Хабзэхъумэ 200-м щIигъум лъы ятащ![]() Лъы зытым и махуэм Налшык къалэм щекIуэкIа псапащIэ Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэри. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщащ республикэм и районхэми. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм, абы и щIыналъэ органхэм я IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэ 200-м щIигъум лъы ятащ а махуэ. Хабзэхъумэхэм ящIэ зи узыншагъэм тегузэвыхьым и чэзум дэIэпыкъуэгъу хуэхъуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Iэмал имыIэу лъы зыхэкIэн хуей цIыху сымаджэщым къыщыщыхутэну дакъикъэр зыми ищIэркъым.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





