Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащКъэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр. Ар теухуат къаугъэ къыхэмыкIыу, псалъэкIэ щытыкIэ гугъухэр зэрызэблагъэкI щIыкIэхэм щIалэгъуалэр хуэущииным, дипломатие хабзэхэр, политикэ дунейм и мызакъуэу, гъащIэми цIыхухэр зэгурызыгъаIуэ IэмалыфIу зэрыщыщытым фIэщхъуныгъэ хуегъэщIыным. Зэхуэсым хэтащ КъБКъУ-м щыIэ студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу цIыхуи 150-м нэблагъэ, Налшык къалэм дэт 4-нэ гимназием и дипломатие классым щIэс ныбжьыщIэхэр, Осетие Ищхъэрэ – Аланием къикIа еджакIуэхэр. Iуэхугъуэ дахэр къызэIуахащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и лIыкIуэ Нюппэ Сергей, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэчийм зегъэужьынымкIэ уардэунэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ сымэ. ЩIалэгъуалэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, Нюппэ Сергей къыхигъэщащ зэIущIэм къызэрырихьэлIам зэрыщыгуфIыкIыр, псалъэмакъ щхьэпэм къыхыхьэу и гупсысэхэмкIэ ядэгуэшэну Iэмал иIэ зэрыхъуар. «ООН-р къыщызэрагъэпэщым, я жылагъуэ ухуэкIэм, я къэрал кIуэцI Iуэхухэр зэраубзыхум, щIыуэ яIыгъым и инагъым, абыхэм цIыхуу щыпсэум емылъытауэ, сыт хуэдэ къэралми и гуныкъуэгъуэхэр къыхилъхьэу, абыхэм я зэфIэхыкIэ хъунум епха чэнджэщхэм едэIуэну, Iуэху еплъыкIэхэр зригъэщIэну, езыми иIэ бгъэдыхьэкIэхэмкIэ нэгъуэщIхэм ядэгуэшэну ягъэпсащ. Нэхъыщхьэращи, захуагъэм тету, зэхуэдэныгъэр и тегъэщIапIэу, щыпкъагъэр я гъуазэу зэкъуэуващ лъэпкъыбэр. Апхуэдэ гуращэ яIэу зэувэлIа къэралхэм я нэгу щIэкIат ЕтIуанэ дунейпсо зауэм цIыхум къыхуихьа гузэвэгъуэм и инагъыр, узэмыпсалъэмэ, дипломатие зэхущытыкIэхэр умыгъэбыдэмэ, пхуэмыузэхужын щыуагъэ куэд пIэщIэкIынкIэ зэрыхъунур. Зэгухьэныгъэм къищта унафэхэм я лъабжьэр къэралхэм я щхьэхуитыныгъэхэр хъумэнырщ, демократие бгъэдыхьэкIэ зиIэ Iуэху щIэкIэр япэ игъэщынырщ. Сэ си фIэщ мэхъу мы зэIущIэм къекIуэлIа ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIыр апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм тегъэпсыхьауэ зэрыщытым, къыхалъхьэну лэжьыгъэхэм демократиемрэ лъэпкъхэм я зэхуэдэныгъэмрэ тегъэщIапIэ зэрыхуащIынум», – жиIащ Нюппэ Сергей. Емуз Нинэ ибзыщIакъым зэIущIэр зытеухуа Iуэхугъуэ щIагъуэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрыщыгугъыр, абы къыщаIэт гупсысэхэмрэ къыщыхалъхьэ пэхуэщIэхэмрэ гъащIэм хэпща зэрыхъунур и фIэщ зэрыхъур. «Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр щапхъэщ. Абы тращIыкI бзыпхъэм узэщIыныгъэ къаруушхуэ хэлъщ. ДыщIызэхуэса Iуэхугъуэхэр ди дежкIэ щыпэщIэкъым. Дэ зыбжанэ лъандэрэ дыкIэлъоплъ щыхьэрым дэт 4-нэ гимназием и дипломатие классым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, абы щеджэ ныбжьыщIэхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм. Ахэр утыкушхуэхэм йохьэ, я пэхуэщIэхэр дипломатхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ ирагъэлъагъу, кIуэрабгъухэмрэ Iэмалхэмрэ зэралъытурэ хаша лъагъуэм ирокIуэ. Дэ къытщIэувэ щIэблэм я гупсысэкIэр жану щытын хуейщ, жыпIэнуращи, дуней гупсысэкIэм и жыпхъэм иту къэхъун хуейщ. Абы дызэрыпэлъэщын гуащIэ диIэщ. ФефIэкIуэну си гуапэщ!» – захуигъэзащ щIалэгъуалэм Емуз Нинэ. КъулыкъущIэм зи гугъу ищIа дипломатие классыр къызэрызэIуахрэ илъэс зыбжанэ хъуащ. А пIалъэм къриубыдэу классым щеджэхэр зэхуэс, Iэнэ хъурей, зэхьэзэхуэ бжыгъэншэхэм хэтащ, я зэфIэкI ягъэлъагъуэу. ИкIиклассым и цIэр фIыкIэ къраIуэ хъуащ, иригъэкIуэкI щIэныгъэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэм УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэр щыгъуазэщ, дэIэпыкъуэгъу-чэнджэщэгъу къащыхуэхъуи къыхокI. Дипломат классым щеджэхэм я унафэщI Джэдгъэф Зули зэрыжиIамкIэ, иджыблагъэ ныбжьыщIэхэр хэтащ урысей дипломат Чуркин Виталий и фэеплъу Мэзкуу щызэхаша Дунейпсо щIэнIуатэм. «Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэхэр–2024» фIэщыгъэр зиIэ а зэхуэсым программэшхуэ иIащ. Япэрауэ, абы и утыкум ихьэнухэр урысыбзэм къыдэкIуэу, инджылызыбзэми фIы дыдэу ирипсэлъэн хуейт. ЕтIуанэрауэ, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм интернет дунейм шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм ещхь къызэригъэпэщу, а IуэхумкIэ екIуэкI псалъэмакъ-зэныкъуэкъум хэтын хуейт, къыхалъхьэ гупсысэхэм лъабжьэ яIэу, ар къызыхах щапхъэхэр убзыхуауэ икIи гъэхуауэ къаIуатэу. Ещанэрауэ, ди ныбжьыщIэхэр хэтын хуейт ООН-м и Экономикэ, жылагъуэ советым лэжьапIэ къэзылъыхъуэ цIыху Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхум зэIумыбзу хэлъыр зэфIэхынымкIэ иригъэкIуэкIа Iэнэ хъурейм. Къэрал куэдым я лIыкIуэхэр мы Iуэхухэм зэхуэмыдэу йоплъ, зэпымычу зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, зым фIэкъабылыр адрейм къыщимыщтэр нэхъыбэщ, абы къыхэкIыу зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщ, лэжьыгъэр зыубзыху резолюцэхэр зэхагъэувэ, ауэ унафэ пыухыкIам щыхуэмыкIуэф куэдрэ къохъу. Иджы мы «Бзыпхъэхэр» теухуащ балигъхэм я акъылыр зыхуэмыкIуэм сабийхэм я гупсысэр техуэнкIэ зэрыхъунум. Дэри щIэнIуатэр ди Iэзагъым щыхэдгъахъуэ щIыпIэу къыдолъытэри, Iэмал зэриIэкIэ блэдмыгъэкIыу дыхохьэ, зыщыдогъэлъагъуэ», – жиIащ Джэдгъэф Зули. ЩIэнIуатэм ипкъ иткIэ утыку псэлъэкIэм хуэгъэпса мастер-классхэр екIуэкIащ, адыгэ икIи балъкъэр лъэпкъ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэлъэгъуащ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ зэхьэзэхуэхэр къыхалъхьащ, лъэпкъ щэнхабзэхэр бжыгъэрылъанэ дунейм хэлъхьа зэрыхъунумкIэ пэхуэщIэ зэныкъуэкъухэр щыIащ. ЩIэнIуатэр махуитIкIэ екIуэкIынущ. Практикэ лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр Налшык къалэ дэт 4-нэ гимназием щызэхэтынущ. Ар иухынущ «КъэкIуэну лъэхъэнэхэм я дипломатием зезыгъэужьынур щIалэгъуалэращ» зыфIаща брифингкIэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




