Жылагъуэ

Бзэ миниблым лъабжьэ яхуэхъуа пасэреибзэхэр

ЩIэныгъэм зэрыжиIэмкIэ, цIыхур адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зы закъуэщ - ар мэпсалъэ. НобэкIэ дунейм тетщ бзэ мини 7 зезыхьэ цIыху меларди 7,6-рэ. Дызэрыщыгъуазэщи, щыIэщ къэралыгъуэхэр, лъэпкъ щэ бжыгъэхэр щыпсэурэ, дэтхэнэ зыми езым и бзэрэ и хабзэрэ иIэжу. Гува-щIэхами цIыхур зыщIогупсысыкI: хэт и бзэр нэхъыжь, сыт хуэдэ лъэпкъ псори къызытехъукIыжар, сыт хуэдэбзэ япэ цIыхухэм яIурылъар, щхьэ бзэм зигуэша, дауэ къызэрыунэхуар бзэ мини 7-м щIигъур?

Зи быным епцIыжа цIыху цIэрыIуэхэр

Сабийр балигъыпIэ иувэху къэзылъхуа и адэ-анэм епхащ сыт и лъэныкъуэкIи. Языныкъуэ адэ-анэхэм тынш дыдэу быным и жагъуэ ящIыф, и гур ираудыф, йопцIыжыф, ди жагъуэ зэрыхъунщи. 

Полимер лIэужьыгъуэщIэхэм елэжьынущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлI гупым Урысей щIэныгъэ фондым и грантыр иджыблагъэ къахьэхуащ.

Тхыдэм и фэеплъхэм я махуэ

 «Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту, а махуэр зы илъэс къэмынэу гъэлъэпIэным теухуа унафэ 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм къищтащ.

Дэфтэрхэм фыкIэлъыплъ

УФ-м и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм республикэм щыпсэухэм захуегъазэ абы ирахьэлIэ дэфтэрхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну. 

Хэхэс адыгэхэр

Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуаниблым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ мащIэщ. Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми.

Тутнакъхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудын папщIэ

КъБР-м и прокуратурэм къудамэ хэха иIэщ щIэпхъаджагъэ зыщIэу суд унафэкIэ тезыр зытралъхьахэм ар щрагъэпшыныжкIэ къэрал законхэр гъэзэщIа зэрыхъум, щхьэхуимытхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным кIэлъыплъу.

Загъасэ, зэпеуэ щIыкIэу

Урысей Федерацэм КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и министерствэм (МЧС-м) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил и унафэм щIэту, мэлыжьыхьым и 14-м Налшык къалэ къедза щIыпIэм щрагъэкIуэкIащ щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт унэхэр, экономикэмрэ мэкъумэшымрэ егъэщIылIауэ дэнэкIи щыIэ ухуэныгъэхэр мэзхэмрэ тафэхэмрэ къыщыхъей мафIэсхэм ящыхъумэным хуэгъэза зыгъэсэныгъэхэм я 3-нэ Iыхьэр. Iуэхум хэтащ республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэри. 

Гур зыхуеIэм Iэр лъоIэс

Бухгалтер АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, уеблэмэ «Sai­Jamin»  зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр цIэрыIуэ  хъуащ. Абы цIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэ­хьэзыра лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуэну хунэсащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм.  Абы утыку кърихьа щыгъынхэр къытра­дзэжащ L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм.

Адыгэ къамылым и щIэнгъуазэ

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Художест­вэхэмкIэ Урысей академием и дипломат ГъукIэ Замудин и «Адыгэ къамыл» тхылъы­ш­хуэм лъэтеувэ щращIэкIащ Сэралъп Мадинэ и арт-центру Налшык дэтым. Тхылъыр ­къаIэрыхьэну хуейуэ дунейм къытехьэн ипэ и уасэр хэзылъхьахэм щIэныгъэлIыр щаIущIэ пшыхь гуапэт ар.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ