Жылагъуэ

Кашемир IэлъэщIым и щэхур

XVIII лIэщIыгъуэм Европэм модэ щыхъуащ кашемир IэлъэщIхэр. Мыгувэу, ар фIыуэ щалъэгъуащ Урысейми. Пэжщ, апхуэдэ IэлъэщIхэр егъэлеяуэ лъапIэт. Куэд дэмыкIыу урысхэм езыхэм ящIыжу зрагъэсащ кашемир IэлъэщI. Абы и Iэмалыр къигупсысащ урыс бзылъхугъэ хьэрычэтыщIэ Мерлинэ Надеждэ. ЛIакъуэлIэш къулей Колокольцев Аполлон ипхъут ар.

ГукъэкIыж IэфIхэр

 КIэрашэ Хьэзритрэ абы и къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэрэ бын хырых яIэу зы лъапсэшхуэм щыпсэурт. Илъэс къэс сабийхэр ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэм пэплъэрт.
Псом хуэмыдэу, тепыIэншэр Мишэрэ Вовэрэт - зы илъэс я зэхуакуу, накъыгъэм и 9-м къалъхуаитIыр. Къапщтэмэ, адрейхэр мащIэу а тIум къефыгъуэрт, апхуэдэ махуэшхуэм езыхэр къыщалъхуа махуэр техуэну я насып къызэримыхьам щхьэкIэ.

Ухуэныгъэм йоужьэрэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ иджырей мардэхэм тету дэтхэнэ зы цIыхуми медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуей хуэзэу и чэзум зэрырагъуэтыным.

Я нэIэ тетщ

Гъатхэр къызэрихьэрэ къэралым и щIыналъэ куэдым мафIэсхэр къыщыхъуу щIидзащ. Псом хуэмыдэу лей къатохьэ мэзхэм. Ди щIыналъэм и мэз хозяйствэхэри а Iуэхум хуэбэлэрыгъыркъым. ЩытыкIэм кIэлъыплъ инспекторхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Псом хуэмыдэу хуабэм и Iэужьыр нэхъ щынэрылъагъущ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм. Мэзхъумэхэм иджыпсту жыг къэс я щытыкIэр къапщытэ, ихыпхъэхэр ягъэбелджылы, абыхэм я пIэм жыгыщIэхэр зэрыхасэжыным хуэдэу.

ЦIыху куэд къришэлIэнущ

НэхъапэIуэкIэ и гугъу фхуэтщIауэ щытащ метр 4200 - кIэ Iэтауэ Iуащхьэмахуэ джабэм кIэрыт «Приют 11» альпинист хьэщIэщым иращIэкIыну лэжьыгъэхэм.

Iэбагъуэрэ ТIыбгрэ

Адыгейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ зи джабэщIыр мэзылъэрэ зи щхьэкIэр къырылъэ Iуащхьэхэу Iэбагъуэрэ ТIыбгрэ. 
Зэрыщыплъагъур дапхуэдэу атIэ, ахэр? – жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, жэуапри хьэзырщ: Мейкъуапэ укъыдэкIарэ псышхуэми (Щхьэгуащэ) убгъурыту, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ дэбгъэзеяуэ ущыкIуэкIэ, и ныджащхьэм узэрынэсу, къуэкIыпIэмкIэ хуэсэмэгу щIыкIэу плъэмыкIыу уезыгъэплъэкI джабэ нэкIу абрагъуэхэу жыг гуэрэныбэм щIигъэнахэм къахэлыдыкIыущ.  
ТIыбг и Iэхэлъахэм

Хьэуа

Дызэрыбауэ хьэуам и зэхэлъыкIэм уегупсысыну гъэщIэгъуэнщ. Ар зищIысым, щынэхъ къабзэм, щынэхъ псыIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ щIэныгъэм жиIэм деплъынщ. 
- Махуэм къриубыдэу цIыхум мин 22-рэ жьы жьэдешэ. Ар кубометр12м ноблагъэ. Хьэуауэ жьэдэтшэм и Iыхьэ плIанэм ди щхьэ куцIыр егъэнщI. 
- Хьэуам лъышэу (кислороду) хэтым нэхърэ азоту хэтыр зыкъомкIэ нэхъыбэщ. Азотыр процент 78-рэ, лъышэр - процент 21-рэ мэхъу. Хьэуам хэтщ нэгъуэщI газ лIэужьыгъуэхэри: углекислый газ, неон, водород. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ.

Уэрэдыжьхэр макъ жьгъырукIэ игъэIурт

 КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къуныжь Хьэждал Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ I93I гъэм мазаем и 3-м. Езым къиIуэтэжауэ зэрыщытащи, уэрэд жыIэным Хьэждал дезыгъэхьэхар и адэ ТIатIущ. Абы уэрэдыжьхэр дахэу жиIэрт, ахэр Хьэждал и гум ириубыдэрт, апхуэдэурэ, гукъэкI ищIат езым хузэфIэкIми еплъыжыну. И ныбжьэгъухэм яхэсмэ, гуп яхэтмэ, уэрэд зэпэдзыжхэр къыхадзамэ, фIэфIу ядипхъуатэрт. Къуныжьым япэу игъэзэщIахэм ящыщщ «Андемыркъан» и уэрэдыр. Зыми пимыщIу, жиIэрейуэ щытащ цIыхубэми фIыуэ яригъэлъэгъуа «СыныпхуокIуэж» уэрэдыр...

Украинэр и тегъэщIапIэу, КъухьэпIэм и фейдэ къелъыхъуэ

УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей мэлыжьыхьым и 24-м Нью-Йорк кIуащ ООН-м   ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым  иригъэкIуэкIыну зэIущIэшхуэм хэтыну. Абы къыщыпсалъэу министрым жиIащ КъуэкIыпIэ къэралхэр и лъэныкъуэ къищIын папщIэ КъухьэпIэр Украинэм ирисондэджэру.
США-мрэ европей къэралхэмрэ я апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр къыхокI КъуэкIыпIэм я Iуэхур къызэрыщимыкIыжым. Дуней псом унафэ щащIрэ, лъэпкъ мащIэхэм къадекIуэкI щэнхабзэр, я дуней тетыкIэр къызэрырамыдзэм зрагъэхъуэжыну ахэр зэрыхущIэмыкъум я зэран езыхэм къокIыж.

Кавказыбгхэр

Кавказыбгхэр телъыджэу дахэщ, уэсыщхьэщ, уардэщ, абрагъуэщ. Абыхэм егъэлеяуэ щIыпIэшхуэ яубыду зашэщI. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказыбгхэр къэхъуащ илъэс мелуан 25-рэ хуэдиз япэкIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ