Жылагъуэ

Европэм пэIэщIэу Iыгъын

Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. Хроника жестокости» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ. Ар къы­зэ­рагъэпэщащ Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музей  нэхъыщхьэмрэ КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ.

Театрхэм я щIэгъэкъуэн быдэ

Режиссёр пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI Iэ­щIагъэлIт Урысей-Федерацэм, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и ­лауреат, спектакль куэд лъэпкъ теат­рым и сценэм щызыгъэува, актёрхэм я гъуэгугъэлъа­гъуэ пажэ, зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэ­жьакIуэхэми пщIэ зыхуащI Теувэж СулътIан.
 

«Лъы тыи, гъащIэр къегъэл»

УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьауэ 2007 гъэ лъандэрэ мэлыжьыхьым и 20-м Урысейм щагъэлъапIэ Лъы тыным и лъэпкъ махуэр. Псом япэрауэ, ар хуэгъэпсащ зыгуэрым дэIэпыкъун папщIэ лъы зыт дэтхэнэми. Апхуэдэу я махуэщ лъы хэзышхэми абы пыщIа Iуэхугъуэ псори тэмэму зэфIэгъэкIа хъуным епха дохутырхэми.

Есэпыр зыджхэр

ЗэрытщIэщи, мэлыжьыхь мазэм и пэщIэ­дзэм хуозэ Есэпыр зыджхэм я махуэр. Дунейпсо махуэгъэпсым «плъыжьу» къы­щы­хэмыгъэщами, ехьэжьауэ ямыгъэмахуэш­хуэми, ар ягъэлъапIэ а щIэныгъэм зи гъащIэр езыпха студентхэм, аспирантхэм, егъэ­джакIуэхэм икIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, есэп къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм щылажьэ щIэныгъэлIхэм.

Хабзэхъумэ 200-м щIигъум лъы ятащ

Лъы зытым и махуэм Налшык къалэм щекIуэкIа псапащIэ Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэри. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщащ республикэм и районхэми.

УнэтIакIуэ телъыджэ

Мэлыжьыхьым и 22-м ди къэралым и щIыналъэ куэдым щагъэлъапIэ революционер, публицист, совет политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо тхыдэм щыяпэу социалист къэрал – СССР – къызэзыгъэпэща Ленин (Ульянов) Владимир къыщалъхуа махуэр. 

Сымаджэхэм папщIэ лъы ят

«Гум къыбгъэдэкIыу» акцэм хыхьэу икIи Лъы зытым и махуэр Урысей щыщагъэлъапIэм ирихьэлIэу УФ-м и Лъэпкъ гвардием и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм лъы ятащ щIыналъэм и медицинэ IэнатIэхэу абы хуэныкъуэхэм папщIэ. 

ЛъэкIыр куэдт, и пщIэр лъагэт

Ди республикэм и пщIэр лъагэу зыIэта, щIэныгъэ Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа профессор цIэрыIуэ МэкIэтIей Абдулэхь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут. 

Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым

«Къалэ кIуэцIхэр зэIузэпэщ щIын» лъэпкъ проектым хиубыдэу Дыгулыбгъуейм и Бахъсэн уэрамыр къагъэщIэрэщIэж.
Къэбэрдей - Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ яубла Iуэхум ипкъ иткIэ бетон къэухьхэр Iуахащ,  лъэс зекIуапIэу метр зэбгъузэнатIэ 2500-м плиткэ иралъхьэнущ, 4557-р асфалъткIэ къращIыкIынурэ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэну урнэхэмрэ щагъэувыжынущ. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зыгъэпсэхупIэу щытыну щIыпIэхэр зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщынущ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ.
Лэжьыгъэ псори фокIадэм нэмысу зэфIагъэкIын хуейуэ щытщ.

Iуэху пэжхэм щыхьэт техъуэу

Мэлыжьыхьым и 19-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. ГущIэгъуншагъэр къэзыгъэлъэгъуэж» гъэлъэгъуэныгъэр.
Абы къыщыхьа дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ топсэлъыхь НАТО-р хэту дуней псом щекIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэхэм - 1940 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху.
Гъэлъэгъуэныгъэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшащ, Америкэр Хиросимэрэ Нагасакирэ зэрызэтрикъутауэ щытам, США-мрэ абы и Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэмрэ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и ужькIэ СССР-м теуэну зэрагугъам  щытепсэлъыхьу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ