Есэпыр зыджхэр

ЗэрытщIэщи, мэлыжьыхь мазэм и пэщIэ­дзэм хуозэ Есэпыр зыджхэм я махуэр. Дунейпсо махуэгъэпсым «плъыжьу» къы­щы­хэмыгъэщами, ехьэжьауэ ямыгъэмахуэш­хуэми, ар ягъэлъапIэ а щIэныгъэм зи гъащIэр езыпха студентхэм, аспирантхэм, егъэ­джакIуэхэм икIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, есэп къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм щылажьэ щIэныгъэлIхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ апхуэ­-дэ IуэхущIапIэ, и лэжьыгъэр ди къэралым и ­мызакъуэу, щIыпIэ куэдым фIыкIэ щыIуауэ. Зи гугъу тщIыр Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и щIэныгъэ центрым Прикладной математикэмрэ ав­томатизацэмкIэ и институтырщ. Ар къызэзыгъэпэщауэ щытари и япэ унафэщIу тетари ­физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Нэхущ Iэдэмщ.
Мы гъэм институтыр къызэрыунэхурэ илъэс 30 ирикъуащ. ЗэрыжаIэщи, икIи куэдкъым, ауэ мащIэуи жыпIэ хъунукъым - зы щIэблэ къы­дэкIуэтеящ. Къэралым хуэдэу, ар зэфIэуват, иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэр екIуу зэтриублат, мылъку къыхуамыутIыпщу IэнатIэ гугъуи Iутат. Ауэ институтым и лэжьакIуэхэр сыт хуэдэ ­гугъуехьми пэлъэщащ, къаруушхуэ трагъэ­кIуадэу къызэIуаха IуэхущIапIэри хагъэкIуэдэжакъым. КъызэринэкIыфа къииным хущIе­гъуэж хуэдэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и ака­демием институтым и IэщIагъэлI ныбжьы­щIэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ иджыблагъэ тыгъэ хьэлэмэт къахуищIащ.
2013 гъэм институтым иухащ фэтэр 20 хъу, ­къатыбэу зэтет унэм и ухуэныр. Ар ящIащ ­Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием зэхилъхьа «ПсэупIэ» программэм ипкъ иткIэ. ­Программэр яхуэгъэпсат щIэныгъэм пыщIа, унагъуэщIэу тIысыжа IэщIагъэлI ныбжьы­щIэхэмрэ щIэныгъэхутэхэмрэ икIи ар гъэзэ­щIэным илъэсищ (2011 - 2015 гъэхэр) хухахат.
Къыхэгъэщын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыIэ ЩIэныгъэ центрым и унафэщIхэм а проектыр зыхуей хуэзэным лэжьыгъэшхуэ зэрыхалъхьар. Зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщащ, ухуакIуэхэм зэгурыIуэныгъэхэр мызэ-мытIэу иращIылIащ, ухуэныгъэмрэ пэш кIуэцIхэр зэрызэрахьэмрэ кIэлъыплъащ, ар къыщыгъэнауэ, апхуэдиз гуащIэдэкIыр жэщкIэ зыхъумэн плъыр гупхэри къызэрагъэпэщащ.
«ЩIэныгъэлIхэм я унэкIэ» зэджа къатыбэ псэуалъэр 2014 гъэм ущыпсэу хъуну яутIыпщащ. ЩIэныгъэ советым и унафэкIэ абы ­Центрым и лэжьакIуэхэмрэ я унагъуэхэмрэ щIагъэтIысхьащ. ГуфIэгъуэ тхьэлъэIур зращIэкIа Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIат КъБР-м и ­Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, ЩIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм­-рэ IэщIагъэлIхэмрэ.
Унэ зыгъуэтахэм я ныбжьыр ику иту илъэс ­37-рэ хъурт, дэтхэнэ зыри хунэсат илъэси 5-м щегъэжьауэ илъэс 25-рэ хуэдизкIэ IэнатIэм пэрытыну. Есэп щIэныгъэхутэхэм гушыIэу зэ­рыжаIэщи, псэуалъэ зратахэр зэрылэжьа илъэс бжыгъэр псори зэхэплъхьэмэ, илъэс 418-рэ ­ирокъу.
Ухуэныгъэр лъэужьыншэу къэнакъым. Абы хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIащ щIэныгъэм зиужьынымкIэ. Нобэ «ЩIэныгъэлIхэм я унэм» щIэныгъэхэмкIэ доктору тху, кандидату пщы­кIуз, IэщIагъэлI ныбжьыщIэу тху щопсэу. Сабийуэ 28-рэ щIэсщ, абыхэм ящыщу 20-р уна­гъуэхэр унэщIэм зэрыIэпхъуэжрэ дунейм къы­техьащ. Дуней псом щащIэ, щIэныгъэхэм и фIагъыр къызэралъытэ Хирш и жыпхъэмкIэ уеплъмэ, къэхутэныгъэу ирагъэкIуэкIыр бжыгъэкIэ 24-м пэгъэуващ (мы бжыгъэр лъагапIэм хуеIэ, есэпыр зыджхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиныр къэзыгъэлъа­гъуэщ).
А унэр нэгъэсауэ щIэныгъэм и жьэгущ. 2014 гъэм къыщегъэжьауэ Урысейми хамэ къэралхэми къыщыдэкI, есэп щIэныгъэхэм теухуа журнал цIэрыIуэхэм лэжьыгъэ 600-м щIигъу къытехуащ. Дуней псом щрагъэкIуэкI есэп къэхутэныгъэхэр псори къызэщIэпкъуэжрэ ухэплъэжмэ, ди щIэныгъэлIхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэр 1400-м щIигъурэ къыщагъэсэбэпащ, тегъэщIапIэ ящIащ. Абы къищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы унэм щыпсэухэм я щIэныгъэ ­гуащIэдэкIым щыхьэт техъуэ патентхэр къыдахащ, доктор икIи кандидат диссертацэхэр ­пхагъэкIащ, аспирантхэр яунэтIащ.
ЦIыхум и щыIэныгъэр зэIузэпэщ щIыным текIуадэ къарум кърикIуэ фIыгъуэхэм щапхъэ нэс яхуохъу Налшык къалэ дэт «ЩIэныгъэ­хэлIхэм я унэр». Насыпщ щхьэегъэзыпIэ уиIэу, уи псэуалъэ зэгъэпэщауэ фIыуэ плъагъу IэнатIэм упэрытыныр. Унэм сом мелуан 40-м ­щIигъу текIуэдащ. Къапщтэмэ, Мэзкуу и зы хьэблэфI гуэрым къыщыпхуэгъуэтыну унэ цIыкIум и уа­- сэ хъууэ аращ. Ауэ абы еплъытыфынукъым уи щIыналъэ ущыпсэууэ бгъуэт гупсэхугъуэр. УзыщIэхъуэпсри узытелажьэри зы щыхъужым деж - жьэгури аращ, Хэкури аращ.
ДиIэщ дызэгупсысын, диIэщ дызыхущIэкъун!

 

АТТАЕВ Анатолэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ ЩIэныгъэ центрым уравненэ зэхэлъ лIэужьыгъуэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ кандидат.
Поделиться: