Ягъэдахэ зэпытщ

«ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр зэIузэпэщ щIын» программэм хиубыдэну лэжьыгъэхэр яублащ.
Къэбэрдей - Балъкъэр Республикэр илъэси I00 щрикъуну пIалъэр къэмысу зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр 5 мэхъу.
Гъатхэпэм къеса уэсыр зэрыткIужу « Налшык щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмкIэ и парк» IуэхущIапIэм и коммунальщикхэм жыгхэр яухъуэнщIащ, хэгъукIахэр ирахащ, жыг къуацэ лъахъшэрыкIхэр зэкъуачащ. ДяпэкIэ зыхуей хуагъэзэнущ паркым и лъэс зекIуапIэ нэхъыщхьэр зыгъэдахэ кхъуэщын удз гъэгъа гъэкIыпIэр, асфалът зытелъ лъэс зекIуапIэм къыбгъурыт махуэгъэпс клумбэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум и уэрамым хуэзэ парк ихьэпIэр зыгъэдахэ розэхэри яухъуэнщIащ.
Налшык ЗАГС-м, бзииху зэгъэкIэкIа лъагъуэм, Налшыкыпсым, Парковэ уэрамым  я хъуреягъкIэ щыIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэр нэхъ ин ящIын папщIэ, абы пэгъунэгъу уэхыр дэкIуейуэ ягъэкъабзэ. Жьы къабзэ дыдэ къыщепщэ жыг щIагъ хуитхэр куэдым зыгъэпсэхупIэ яхуэхъунущ.
Бзиихухэм ягъэдахэ лъэс зекIуапIэм ирикIуэу тет тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэ контейнерхэмрэ урнэхэмрэ щIэкIэ яхъуэжынущ, зэгуэр топ джэгупIэу щыта щIыпIэм спортымкIэ утыку къыщызэIуахынурэ, тренажерхэр щагъэувынущ. Апхуэдэу зыхуей хуагъэзэнущ лъакъуэрыгъажэкIэ къыщажыхь лъагъуэхэри.
 Совет лъэхъэнэм Налшыкыпс Iуфэм Iута сабий псыгуэнымрэ абы узэрыхуэкIуэмрэ, псы Iуфэм узэрех дэкIуеипIэшхуэм пэмыжыжьэу щыта фонтаным и лъащIэр - мы махуэхэм а щIыпIэм техникэ хьэлъэхэр щолажьэ. Ар зэIузэпэщ ящIыжмэ абы щыгуфIыкIынущ, сабийхэм я мызакъуэу, фэеплъу ар къызыхуэна нэхъыжьхэри. КъищынэмыщIауэ, паркым и гуэл езанэм Налшыкыпс Iуфэм узэрыIухьэ дэкIуеипIэ хуащIащ, гъущIым къыхэщIыкIа убыдыпIэ дахэхэр иIэу.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: