Жылагъуэ

Хэкур тхуэзыхъумахэм щхьэщэ яхуэфащэщ

Тыркум и Мараш вилайетым щыпсэухэр хэкужьым и Джылахъстэней щIыналъэм икIахэрщ. Ахэр къуажэ-къуажэу зэхэтIысхьэри, я бзэр, щэнхабзэр яхъумэу къызэдекIуэкIащ. Иджыри къыздэсым абы щызэхуосыж адыгхэр, щIэх-щIхыурэ Адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр къызэрагъэпэщ.

IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщ

Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди республикэм щагъэзащIэ «Къуажэ дохутыр» къэрал программэр. Ар хуэунэтIащ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным, абы ипкъ иткIэ къуажэхэм щылэжьэну кIуэ дохутырхэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэнущ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща мэхъу, къуажэхэми зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлIхэр ягъуэт.

Къуршым къех ятIэпсыр: къызыхэкIымрэ зэрызыщахъумэ Iэмалхэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кIэщI-кIэщIурэ къыщохъу щIыуэпс насыпыншагъэ зэхуэмыдэхэр. Абыхэм ящыщщ цIыху гъащIэхэр зыхь, гъуэгухэр зэхэзыкъутэ, цIыху мин бжыгъэхэр гужьеигъуэ изыгъэувэ ятIэпс къеххэр. Сыт ар зищIысыр, дэнэ къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

Пэрытхэм я пэрытыж

Хьэгъэжей Джонсон ящыщщ къызыхэхъухьа лъэхъэнэр лэжьыгъэшхуэ­кIэ зыгъэнщIа цIыху щыпкъэхэм. Къэралым и экономикэм и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм я зыужьыныгъэр абы къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Ар наIуэ пщещI тегушхуауэ къикIуа гъуэгуанэмрэ и гуащIэ хьэлэлым къы­пэкIуа пщIэмрэ.

Владикавказ къалэм дэт Бгы-металлург институтыр фIы дыдэу къэзыуха щIалэм Сыбыр Жыжьэр къыщыхуагъэлъагъуэм, зымащIэкIи зрилъэфыхьакъым. Мы гъащIэм Iуэхушхуэхэр къызэрыщыпэплъэр ищIэ нэхъей, кърагъэза дзыхьым иригушхуэу гъуэгу техьащ. Ар 1961 гъэрт.

Лъэбакъуэ минипщI

Узыншагъэм и дунейпсо махуэм Налшык щекIуэкIащ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ 10000» Iуэхугъуэр. Ар хуэгъэзащ цIыхухэр я щытыкIэм кIэлъыплъыжыным гулъытэ хуегъэщIыным.

Куэдрэ щыпсэу щIыпIэхэр

ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIы­пIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федераль­нэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм. 

Ди щыхьэрыр зэIузэпэщ ящI

Налшык и уэрам нэ­хъыщ­хьэм, Лениным и проспектым, и лъэс зе­кIуа­пIэм йолэжь.

Дахагъэм и пщалъэхэр

Дахагъэм лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэхуэдэу еплъыркъым. 

Псэм щыщIэр наIуэ къэзыщIыфыр

Къэралым и къалащхьэ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди лъа­хэгъу адыгэ щIэныгъэлI, бзэм и философ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъан ТIутIэ и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа «Ecce homo, или Жизнь вопреки» тхылъ гъэщIэ­гъуэныр.

КъегъэлакIуэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI

Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэ­кIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ ­химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэ­нэмэ, гъэункIыфIынымрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ