Дэ ди къуэпсхэр, уаредэ, Мысырыжьым къыщожьэ

Пынарбаши цIэр зезыхьэ къалэмрэ абы и цIэджэгъу районымрэ Тырку республикэм хыхьэ Анадолэм и Къайсэр областым хеубыдэ. А жылагъуэбэм къегъэщIылIащ Узуняйлам щыIэ адыгэ къуажэ гупыр. Иджырей фIэщыгъэр игъуэтын ипэкIэ, Пынарбаши къалэм АзизиекIэ еджэу щытащ, тырку сулътIан Абдулхьэзиз и цIэм къытекIауэ. 
Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Тырку республикэм щыщ ХьэпащIей (Ташолук) къэбэрдей къуажэрщ. А жылэм щыпсэу нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, ХьэпащIейр япэу Батырдэгухэ яухуащ. Батырдэгухэ ядэщIыгъуу япэу къэтIысахэм ящыщщ Къалмыкъхэ, Гъубжхэ, БешкIурхэ, Хэжьхэ, Сихъухэ, Иуанхэ. ИужькIэ абыхэм къахыхьащ ХьэпащIэхэ, Тамбийхэ, нэхъ кIасэу - Акъейхэ, Къардэнхэ, нэгъуэщIхэри. 
Шы зехуэныр я IэщIагъэу къекIуэкIахэщ. Къуажэм дэса лъэпкъхэщ Акъейхэ (тырку унэцIэр - Акбай); Ашэбокъуэхэ (Жамболэт); АфэщIыжхэ (Йылдыз); Батырдэгухэ (Батыр); Бэчхэ (Къая); Бырсекъуэхэ (Думан); Гъубжхэ (Токъгёз); ХьэпащIэхэ (Тамбай); Къалмыкъхэ (Къалмыкъ); Къардэнхэ (Къар); Къанокъуэхэ; Сихъухэ; Шэрэзхэ (Бат); Тамбийхэ (Тамбай); Тэгъуланхэ (Темел); Иуанхэ (Йаван); БешкIурхэ, Шэджэмхэ. 
ХьэпащIей дэс Гъубж Исмэхьил зэрыжиIэмкIэ, къуажэр зыухуа Батырдэгу Адэлджэрий и цIэкIэ къуажэм нэхъапэм БатырдэгухьэблэкIэ еджэу щытащ. Къуажэм и унафэр зыIэщIэлъари Адэлджэрийщ. ИужькIэ, ХьэпащIэхэ куэду къыщыкIуэм, зэрыгъу-зэрышхыурэ Батырдэгухэ ящыщ зы щIалэ яукIащ. Ауэрэ ХьэпащIей цIэр игъуэтащ къуажэм. Батырдэгу Адэлджэрий и къуэм и цIэр Хьэмидт. Батырдэгухьэблэр I875 гъэм яухуауэ худогъэфащэ. 
Гъубж Исмэхьил и хъыбархэм къыхощыж ХьэпащIэ Нурий и нэм имылъагъуж хъуа нэужь, зэфIэнахэр зэрагъэкIужын хуей хъумэ, яшэурэ ирагъэпсалъэу зэрыщытар. Жылэм дэса нэхъыжьхэм ящыщщ Къалмыкъ Алий, Гъубж Мыхьмуд, ХьэпащIэ Кушыку, Иуан Мэмэдали сымэ.
2015 гъэм къуажэм и тхьэмадэу щытар Иуан Зэкищ.
ЩIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин Налшык 1993 гъэм къыщыдигъэкIауэ щыта «Къэбэрдей-шэрджэс унэцIэхэр» тхылъым ХьэпащIей тырку къуажэм щыпсэууэ къигъэлъагъуэ унэцIэхэм ящыщщ Тхьэкъуахъуэхэрэ ХьэкIашэхэрэ (нап.130).
2015 гъэм ХьэпащIей къэбэрдей жылагъуэм щытраха зы видео Интернетым илъщ. Дэ кIэщIу фызыщыдгъэгъуэзэну тфIэигъуэр 1946 гъэм а къуажэм къыщалъхуа, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Гъубж Исмэхьил къыбгъэдэтха зы IуэрыIуатэщ. Исмэхьил и адэм и цIэр Айдарщ, абы и адэшхуэр Мыхьмудщ, и адэшхуэм и адэ Щыхьым хэкум икIащ. ХьэпащIей къуажэм я тхыдэм къыдэкIуэу, Гъубж Исмэхьил «Ди Хэкур Мысыру жаIэ», - жиIэри, адэкIэ мыр къыпищауэ щытащ:
Ди асасхэр, уаредэ,
Мысырыжьым къыщожьэ,
Ди зэхуэсхэр, си уаредэ,
Бахъсэныщхьэм щаухуэ.
Хэку зыухуэурэ
Ди адыгэр зыхэт,
Я зэхэтыкIэр,
Си уаредэ,
Зы къэралми къемыкIу.

Гу зылъытапхъэ:
Ташолук - «бгы гъуанэм къиж псынэ».
Узун-Яйла - «бгы кIыхьхэр». 
Пынарбаши – «псынащхьэ».
Асас – къуэпс, лъабжьэ, къежьапIэ.
ЗэрыжаIэмкIэ, «мы щIыпIэм нэхъапэм «По(у)кIэжькIэ» еджэу щытащ, иужькIэ «Псынащхьибл» фIащащ. 

 

АБАЗЭ Албэч, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: