Жылагъуэ

Кавказым и хъугъуэфIыгъуэхэм зыщагъэгъуазэу

 «РЖД» ОАО-мрэ Къээбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэгъусэу проектитI ди щIыналъэм щагъэзэщIэну зэгурыIуащ. Ар «Жемчужина Кавказа» гъущIгъуэгу круизхэмрэ «Гастрономический тур на Кавказ» проектымрэщ.
Тхьэмахуэ къэс «Жемчужина Кавказа» мафIэгум Налшык къалэ туристхэр къишэнущ. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зы махуэм къриубыдэу нэгузыужь зыплъыхьакIуэхэхэр щрагъэкIуэкIынущ. КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ дэкI хъунущ е зэрегуакIуэм хуэдэ унэтIыныгъэ щхьэхуэ къыхахыну хуитщ.

Иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщ

«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэу КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм щагъэзащIэ «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм пэщIэтын» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ IэмэпсымэщIэхэр щагъэуващ.

Анэбзэм теухуа гурыгъухэр

Псоми зэрытщIэщи, анэдэлъхубзэр пIурылъыныр къыщежьэр унагъуэращ. Дунейм уеплъмэ, зэманым зыдихъуэжурэ макIуэ. Лъэпкъри апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм демыкIумэ, адрей лъэпкъхэм якIэщIыхьэнукъым. Къуажэхэм дыщыдэс лъэхъэнэм, дэ бзэ зэгъэщIэным теухуауэ зы гугъуехьи дыхэтакъым уеблэмэ, нэгъуэщIыбзэ щыIэу дымыщIэу дыкъэхъуащ ди школ кIуэгъуэ хъуху. Зэманыр кIуэурэ цIыхур псэун щхьэкIэ, къалэхэм Iэпхъуэу хуежьащ. ЗдэIэпхъуам и щхьэ къатым тесри, и лъабжьэм щIэсри, къыбгъурысхэри нэгъуэщI лъэпкъыу зэрыщытым къыхэкIкIэ, нэгъуэщIыбзэкIэ упсэлъэн хуей мэхъу.

Адыгэлъ сщIэту къыщIэкIынщ

Кайя Ялчын езыр лъэпкъкIэ тыркущ, ауэ адыгэхэр егъэлеяуэ фIыуэ елъагъу, ди лъэпкъэгъу ныбжьэгъу куэд иIэщ. Абы тхылъ тIощIым нэблагъэ къыдигъэкIащ, иужьрейр зытриухуар зэрыцIыкIурэ къызыдэгъуэгурыкIуэ адыгэхэрщ. Ялчын куэд щIауэ ецIыху адыгэхэр, абыхэм я хъыбар зэхиха, лъэпкъым и  щхьэ кърикIуар къищIа нэужь, абы нэгъуэщIхэри щигъэгъуэзэн хуейуэ къилъытэри, адыгэм теухуа дэфтэру къигъуэтар   лъабжьэ зыхуищIа тхылъ итхащ, напэкIуэцI I700-м щIигъуу.

Анэдэлъхубзэм и къалэн

«Анэдэлъхубзэр маржэ!.. Анэдэлъхубзэр!..» жытІэху, ар сытми лъэпкъыр хъума хъун щхьэкІэ жытІэ къудей хуэдэу языныкъуэхэм къащохъур. Пэжщ, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр псом япэу и бзэр аращ. Бзэншэ лъэпкъыр псэншэщ, щІыжаІари аращ. Ауэ «анэдэлъхубзэр маржэ!.. Анэдэлъхубзэр!..» щІыжытІэр абы и закъуэкъым, атІэ, уи сабий ебгъэфІэкІуэну, нэхъ гурыхуэ пщ1ыну, нэхъыфІу ебгъэджэну ухуеймэ абы и щхьэр, и акъылыр псыхьа зэрыхъунур и анэдэлъхубзэрщ. Пэж дыдэу анэдэлъхубзэр щхьэгъэпсщ,  щІэнгъэпсым (компютерым) илъ программэ оригиналым хуэдэщ.

Си анэшхуэм и дерс

Дыгъэ жьэражьэм нартыху щхьэц бэлацэхэр хуэмыпIащIэурэ игъэлыгъуэрт. Гъэр зи кIыхьагъым езэш зымыщIа бзухэр зэдежьуууэ ихъуреягъым щыбзэрабзэрт, ди хьэжьми, ду щIагъыр жьэуапIэу къигъуэтауэ, жейнэд гуфIэкIэкIэ къысхукъуэплъырт.

Нобэ хуэдэу псори си нэгу къыщIохьэж: си IитIыр дафэ щхъуантIэхэм фIыцIафэу ираIат. Сэ сфIэгъэщIэгъуэну сахэплъэрт ди пщIантIэм чэзуууэ, кIэщI-кIэщIурэ къыдыхьэурэ си адэм сэлам гуапэкIэ къригъэблагъэхэм. КъызыфIэзмыгъэIуэхуурэ захуэзгъэлIышхуэт, арщхьэкIэ гулъытэ лей зыми къысхуищIыртэкъым.

Шыргупс – Щэхъурадж - Чехрак

    КъухьэпIэ Кавказым щежэх псыхэм ящыщ зыщ. Лабэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ холъадэ.

Зэреджэм и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Ар тыркухэм я бзэм къытехъукIауэ тезыгъэчыныхьхэм «чага» Iыхьэр «псы» псалъэм, «арык» пычыгъуэр «цIыкIу» мыхьэнэм хуагъакIуэ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, «Чагарык» жыIэкIэр и лъабжьэщ ди зэманым кIахэ адыгэхэм къагъэсэбэп «Щэхъурадж» щIыпIэцIэм, къэпсэлъыкIэхэр щIызэщхьэщыкIам и щхьэусыгъуэри фонетикэм къыщыхъу хабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуахь.  

Гагарин Юрий и цIэр мыкIуэдыжынщ

Мэлыжьыхьым и 12-р ди къэралым щагъэлъапIэ Хьэршым и махуэу. 1961 гъэм нобэ хуэдэ и махуэм дунейм къыщыхъуауэ щытам, цIыхур япэу хьэршым зэрылъэтам, мыхьэнэшхуэ щиIащ жылагъуэм. Зэи къэмыхъуауэ, ЩIым илъэтыкIщ, вагъуэхэм пхылъэтри, цIыхур нэсыфат хьэрш жыжьэм. Тхыдэр IыхьитIу игуэшауэ щытащ а къэхъукъащIэм. Дуней псом зэуэзэпсэу щызэлъащIысат хьэршым кIуэ гъуэгур япэу пхызышауэ щыта Гагарин Юрий и цIэр. 

Хэку зауэшхуэм и зы напэкIуэцI гууз

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъэм пхыкIа къэралхэм мэлыжьыхьым и 11-м ягъэлъапIэ фашист гъэрыпIэхэм къикIыжахэм я дунейпсо махуэр. Ар ООН-м иубзыхуащ 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м, Совет армэр гъунэгъу къызэрыхъур къащIэу, Бухенвальд концлагерым гъэру исахэм зыкъыщаIэта махуэм и фэеплъу.

А махуэм ягу къагъэкIыж фашист гъэрыпIэхэм илIыхьахэр, абыхэм яхэтт балигъ мыхъуа куэди. Ар Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцI гуузщ.

Псы ежэххэм я щытыкIэм кIэлъыплъынущ

«ЩIыуэпс» лъэпкъ проектым хиубыдэу «Росводресурсы» IуэхущIапIэм Урысейм и щIыналъэхэм сом меларди 2,5-м нэс яхуиутIыпщынущ. Ар трагъэкIуэдэнущ псы ежэххэр гъэкъэбзэным.

2019 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэзащIэ лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ псы Iуфэу километр 200 - м нэс, псы ежэхыу 10 ягъэкъэбзащ, псы хъумапIэу гектар мин 13 зэрагъэпэщыжащ. А Iэхухэр зэгъусэу кърахьэлIащ псы ежэххэмкIэ федеральнэ агенствэмрэ «Росводресурсы» IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэхэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ