Тутнакъхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудын папщIэКъБР-м и прокуратурэм къудамэ хэха иIэщ щIэпхъаджагъэ зыщIэу суд унафэкIэ тезыр зытралъхьахэм ар щрагъэпшыныжкIэ къэрал законхэр гъэзэщIа зэрыхъум, щхьэхуимытхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным кIэлъыплъу. Абы и унафэщI Къуэкъуей Артик яIущIащ Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм. ЗэIущIэм щызэпкърахащ ахэр я лэжьыгъэм зыщыхуэзэ щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Къапщтэмэ, зи къуаншагъэр къызыгурыIуэжа тутнакъхэу гъуэгу захуэм теувэжахэр, хабзэм афIэкIа емыбэкъуэну къалъытэхэр къэутIыпщыжыным е щхьэхуимыту щаIыгъыну хуагъэува зэманым щыщу къахуэнэжа тезырыр нэхъ щабэкIэ яхузэхъуэкIыным ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|