

ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Езыр нобэ къытхэмытыжми, Хьэсэнрэ сэрэ 60 гъэхэм лъандэрэ дызэрыцIыхуу щытащ. КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетым щеджэми, ар филологхэм ди хамэтэкъым. И усэщIэхэр редакцэм ихьу къытригъэдзэн ипэ дыкъригъаджэрт.
Гъуазджэмрэ литературэмрэ пэжыжьэ IэщIагъэм хуеджэ щIалэр усэ тхыным зэрыдихьэхар ди гуапэт. Псом хуэмыдэу сэ ар нэхъ спэгъунэгъут, курыт школ нэужьым мэкъумэш хозяйствэмкIэ факультетым сыщIэтIысхьати. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ