Театрхэм я щIэгъэкъуэн быдэ

Режиссёр пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI Iэ­щIагъэлIт Урысей-Федерацэм, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и ­лауреат, спектакль куэд лъэпкъ теат­рым и сценэм щызыгъэува, актёрхэм я гъуэгугъэлъа­гъуэ пажэ, зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэ­жьакIуэхэми пщIэ зыхуащI Теувэж СулътIан.
 
Ди лъэпкъ театрым и мызакъуэу, зэман зэхуэмыдэхэм ар щыIащ Музыкэ, Урыс театрхэми, зэми режиссёр нэхъыщ­хьэу, зэми зы спектакль игъэувыну ирагъэблэгъауэ. Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонидрэ ­Теувэж СулътIанрэ я гуащIэм зэпэщ­хьэхуэу я ­гугъу зэрыпхуэмы­щIынур, сыту жыпIэмэ а тIур ­IэнатIэ зыпэрытахэр зэщхьщ, зэрылэжьа щIы­кIэри зэтохуэ, зэблахъуу зэрыщыIам ­театр­- хэм фIы куэд къахуихьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, абыхэм зы спектаклыр урыс театрми адыгэ театрми я утыкухэм зэ­гъусэу ­кърахьэрти, цIыхуу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым исым лэ­жьыгъэр зэуэ зрагъэлъагъуфырт. Теувэж СулътIан мызэ-мытIэу къыз­жиIащ ар зи фIы­щIэр а ­зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру лэ­жьа Ефэнды Джылахъстэну къызэрилъытэр. Абы я Iуэхур ядиIыгъырт, зэ­фIэкI зэраIэр, я IэщIагъэм зэ­рыхуэIэижьыр ищIэрти. Иужь­рей зэманым, илъэс ипэ­кIэ, дунейм ехыжыху, Теувэжыр Горь­кий Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и ­режиссёр ­нэхъыщхьэу щытащ.
Спектаклыр нэхъыбэм гуригъэIуэн, нэхъыбэм егъэлъагъун гуращэм тригъэгушхуэри, Къэбэрдей театрым щигъэува «Эдип»-р урысыбзэкIэ утыку ­кърихьат Теувэжым. Абы кърита гупсысэмкIэ, арэзы къэзы­щIахэмрэ къемыхъулIауэ къы­щы­хъухэмкIэ сыщеупщIам (пре­­мьерэр щыщыIа 2010 гъэм и мэлыжьыхь мазэм) СулътIан къызжиIат:
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым «Эдип» спектаклыр щы­щызгъэувым си лэжьыгъэр псынщIэ сщищIу егъэлеяуэ къыз­дэIэпыкъуат пьесэр зи IэдакъэщIэкI тха­кIуэшхуэ IутIыж Борис. Спектаклыр Борис и фэ­еплъу щIэзгъэувари тхыгъэр зэрейм и закъуэкъым, дызэгурыIуэу дызэ­рызэдэлэжьари абы хэтщ. ­Къапщтэмэ, а тIум ящыщу нэ­хъыфI-нэхъ Iейм и ­гугъу схуэ­щIынукъым, тIури си гуащIэщи. Еплъахэращ ар ­къы­зытехуэр. Ауэ урысыбзэ «Эдип»-м адыгэ­бзэ спектак­лым къыщыдмыгъэлъэгъуа Iуэху­гъуэ зыбжанэ хэтлъхьат нобэрей гъащIэм ­нэхъ къызэ­резэгъыным яужь ситу. Япэми етIуанэми сызы­хуея, си гум илъа псори щы­зэзгъэ­хъу­лIэ­фауэ схужыIэнукъым...
Узыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхуми, пхузэфIэкI псори епхьэлIауэ къыпщыхъуж пэтми, зэман дэ­кIа иужь ухэплъэжыныр, зэбгъэзэхуэжыныр дунейм щыхабзэщ. ЩIэ, щIэщыгъуэ лъыхъуэ зэпыту псэу цIыхум и гъащIэм егъэлеиIуауэ пIэрэ жып­Iэным хуэдизу а хьэлыр хэлъщ. Ап­хуэдэ цIыхут Теувэж СулътIан. ИщIамкIэ зыхуэарэзыжу, дэ­щIыгъужын хуейIауэ къимы­лъытэу тIы­сыжхэм ар ящыщ­тэкъым. Абы и щыхьэтщ «зэ анэ­дэлъхубзэкIэ згъэуващи куэдщ» жиIэу «Эдип»-р IэщIыб зэримыщIар.
Теувэж СулътIан Къэбэрдей драмэ театрым япэ дыдэу щигъэуващ IутIыж Борис и «Тыр­гъэтауэм» къытращIыкIа спектаклыр. Къапщ­тэмэ, IутIы­жым и пьесэ нэхъыбэ дыдэ зы­гъэувар СулътIанщ. Абы и щыхьэтщ «Эдип»-р, Теувэжым щригъэджа ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм ядигъэува «Хьэ­цацэ дахэр» (ар театрми щагъэлъэгъуат),
IутIыжым Теувэжым теухуа и тхыгъэхэм ящыщ зым щитха гуэр сигу къэкIыжащи, ахэр зэ­рызэхущытар къызэригъэлъагъуэм къыхэкIыу мыбде­жым къыщысхьмэ, си гуапэщ. «Талант зиIэ дэтхэнэри апхуэдэ­-къэ, - итхырт Борис. - СулътIан цIыху IэтIэлъатIэкIэ уеджэнкъым, дэшэхыгъуа­фIэхэм ящыщ­къым, и жыIэм уеда­Iуэурэ, зы­дэпщIурэ укIуэмэ, ­нэхъ узыдэгъуэгурыкIуэфыну режиссёрщ. Апхуэдэ режис­сёрымрэ гунэмыс хьэл зиIэ ­драмытургымрэ зэрыгъэтыншу пху­жы­Iэнукъым. Дэри - аращ: пьесэр ди гуэрэныгуу ды­щы­зэхуэзэ зэзэмызэхэм деж, ди акъыл зэтехуэу, щхьэж и гъунап­къэр ищIэжу нэхъыбэм дызэдэ­лажьэурэ, режиссурэмрэ драматургиемрэ я бжьыпэхэр щытфIызэрыни мызэ-мытIэу къэ­хъуащ. ЩIихьауэ репетицэм хэт актёрхэм я дежкIэ, дауи, гуа­пэкъым зэпэувауэ а зэтехуа­-пIэр къэзылъыхъуэ режиссё­рымрэ драматургымрэ я зэ­хуаку къыдэхутэныр. Къаздэхъу Сулъ­тIан мыгъуэм апхуэдэхэм деж жиIэрейт: «ФызэгурыIуэ, фызэгурыIуэ, фызэгурыIуэ…» ИкIи сы­тым дежи дызэгуры­Iуэжырт, а зытехуапIэри къы­зэ­дэдгъуэтырт».
Музыкэ театрым и репер­туарым илъэс куэд дыдэ хъуауэ хэтщ Теувэжым игъэува «Летучая мышь», «Ханума», «Фиалка Монмартра» спектаклхэр, Теувэж СулътIан и IэдакъэщIэкIщ Айт­матов Чингиз, Кайтов СулътIан, Мурат Чапай сымэ я ­тхыгъэхэм къытращIыкIа «Материнское поле», «Анэм игу», «КъулыкъущIэкъухэр» спек­такл­хэр. Теувэж СулътIан лъэпкъ театрым хуищIа IуэхуфI­хэм, шэч хэмылъу, хэббжэ хъунущ Адыгэ Республикэм и театрым ирагъэблагъэу абы щигъэувауэ щыта спектаклхэр, Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуа­щэ» новеллэмрэ IутIыж Борис и «Жьэмыгъуэ - Африкэм» пьесэмрэ къытри­щIы­кIахэр.
Теувэж СулътIан и цIыху хэты­кIэр, и Iуэху зехьэкIэр, гумызагъэу и лэжьыгъэм зэрыпэрытыр ар зыцIыхуу щытахэм фIыуэ ящIэ. Апхуэдэу щыт пэтми, сэ нэхъ гъунэгъуу СулътIан къы­щысцIыхуа зэманым и гугъу кIэщIу сщIынут. И IуэхущIа­фэ­хэм мащIэ-куэдми сыщыгъуа­зэу екIуэкIми, ДыщэкI КIунэ къыщалъхуа махуэм ирихьэ­­-лIэу зыгуэр жезгъэIэну Сулъ­-тIан деж сыщыпсэ­лъа 2007 гъэрщ и Iуэху еплъыкIэ къэс­щIэну си насып къыщрихьэкIар. Ди зэпсалъэр ткIыбжь сфIэхъу пэтащ а махуэм. «КIунэ и лэ­жьыгъэм, и цIыху хэтыкIэу щы­там теухуауэ упщIэ зыбжанэ уэстыну арат», - щыжысIэм, сыкъэзыгъэуIэбжьа жэуап къызитащ. «Сэ экзамену хъуар стащ, уи упщIэхэм жэуап естын хуейуэ къэслъытэркъым», - жиIащ ­СулътIан. Нобэр къыздэсым къызгу­рыIуэркъым, щIэх-щIэ­хыурэ согупсыс ар къы­зыхэкIам: зэуэ дзыхь къысхуимыщIауэ арат, зыгуэрым къигъэгубжьат е гушыIа… ИтIанэ жесIащ фIыуэ зэрицIыхуу щытам щхьэкIэ и Iуэху еп­лъыкIэ, и псалъэ газетым тетмэ си гуапэу зэрыарар. Сытми ифI зыкъришэжри, КIунэ къысхутеп­сэлъыхьу хуе­жьащ. ЖиIэнур жиIэри, «мис ахэр птхамэ, зы тхыгъэ кIэщI ирокъу. Апхуэдизу сыкъэзыгъэва Залинэр хэтхэ ящыщ?» - къы­зэуп­щIащ ар. ЖесIащ, тхыгъэр хьэзыр хъуа иужь езгъэ­джэжри (дапщэрэ дызэп­сэ­лъами, а зэращ зэре­джэжар, и дзыхьыр къэзлэжьагъэнщ) абдежым щежьащ «ди зэныбжьэгъугъэр». ИужькIэ куэдрэ ды­зэпсэлъащ, студентхэм ядигъэува спектаклхэм сеплъащ, театритIми утыку къыщрихьа лэжьыгъэхэр слъэгъуащ. А псом тесщIыхьу схужыIэнущ сыткIи къыбдэ­Iэ­пыкъуну хьэ­зыр, чэнджэщ щхьэ­пэхэр къо­зы­хьэлIэфын, зэчий зыбгъэ­дэлъ, и Iэдакъэ­щIэ­кIым­кIэ ­адрейхэм ­къахэщ цIыхуу ар ­зэ­рыщытар. Утемызашэу зы­гуэ­рым и лэжьыгъэм уеплъыфынумэ, - абы зи «дамыгъэ» телъыр режиссёр IэщIа­гъэм къыхуигъэщIа Теувэж Сулъ­тIанщ.  
Нэхъыщхьэр цIыху хэтыкIэ екIу зиIа, гуащIафIэу зи Iуэхум пэ­рыта IэщIагъэлIыр, и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм зэра­щы­мыгъупщэрщ. Абы и лэ­жьыгъэ­хэм ди театрхэм зрагъэу­жьащ, лъабжьэ быдэ яхуэ­хъуащ, цIыху­бэм гуимыхуж ящы­хъуащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: