Жылагъуэ

ЛъэкIыр куэдт, и пщIэр лъагэт

Ди республикэм и пщIэр лъагэу зыIэта, щIэныгъэ Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа профессор цIэрыIуэ МэкIэтIей Абдулэхь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут. 

Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым

«Къалэ кIуэцIхэр зэIузэпэщ щIын» лъэпкъ проектым хиубыдэу Дыгулыбгъуейм и Бахъсэн уэрамыр къагъэщIэрэщIэж.
Къэбэрдей - Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ яубла Iуэхум ипкъ иткIэ бетон къэухьхэр Iуахащ,  лъэс зекIуапIэу метр зэбгъузэнатIэ 2500-м плиткэ иралъхьэнущ, 4557-р асфалъткIэ къращIыкIынурэ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэну урнэхэмрэ щагъэувыжынущ. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зыгъэпсэхупIэу щытыну щIыпIэхэр зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщынущ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ.
Лэжьыгъэ псори фокIадэм нэмысу зэфIагъэкIын хуейуэ щытщ.

Iуэху пэжхэм щыхьэт техъуэу

Мэлыжьыхьым и 19-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. ГущIэгъуншагъэр къэзыгъэлъэгъуэж» гъэлъэгъуэныгъэр.
Абы къыщыхьа дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ топсэлъыхь НАТО-р хэту дуней псом щекIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэхэм - 1940 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху.
Гъэлъэгъуэныгъэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшащ, Америкэр Хиросимэрэ Нагасакирэ зэрызэтрикъутауэ щытам, США-мрэ абы и Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэмрэ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и ужькIэ СССР-м теуэну зэрагугъам  щытепсэлъыхьу.

ХамэщIыр зи натIэ хъуахэр

Тыркум щыIэ Чорум къалэм и Iэшэлъашэхэм шэрджэс къуажэу 32-рэ щыIэщ (шапсыгъ къуажэу 10, беслъэнейуэ 8, абэзэхэу 8, натыхъуейуэ 3, къэбэрдейуэ 2, абазэу I). Мы щIыпIэм адыгэу мин 24-рэ щопсэу.
Киркделим (Анжыкъуей) беслъэней къуажэр километр 20-кIэ пэжыжьэщ Чорум. Абы адыгэу 130-рэ щопсэу: Агъыржанокъуэхэ, Шыгъурхэ, Хьэвхэ, Джатэрывэхэ, ДыщэкIхэ, Хьэгъэжейхэ, Дэхъушокъуэхэ, Хьэмкъутхэ, Молэныкъуэхэ, Мамышхэ, Щынахъуэхэ, Хъурейхэ, Адзынхэ, АфэщIыжхэ, Къулыкъуэхэ, Чичэхэ. Я анэдэлъхубзэр жылэм дэс псоми ящIэ.

ЦIыху псори щызэкъуэувэ махуэ

«Полк уахътыншэ» урысейпсо Iуэхур зэраубзыхуауэ щытам хуэдэ дыдэу мы гъэм ирагъэкIуэкIынущ. ЦIыхухэр я уэрам нэхъыщхьэхэм ирикIуэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда я адэшхуэхэм, Iыхьлыхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
Абы иджыблагъэ тепсэлъыхьащ «Урысейм и полк уахътыншэ» ООД-м и штаб нэхъыщхьэм и унафэщIхэм ящыщ, генерал-полковник, Георгий Щихъым и орденым и IV нагъыщэм и кавалер Макаров Сергей.
«ЦIыхухэм хъыбарыфIкIэ дадэгуэшэну дыхуейщ «Полк уахътыншэр», хабзэм тету зэрекIуэкIынур яжетIэу», - къыхигъэщащ абы.

Гъуэгум

Уэшх къешхыу щIалитI гъуэгум ирикIуэрт. УэрамдэкI гуэрым нэсауэ хуэзащ гъуэгум ирижэ псыхьэлыгъуэм зэпрымыкIыф хъыджэбзым. Зы щIалэм ар псы шэдым зэприхащ. Я гъуэгу теувэжа нэужь мыдрейр щымт, зыгуэрым егупсысу. Хуэмышэчыжу япэм ехъурджэуащ.

Адыгэу дэнэ щIыпIи укъыщызэтенэфынущ

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэр къызэхъулIа цIыху насыпыфIэхэм ящыщ Едыдж Нихьаи.

ЦIыхуипщIым IэнатIэ щагъуэтынущ

Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Абазэ Аслъэнрэ хьэрычэтыщIэ Абазэхэ Борисрэ иджыблагъэ щызэIущIащ пхъэм щелэжьу Прохладнэ къалэм щыIэ IуэхущIапIэм.
Ахэр тепсэлъыхьащ хабзэм ебэкъуауэ, ауэ тутнакъэщым имысу зи къуаншагъэхэр зыгъэзэкIуэжыну хуит ящIахэм ящыщхэр а IуэхущIапIэм щыгъэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэ зэщIылIэным. Абы и фIыгъэкIэ цIыхуипщIым IэнатIэ ягъуэтынущ. Абыхэм ящIынущ пхъэм къыхэщIыкIа тегъэувапIэхэр.

Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIэкIуэну зэгуроIуэ

УФ-м и Къэрал Думэм узыншагъэр хъумэнымрэ онкологие дэIэпыкъуныгъэр зэрыхуащIэм теухуа IуэхухэмкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм «онлайн» жыпхъэм иту хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр.

Дыгъэ нэгъуджэми тхыдэ иIэщ

Дыгъэ нэгъуджэр къыщежьа зэманыр нэсу зэхэкIакъым. Къапщтэмэ, пасэм, Ищхъэрэ Жыжьэм щыпсэухэм уэсым я нэхэр щимыгъэункIыфIыкIын щхьэкIэ къагъэсэбэпу щытащ пхъафэм, фэм е къупщхьэм къыхэщIыкIа, псыгъуэ дыдэу къибзыкIа нэIулъхьэхэр. Совет тхакIуэ Рытхеу Юрий «Сон в начале тумана» и романым мыпхуэдэу щыжеIэ: «Дыгъэр пасэу къыщIэкIырти, нэпкъхэм я ныбжь кIыхьхэм зызэхуашэжырт. Уэсым нэр щигъэункIыфIыкIырт. Я нэхэр щIимысыкIын щхьэкIэ, щакIуэхэм къагъэсэбэпырт фэм къыхэщIыкIа, псыгъуэ кIыхьу къибзыкIа нэгъуджэ. Абыхэм нэм къиплъысынур куэдкIэ ягъэмащIэрт.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ