Жылагъуэ

ЕкIуу IущIэнущ

Налшык и уэрам нэхъыщ­хьэхэр (Лениным , ЩоджэнцIыкIум, Кулиевым я цIэхэр зезыхьэхэр) зэрагъэпэ­щыж.

ЛъэпкъыцIэр зымыгъэкIуэдыр

Адыгэ жьэгум и мафIэр Тыркум щызыгъаблэхэм ящыщщ тхыдэдж, хеттолог Чурей Алий. И ныбжькIэ мыщIалэжми, щIалэ куэдым къызэкъуамыхыфын къарурэ гулъытэрэ хэлъщ Алий, ныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм япэ иригъэщ зы Iуэхуи щымыIэу апхуэдэщ. 

Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр ягу къагъэкIыж

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм Дзэ Плъыжьым хэта зауэлIхэм я кхъэлэгъунэу Налшык къалэм щыIэр зыхуей хуагъэзащ. А Iуэхур ирагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэным тещIыхьа щэбэт щIыхьэхум хыхьэу. Фэеплъым и хъуреягъыр зэщIагъэкъабзэри, мывэ плитари ятхьэщIащ.

Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр хуэфащэт

Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 75-м щIигъуами, абы лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъагъуэу хэтахэм я цIэхэр нобэми къагъуэтыж. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министрествэм и сайтым къыщытлъэгъуащ Бахъсэн районым щыщ цIыхуи 4-м я дэфтэрхэр. Ахэр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащын папщIэ ягъэлъэгъуауэ арат, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу иджыри къыздэсым гъэзэщIа хъуатэкъым.

ИлъэсищкIэ ягъэIэпхъуэ

ЦIыхухэм автомашинэ зэрагъэкIуэну хуит зыщI тхылъхэу зи пIалъэр икIахэр е 2022, 2023 гъэхэм икIхэр иджыри илъэсищкIэ къагъэсэбэп хъунущ. Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м абы теухуауэ къищта унафэм къару игъуэтащ.

ПIалъэм къыпыщэныр къыхалъхьащ Урысейм и МВД-мрэ Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ. Жэрдэмыр диIыгъащ Урысей Федерацэм и Правительствэм икIи ар хуэунэтIащ цIыхухэмрэ бизнесымрэ ехьэлIа административнэ гугъуехьхэр гъэмэщIэным.

Iэгъуэблагъэр ягъэкъабзэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым зи ныбжь хэкIуэтахэм защIэгъэкъуэнымкIэ мэ­лыжьыхьым и 23-м къыщызэрагъэпэща щIыхьэхум,  цIыху 1700-м щIигъу хэтащ. 

ЦIыхубзым щхьэкIэ къигъэщIами ярейщ

Акъбаш Ипщэ къуажэм къыщалъхуа Щомахуэ Мадинэ Анатолэ и пхъур илъэс 30-м щIигъуауэ егъэджакIуэ IэщIагъэм иролажьэ. Мадинэ и зэфIэкIхэр районым щынэрылъагъущ, икIи куэдым къыщацIыху. 

Ягъэдахэ зэпытщ

«ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр зэIузэпэщ щIын» программэм хиубыдэну лэжьыгъэхэр яублащ.
Къэбэрдей - Балъкъэр Республикэр илъэси I00 щрикъуну пIалъэр къэмысу зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр 5 мэхъу.

Адыгэ ныпым и махуэр ягъэлъапIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм адыгэ ныпым и махуэр щаIэт. БлэкIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым.

Кадетхэм яхуозэ

Мэлыжьыхьым и 19-м, илъэс 240-рэ ирикъуащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и юридическэ IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и правовой къудамэм и лэжьакIуэхэр а махуэ лъапIэм ирихьэлIэу щыIащ Налшык къалэм дэт, Калюжный Н. Г. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №7-м и кадет классым, щIэблэм хабзэм зэрыхащIыкIым храгъэгъэхъуэн, абы тетыным хуаущиин мурадкIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ