Жумартагъэр зэбэкIа

ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

 

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист, жылагъуэ лэ­жьакIуэ Тхьэ­зэплъ Хьэсэн Мы­сэд и къуэр Ар­уан щIыналъэм хыхьэ Старэ Шэрэдж къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым ар шофёру колхозым щылэжьащ. 

1962 гъэм Тхьэзэплъыр щIотIысхьэ КъБКъУ-м мэкъумэш хо­зяйствэм и механизацэм щы­ху­рагъаджэ къудамэм. Абы щIа­ш­ри, дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ. 
Къулыкъур ирихьэкIыу 1965 гъэм къигъэзэжа нэужь, и щIэ­ныгъэм ­пещэж. Зэреджэм хуэ­дэурэ, Тхьэ­зэплъыр щIотIысхьэ Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ ­институтым. Абы къыхэкIкIи, ­КъБКъУ-м и заочнэ къудамэм зрегъэдзыжри, ар 1970 гъэм, Литературэ институтыр 1974 гъэм къеух. 1975 - 1976 гъэхэм КПСС-м и Аруан щIыналъэ комитетым и инструкторщ. 1976 гъэм Теунэ Хьэчимрэ Що­джэнцIыкIу Iэдэмрэ я жэрдэмкIэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм егъэщIылIа, пропа­гандэм­рэ художественнэ литературэмкIэ бюром и унафэщIу ягъэув. 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ, 1998 гъэр къэсыху Тхьэзэплъ Хьэсэн ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и уна­фэщIу щытащ.
Тхьэзэплъыр Урысейм и Тха­кIуэ­хэм я зэгухьэныгъэм 1979 гъэм и ­дыгъэгъазэ лъандэрэ хэтащ, илъэс куэдкIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэлI - секретару лэжьащ. 
1999 гъэм Тхьэзэплъ Хьэсэн къы­хуагъэфэщащ УФ-м щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр, 2009 гъэм Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтым и ­лауреат хъуащ. ЦIыху щыпкъэу, хэлъэт зиIэу, сыт хуэдэ Iуэхуми хунэсыну хуэпIащIэу дунейм тета Тхьэзэплъым щIыхь тхылърэ дамыгъэу къратар куэд дыдэ мэхъу.
2000 гъэм къыщыщIэдзауэ ­дунейм ехыжыху Тхьэзэплъыр ­«Ли­тературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. 
«ЧэруанакIуэм и лъагъуэ» усэ тхылъым папщIэ Тхьэзэплъым 2018 гъэм Урысейм и Литературэ сау­гъэ­тыш­хуэр къыхуагъэфэщауи щытащ.
Абы и къалэмыпэм къыщIэ­кIащ усэхэмрэ новеллэхэмрэ, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыIуэта ­художественнэ тхыгъэхэр щызэ­хуэхьэса тхылъ 30-м нэблагъэ дунейм къытехьащ. Ап­хуэдэхэщ, ­псалъэм папщIэ, «Еща­нэ сменэ» (1971), «ЦIыхубз хужь» (1976), ­«КъежьапIэхэр» (1979), «Псыпэ» (1980), «Уэрэ­ды­щIэ» (1983), «ЩIыгу гъащIэ» (1983), «Лъагъуныгъэ пшыналъэхэр» (1993), «Вагъуэбэ чырэ» (1997), «Тхыгъэ къыхэхахэр» (2003), «Лунный дождь» (1983), «Колесо жизни» (2001), «Зёрна из сада» (2006), «Алмазная башня» (2009), «Путь караванщика» (2017) тхылъ­хэр. Абы и тхыгъэхэр теухуащ Хэкум, гъащIэм, лъа­гъуныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэ­гъугъэм, цIыхухэм я зэху­щыты­кIэм. Республикэм и компо­зиторхэми ядэлажьэу щытащ Тхьэ­зэплъ Хьэсэн. Абы и усэхэм макъамэхэр хуатхащ, уэрэд­жы­IакIуэ цIэ­рыIуэхэм ахэр ноби ягъэзащIэ. 
КъуэкIыпIэ усакIуэхэу Хайям Омар, Хосров Амир, Ширази Хьэфиз, Бедиль Абдулкъадир, Навои Алишер, Низами, Рудаки, Саа­ди, Огахия сымэ дунейпсо литературэр зэрырагъэфIэкIуам шэч хэлъ­къым. Абыхэм яжь къащIихуащ ди лъэпкъ лите­ратурэми. Псом хуэ­мыдэу Хьэсэн и творчествэм ар щынэры­лъагъущ. Газель, касыдэ, рубаи, гошма, кыта усэ гъэпсыкIэ­хэм ущрохьэлIэ «Хасани» зыфIэ­зы­щыжа Тхьэзэплъым и творчествэми. Сатыр плIырыплIурэ зэхэт, философие гупсысэ куухэмкIэ гъэнщIа рубаи минитIым щIигъу Хьэсэн итхащ. Дауи, тхакIуэм, усакIуэм и ­IэдакъэщIэкIыр къы­зэ­ралъытэр усэ бжыгъэу иIэркъым, атIэ и тхыгъэхэм гупсысэ куу, Iущагъ нэсу ящIилъ­хьэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Тхьэзэп­лъым и усэ сатырхэр шэрыуэщ, гъащIэм ухуэзыузэщIщ. 
Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэ дахэм хуэфащэу, цIыхугъэшхуэ зыхэлъу дунейм тета Тхьэзэплъ Хьэ­сэн къытхэмытыжми, къытхуигъэна лъэужь дахэхэр мыкIуэ­дыжынщ. Жыджэрагърэ хэ­лъэтрэ зыхэлъу, жумартагъэр зэбэкIыу щыта лэ­жьакIуэшхуэр зыцIыхуу щыта дэтхэнэми ди гум гуапэу илъынщ. Хьэ­сэн и ныбжьэгъуфIу щытахэм абы хуэгъэзауэ ятхахэм щыщи ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
 

Нэхъыжьым  и  псалъэ

Зи  къарум  емыблэжт

Ар зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ Тхьэзэплъ Хьэсэн, а цIэр абы къилэжьащ и гуащIэдэкIрэ дуней тетыкIэкIэ.

И гуащIэдэкIым и гугъу пщIымэ, Хьэсэн и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Лейуэ утемыпсэлъыхьыжми, нэрылъагъущ а тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэр, зэрыщIэщыгъуэр, зэ­рышэрыуэр - абы шэч къытезыхьэ урихьэлIэ­нукъым. Нобэрей ди ­литературэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ абыхэм. Щаубыдащ я купщIэкIэ, я гъэп­сыкIэкIэ, я фащэкIэ. Хьэсэн и усыгъэхэр гупсысэ куукIэ гъэнщIащ, дапщэщи ­гукъинэщ, ущытезаши къэхъуркъым - ари шэчыншэщ. Апхуэдэ защIэщ, псалъэм папщIэ, Тхьэзэплъым и усэ кIэщIхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сатыр плIырыплIщ зэры­хъур. КъуэкIыпIэмкIэ щызэфIэувауэ, лIэщIыгъуэ зыбгъупщIым нос апхуэдэ усыгъэхэм - рубаикIэ зэ­джэхэм - я ныбжьыр. Хьэсэн и фIыгъэкIэ ди литерату­рэми къыхыхьащ а жанр хьэлэмэтыр - абы щхьэкIэ пщIэ лей хуэфащэщ ди усакIуэ гуа­щIа­фIэм.
И лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iэ­натIэ бгъэдэтащ - «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. Гу зылъытапхъэщи, а IэнатIэр дзыхь къызэ­рыхуащI лъандэрэ куэдкIэ ефIэкIуат журналыр. Абы щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт (ноби апхуэдэщ) ди лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр, урысыбзэкIэ зэ­дзэкIауэ. Хьэсэн фIыуэ щы­гъуазэт цIыхухэм я ­пащхьэ иплъхьэну нэхъ зыхуэфащэ тхыгъэхэм, зэи теплъэкъукIыртэкъым ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэдэкIым, и нэIэм щIэт зэпытт ар - апхуэдэ ­къалэнт журналым и тхьэмадэм и пщэ къы­дэхуэри. А къалэныр дапщэщи къехъулIэрт Тхьэ­зэплъым. КъехъулIэрт, гулъытэ иIэти, набдзэгуб­дзаплъэти.
Хьэсэн гу къабзэ, псэ къабзэ зиIэ цIыхуу дунейм ­тетащ - апхуэдэущ ар псоми, ноби зэращIэжри. Зыгуэр къыщыхуэныкъуэм деж, езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIынурэ, къыхуэныкъуэм зыщIигъэкъуэнут, арэзы имыщIауэ етIысэхынутэкъым, и гур зэгъэнутэкъым, и псэр тыншынутэкъым - ар псоми яхузэфIэ­кIыртэкъым. Хьэсэн хузэфIэкIырт, и къару еблэжыну­тэкъым.
Зы гъэ, Хьэсэн и жэрдэмкIэ, ТхакIуэхэм я союзым ­хагъэхьауэ щытащ щIалэгъуалэ гупышхуэ. Зыбжанэ щIат абыхэм апхуэдэ гулъытэ зэрахуэфащэрэ, мыгурыIуэгъуэр зыт: хэт, сыт абыхэм лъа­къуэпэщIэдз ­къахуэзыщIыр? Ар зэхигъэкIыху, етIысэхакъым Хьэ­-сэн: Михалков Сергей деж кIуэри, зи ужь ихьар абы ­гуригъэIуащ, Союзым хэзыгъэхьэ комиссэр Москва ­къришри, тхакIуэ, усакIуэ пщыкIутхум нэблагъэ Тха­кIуэхэм я союзым Налшык щыхагъэхьащ. Гудзакъэрэ гулъытэрэ зиIэ цIыхут ар зыхузэфIэкIынур. Апхуэдэт Тхьэзэплъ Хьэсэн.
КЪЭРМОКЪУЭ  Хьэмид.

ХужаIахэм  щыщ  пычыгъуэхэр

Дэтхэнэ зы литературэ тхыгъэми псэ хэтын ­хуейщ, уигъэхуабэу, уи гум, уи псэм къыдыхьэу. ТхакIуэм ар хузэфIэкIамэ, и IэдакъэщIэкIхэр яджмэ, - аращ абы и дежкIэ нэхъ насыпышхуэ дыдэр.Тхьэзэплъ Хьэ­сэн и усэхэмрэ и поэмэхэмрэ ­гъащIэм и джэрпэджэжщ. Ахэр щыхьэт тохъуэ ар адыгэ лите­ратурэм лъэ быдэкIэ зэрыхэувам.

ШЭДЖЫХЬЭЩIЭ  Хьэмыщэ,
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
1993 гъэ

*   *   *
Тхьэзэплъ Хьэсэн и тхылъхэр адыгэбзэкIи уры­сыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ дунейм къытохьэ. Зы усэ тхылъкъым икIи тхылъитIкъым абы Налшыкрэ Москварэ къыщыдигъэкIар. Нобэ ар лъэпкъ литературэм и жьантIэр зыгъэбжьыфIэхэм ящыщщ.
И цIыхугъэрщи... Ди къэралышхуэ якъутэжам щIыпIэ щIагъуэ иIэкъым Хьэсэн и цIыхугъэ, и ныбжьэгъу, фIыуэ къэзылъагъу тхакIуэ здэ­щымыIэ. Тхьэзэплъым пщIэ къы­щыхуащI, и псалъэ къы­щалъытэ, и жыIэ Iуэху щытращIыхь Москваи.

ХЬЭХ  Сэфарбий,
тхакIуэ.
2013

*   *   *
Тхьэзэплъ Хьэсэн и усыгъэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь, наIуэ ­мэхъу ар литературэ зэчий къулей зыбгъэдэлъ цIыхуу зэрыщытыр. Ар ящыщкъым зи гурыгъу-гурыщIэхэр занщIэу къизыкIут усакIуэхэм. Хьэ­сэн и дэтхэнэ псалъэми гупсысэ куу щIэлъщ, абыхэм укъыхураджэ ­дунейм щекIуэкI Iуэху жьгъейхэм уакIуэцIрыплъу, нэхъ Iуэхугъуэ­шхуэхэр зыгурыбгъэIуэным.
Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм Тхьэ­зэплъым и усэхэм философие ­лъабжьэшхуэ ярет. КъызыхэкIа лъэп­къым и гумрэ и псэмрэ щы­щIэхэр къэзыIуэтэну хущIэкъу а хэкупсэм и дежкIэ а псоми мы­хьэ­нэшхуэ яIэщ.

ЛОПУСОВ  Юрий,
усакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и секретарь.
2013 гъэ

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: