ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Езыр нобэ къытхэмытыжми, Хьэсэнрэ сэрэ 60 гъэхэм лъандэрэ дызэрыцIыхуу щытащ. КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетым щеджэми, ар филологхэм ди хамэтэкъым. И усэщIэхэр редакцэм ихьу къытригъэдзэн ипэ дыкъригъаджэрт.
Гъуазджэмрэ литературэмрэ пэжыжьэ IэщIагъэм хуеджэ щIалэр усэ тхыным зэрыдихьэхар ди гуапэт. Псом хуэмыдэу сэ ар нэхъ спэгъунэгъут, курыт школ нэужьым мэкъумэш хозяйствэмкIэ факультетым сыщIэтIысхьати. 
Зы илъэскIэ а къудамэм сыщеджауэ си тхылъхэр къыщIэсхыжащ, экзаменхэр стыри, филологие факультетым и студент сыхъуащ. Хьэсэн сэ нэхърэ нэхъ жыжьаплъэу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэм нэхъ зэпэгъунэгъу дищIат. Абы къыхиха унэтIыныгъэр имыхъуэжу инженер-механик IэщIагъэри зригъэгъуэтат. КъищынэмыщIауэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литинститутым щIэтIысхьэжри, щытхъукIэ къиухат.
Хьэсэн и усэ тхылъым теухуауэ мыр сигу къинэжащ. Черкесск къалэм и лицей №5-м и унафэщIым и къуэдзэ, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Астаховэ Татьянэ къыбгъэдэкI тхыгъэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къэкIуат. Абы итт гъэ еджэгъуэр и кIэм нэблэгъауэ, экзамен тыгъуэу, зэпеуэхэм я чэзууэ, и гъэсэнхэр еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIэтIысхьэным хуигъэхьэзыру, щIэныгъэ лэжьыгъэми хэту Тхьэзэплъ Хьэсэн диным теухуа и усэ тхылъыр бзылъхугъэм къызэрыIэрыхьар. А псом и унагъуэ Iуэхухэри къыхыхьэжат: пхъурылъху къыхуалъхуат, и къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт, и адэ-анэр сымаджэ хьэлъэт. КIэщIу жыпIэмэ, а лъэхъэнэм цIыхубзым куэд хузэтрихьат. Тхылъыр къыIэрыхьэри, махуэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIауэ, Татьянэ и адэр дунейм ехыжащ. Астаховэм и тхыгъэм Тхьэзэплъым фIыщIэ ин къыщыхуищIырт нэху, Iущыгъэ, цIыхугъэ зыхэлъ и усэхэм а махуэ хьэлъэхэр, и гуауэр къызэрыдагъэ-псынщIам, къару къызэрыхалъхьам папщIэ.

Апхуэдэу гуапэу бзылъхугъэр къыпэджэжат Хьэсэн и усэхэм. Псэм зегъэузэщIыным, диным теухуа апхуэдэ нэгъуэщI усэхэр иIэмэ иджыри хуигъэхьыну Татьянэ щылъаIуэм, «Горянка» газетым къытрыригъэдзат Хьэсэн и усэ гуп. УсакIуэм къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал иIэкъым и псалъэр цIыхухэм гунэс зэращыхъур. 
КъызэрысфIэщIымкIэ, псалъэр зи Iэщэ дэтхэнэми жаIэм и мыхьэнэмрэ цIыхухэм ар зэрызыхащIэмрэ гулъытэ хуащIын хуейщ.
Апхуэдэу щыхъукIэ, зы тхылъеджэм нэхъ мыхъуми и гум удыхьэфамэ, ар дахагъэм, гуапагъэм хуэбгъэушыфамэ, е зыхэт гузэвэгъуэм къыхэпшыфа-мэ, и усэхэм тригъэкIуэда зэманыр пщIэншэ хъуакъым. А къалэным Хьэсэн хуэIэкIуэлъакIуэт.

ГЪУТ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор.
Поделиться: