Урысей Федерацэм КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и министерствэм (МЧС-м) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил и унафэм щIэту, мэлыжьыхьым и 14-м Налшык къалэ къедза щIыпIэм щрагъэкIуэкIащ щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт унэхэр, экономикэмрэ мэкъумэшымрэ егъэщIылIауэ дэнэкIи щыIэ ухуэныгъэхэр мэзхэмрэ тафэхэмрэ къыщыхъей мафIэсхэм ящыхъумэным хуэгъэза зыгъэсэныгъэхэм я 3-нэ Iыхьэр. Iуэхум хэтащ республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа унафэм (№ 64-ПП) къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ди республикэм мафIэсхэр нэхъ къыщыхъурей лъэхъэнэм и щIэдзэгъуэу мы гъэм къалъытар мэлыжьыхьым и 1-рщ.
Дызытепсэлъыхь зыгъэсэныгъэхэм щызэпалъытащ зи гугъу тщIы къулейсызыгъэм хуэдэхэм япэщIэтынымкIэ Iэмалу яIэхэмрэ къарууэ ирахьэлIэфынур зыхуэдэмрэ.
КъызэрыхагъэщамкIэ, зэпеуэ щIыкIэу къызэрагъэпэща Iуэхур, зыхуагъэувыжа пщалъэхэм къитIасэу, ехъулIэныгъэ хэлъу зэфIагъэкIащ, мы IэнатIэм пыщIауэ КъБР-м щыIэ IуэхущIапIэ псори зи гугъу тщIы къызэрымыкIуэ щытыкIэм хуэдэхэр къэмыгъэхъуным сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзырщ.