Зауэр щекIуэкIми гумащIагъэр гъунэншэт

Илъэс зыбжанэ ипэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыхьэщIащ Израилым, Тель-Авив, щыIэ университет зэIухам и профессор, абы и зы кафедрэм и унафэщI Аурон Яир. 
Куэд щIауэ лъапсэрыхыр зи натIэ хъуа лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къэзыхутэж щIэныгъэлIым журтхэмрэ ермэлыхэмрэ я лъэпкъгъэкIуэдым кърикIуахэр зэхуихьэсыжу арат. Ар адыгэ зэрыс республикэхэм къыщIэкIуар и лъэпкъэгъухэм Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ятелъа бэлыхьымрэ шэрджэсхэр зэрадэIэпыкъуамрэ теухуа хъыбархэр зэхуихьэсыжыну арат. Сэри профессорым и гъусэу сыщыIащ КъБР-м и къуажэ зыбжанэм, журт сабийхэр зыдапIа, иджы дадэ-нанэ хъуа лIыжьхэмрэ фызыжьхэмрэ жаIэжа хъыбар телъыджэ куэди зэхэсхащ, ди газетми къытездзэжауэ щытащ. 
Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Беслъэней къуажэм дэс нэхъыжьхэмрэ 1942 гъэм адыгэхэм яхъума хамэ сабийхэмрэ (иджы ахэр адыгэцIэ-унэцIэ зезыхьэ, къуажэдэс ныбжь зиIэхэщ) профессорым къыхуаIуэтахэм теухуауэ итхыжа хъыбархэм ящыщ зы пычыгъуэщ нобэ теддзэр. 
Ар зытеухуар Ленинград блокадэм къыдаша сабийхэр Беслъэней адыгэ къуажэм дэсхэм къызэрырагъэламрэ зэрапIамрэщ. 
«…Зауэм зи щхьэр къыхэзыхахэр ису мэлыжьыхьым и 7-м ежьа мафIэгур Ермэлыхьэблэ (Армавир) и Iэгъуэблагъуэм щынэсар I942 гъэм и шыщхьэуIу мазэрщ. Армавир деж ахэр гухэм къытрагъэтIысхьа къудейуэ бийм и къухьлъатэхэр къащхьэщыхьэри шэкъэуэжхэмкIэ Iисраф зэтрищIащ сабии балигъи. Абы къела цIыкIухэр шыщхьэуIум и 8-м гуиплIым ирагъэтIысхьащ, фронтым нэхъ пэжыжьэ щIыпIэ гуэр яшэн папщIэ. Тхьэмахуэ псокIэ гъуэгу тетащ уIэгъэ хъуа сабий сымаджэхэр, мылIэIус тIэкIу фIэкIа ирамыгъэшхыу. А гъуэгум и кIыхьагъкIэ тета жылэхэм зыми ирагъэблэгъэфакъым сабий ныкъуэлIэхэр, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыдынкIэ шынэрти. 
ШыщхьэуIум и I3-м Беслъэней жылэм пэмыжыжьэу губгъуэм къыщыувыIащ гухэр. Ленинград къыдаша сабийхэм ящыщу Беслъэней нэсахэм я нэхъыщIэр илъэси 6 хъурт, нэхъыжьу яхэтыр илъэс I4 ныбжьым итт. Зыпэмыплъауэ къахуепсыха «хьэщIэхэм» гу лъызыта бзылъхугъэхэри кIуэтащ. Сабий мэжэщIалIэхэр зэралъагъуу, унафэ ящI сабийхэр къуажэм къыданэну икIи унагъуэхэм трагуашэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы сыхьэтым къриубыдэу сабий 32-м унагъуэ ягъуэтат. 
Махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, Беслъэнейри, гъунэгъу жылэхэм хуэдэу, нэмыцэхэм яубыдащ. Ленинград къраш сабийхэм журти яхэту жаIэу хъыбар зрагъэщIа нэмыцэхэм икIэщIыпIэкIэ ахэр къуажэм къыдашыжыну унафэ ящI, зэзышэлIа унагъуэхэр яукIыну, уеблэмэ зэрыжылэу ягъэкIуэдыну къокIуэхэр. АрщхьэкIэ, Беслъэней дэс цIыху I800-м щыщу зы цIыхум игу къэкIакъым бзэгу ихьыну е зыкъиумысыну. Нэмыцэхэм унэхэр къыздащым, бзылъхугъэхэр нэхъыфI дыдэу ялъагъу я бын хуэдэу, телъэщIыхьхэрт япIыну къащта цIыкIухэм. 
Сабийхэм журт зыбжанэ яхэтт (Кролик, Вейнер, Шахтман), ауэ къуажэдэсхэр епIэщIэкIри, колхоз правленэм ахэр щрагъэтхат адыгэ цIэ-унэцIэ иратри. Губжьым нэхъ пхъашэжь ищIа нэмыцэхэм унагъуэхэм щызэхахыр зыт: «Къуажэм хамэ сабий урысу, журту щытлъэгъуакъым, псори дыдейщ, адыгэхэщ». АпхуэдизкIэ гузавэхэрти, ленинград сабийхэр унэм къыщIагъэкIыртэкъым, адрей цIыкIухэм зэремыпсэлъэфым гу лъатэнкIэ шынэрти. Уеблэмэ, нэмыцэхэр Кавказ Ищхъэрэм итыху, ленинград сабийхэр пкIэунэм щытрагъэсаи, щIыунэм щыщагъэпщкIуаи щыIащ, кIыфI хъуа нэужь унэм щIашэжу. Апхуэдэу хуэсакъыурэ ажалым кърагъэлащ ныбжьыщIэхэр: зы цIыху шхын щхьэкIи лIакъым, нэмыцэхэми яукIакъым, узми ихьакъым. I942 гъэм шыщхьэуIум и I3-м беслъэнейдэсхэр зытегушхуа Iуэхур тынштэкъым, ауэ сыт хуэдизу мыгузэвами, гугъу емыхьами, ягъэпэжащ. 
Ленинград къраша сабийхэр къегъэлыным теухуауэ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэху зэфIигъэкIащ Беслъэней къуажэм и старостэу щыта Уэхъутэ Мурзэбэч. Арат колхозхэтхэр зэхуэзышэсу дэтхэнэми къищта сабийр и унагъуэцIэмкIэ иригъэтхыну унафэ зыщIар, сыт къащымыщIами, а щэхур ямыIуэтэну къуажэдэсхэм къажезыIар. Къару лъэпкъ ящIэмылъыжу Беслъэней къэса сабий мэжэщIалIэхэр я ныбэ изу игъэшхэн папщIэ лIыгъэ зэрихьауэ жыпIэ хъунущ Лыхь Хъусини. Зауэ зэман хьэлъэм, тезырышхуэ къытралъхьэнкIэ хъуну зэрыщытыр ищIэрэ пэт, зэIусэ мыхъуну колхозым иIэ гъэтIылъыгъэм щыщу курпэ, нартыху, фо, дагъэ ятригуэшат. Сабийхэм иджы адэ-анэ яхуэхъуахэм адыгэбзэ ирагъащIэрт, урысыбзэкIэ мыпсэлъэну елъэIухэрт. 
Дзэ плъыжьым нэмыцэхэр Беслъэней дихужащ I943 гъэм щIышылэм и I6-м. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зауэм къелащ мы сабийхэр. Абы иужькIэ сабийхэм я нэхъыбэр Теберда щыIэ санаторэм ягъэкIуащ. Ар километр 237-кIэ пэжыжьэт Беслъэней. ГукъэкIыж шынагъуэ епхащ абы. Советыдзэм къезауэу мэзым щIэсхэм япэщIэхуэри, яIэщIэкIуэдат. 
Зауэр иуха нэужь, беслъэнейдэс сабийхэм я ныкъуэхэр я адэ-анэм къагъуэтыжри, дашыжащ. Абыхэм яхэтащ адыгэ унагъуэхэр зыщымыгъупщахэри, зэкIэлъыкIуэу щытахэри. ЦIыху 14 къинащ а лъэхъэнэм Къэрэшей-Шэрджэсым. Абыхэм ящыщу плIыр – Агъыржанокъуэ Муса, Адзын Рэмэзан, Цей Владимир, Хэжь Рэмэзан – я ныбжьыр хэкIуэтэху псэуащ. Кролик Марк, Агъыржанокъуэ Муса хъуар, 2014 гъэм дунейм ехыжащ. 
ЕтIуанэ Дунейпсо зауэмрэ Холокостымрэ зэриухрэ илъэс 70-м щIигъу дэкIащ, ауэ нобэми абы хэтахэм я фэеплъхэр хъума зэрыхъуным цIыхухэр толажьэ. Ленинград къыдаша сабийхэр къезыгъэлахэм я фэеплъыр щащымыгъупщэну дыхуейт Урысейми Израилми. Шынагъуэшхуэхэмрэ ЛIыхъужьыгъэмрэ зыджу Иерусалим дэт институтым журтхэр нацистхэм ящызыхъума, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа лIыхъужьхэм «Праведники народов мира» цIэ лъапIэр яфIещ. I979 гъэм щегъэжьауэ а цIэр хуагъэфэщащ Урысейм и цIыху 200-м. Беслъэнейдэсхэм ящыщу сабийхэр зэзышэлIауэ щытахэм а цIэр фIищын хуейуэ къыдолъытэ Израилым. Абыхэм зэрахьа лIыгъэр щыхьэт тохъуэ сыт хуэдэ зэман шынагъуэ къэмыхъуами, псэзэпылъхьэпIэ ихуа цIыхур къезыгъэлыфын цIыху псэ къабзэ зэрыщыIэнум. Беслъэнейдэсхэм я лIыгъэм теухуа хъыбарым къигъэлъагъуэр зауэ зэман хьэлъэм цIыхухэм гумащIагъэ къазэрылъыкъуэкIам и закъуэкъым, атIэ лъэпкъ зэхэгъэж щыIэ зэрымыхъунум ар и щыхьэт нахуэщ». 

 

НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: