Жылагъуэ

Гъуэгухэр, лъагъуэхэр

Налшык и гъуэгухэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Мэлбахъуэм и уэрамым и кIыхьагъкIэ иджыпсту техникэ хьэлъэхэр щолажьэ: кхъахэ хъуа бжьамийхэр къанэ щымыIэу щIэкIэ яхъуэж, лъэс лъагъуэ къудей фIэкIа здэщымыIа щIыпIэхэм лъэс зекIуапIэхэр щащI. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Къэбэрдей, Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм щегъэжьауэ ехыу.

Нэхулъэр къыщызэкIэщIитхъым

        

Ди адэ КIэрашэ Хьэзрит и бынихымрэ абы и къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэ и бынихымрэ дыкъакъэ-дыпщIыпщIыу Къаншыуей зы лъапсэшхуэм дыщыпсэурт. Илъэс къэс дэ гупыр ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэм нэхъ хэхауэ дыпэплъэрт.

         Псом хуэмыдэу, тепыIэншэр сэрэ Вовэрэт - зы илъэс ди зэхуакуу накъыгъэм и 9-м къалъхуаитIырт. Пэжыр жыпIэмэ, абы щхьэкIэ адрейхэр мащIэу къыдэфыгъуэрт.

Нэфхэм я алыфбейр къигупсысащ

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыхухэм яхэтщ нэфхэр. Зинэ имылъагъухэм дуней щхьэхуэ гуэр зыхащIэ, я гупсысэкIэри адрейхэм къащхьэщыкIнкIи мэхъу. 

АдыгэлI щыпкъэ

«КъигъэщIар мащIэми, хузэфIэкIар гъунэншэщ» зыхужыпIэ хъунухэм ящыщщ профессор Гъащтэ Абдул. И лэжьыгъэкIэ, и щIэныгъэкIэ къехъулIам и гугъу умыщIми, и цIыху хэтыкIэкIэ, и хьэл-щэн екIумкIэ, и гушыIэ дахэмкIэ ар иджыри куэдрэ ягу илъынущ къэзыцIыхуу щытахэм. 

Унагъуэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм илъэсиплI хъуауэ иригъэкIуэкI проектхэм ящыщщ 1 - 4-нэ классхэм щIэсхэм папщIэ къызэригъэпэща «Усэпсэ» хэгъэгупсо зэпеуэр. Зэхьэзэхуэм зиубгъуу, къыхыхьэ ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту зэрекIуэкIым и нэщэнэщ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэ цIыкIухэм нэмыщI, адыгэхэр щыпсэу гъунэгъу щIыналъэхэм щыщхэри къызэрыхыхьэр. Уеблэмэ, зэпеуэм и щIыкIэмрэ и гъэпсыкIэмрэ зэхъуэкIыныгъэ имыIэу Къэрэшей-Шэрджэсым илъэс зыбжанэ хъуауэ щхьэхуэуи щрагъэкIуэкI.

Лъагъуныгъэ

Бжьыхьэ дыщафэм и дахагъэр пэш сызыщIэсым и щхьэгъубжэм къыкIэрыт жыг тхьэмпэхэм зэрыхэслъагъуэр арами сымыщIэ, ауэ гупсысэр гуэгъу схуэхъуащи, тхылъымпIэ напэр си стIолым къытеслъхащи, сымытхэныр схулъэмыкIынщ. ЖыпIэнурамэ, гупсысэхэм куэдым къыщаущыхь, абыхэм кIуапIэ ямыIэ, зылъэмыIэс, здынэмыс щIыпIэ щымыIэ. Курых абыхэм яхуэхъуар Лъагъуныгъэрщ.

ЩIыкъатиблкIэ уехмэ…

ГъэщIэгъуэнщ

Дэнэ зыдэщыIар мыщэ и къуэ Батыр?

ЦIыхум хьэршыр къегъэIурыщIэ. Уеблэмэ дэ дыщыгъуазэщ ди гъунэгъу планетэхэм я теплъэм, я зыхэлъыкIэм, н.къ., ауэ иджыри къэс хэтщIыкIыркъым дызыщыпсэу ЩIым и кIуэцIым щыIэм: нобэр къыздэсым ар километр 12-рэ метр 262-рэ нэхърэ нэхъ куууэ яугъуэныфакъым (Кольскэ хытIыгу ныкъуэ.). Ауэ абыи щIэ куэд еджагъэшхуэхэм къаригъэщIащ, щIы щхьэфэм и ухуэкIэм зэреплъыр ирагъэгъэхъуэжу.

ХьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм тепсэлъыхьащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым накъыгъэм и 16-м щекIуэкIынущ технологием епха щIалэгъуалэ хьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм щытепсэлъыхь, къыпэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ щызэпкърах зэIущIа зэIуха.

Дэ ди къуэпсхэр, уаредэ, Мысырыжьым къыщожьэ

Пынарбаши цIэр зезыхьэ къалэмрэ абы и цIэджэгъу районымрэ Тырку республикэм хыхьэ Анадолэм и Къайсэр областым хеубыдэ. А жылагъуэбэм къегъэщIылIащ Узуняйлам щыIэ адыгэ къуажэ гупыр. 

Псым «уепыдж» нэхърэ

Корее Ипщэм псыщхьэм къалэ зэрытращIыхьыну щIыкIэм щегупсысащ. Ар дунейм зыкIи пымыщIауэ псэуфынущ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ