Жылагъуэ

Щхъуэмчжыгым сыт жиIэр?!

1) ЩIэныгъэлIхэм къапщытащ гъатхэм и хуабжьагъыу къызэрыблагъэр зыхуэдэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, зы жэщ-махуэм ар километр 50 и псынщIагъыу къокIуэ. Ар къахутащ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэгъэкIэмкIэ.
2) Гъатхэр дуней псом зэхуэдэу къыщихьэркъым. Ди къэралым а пIалъэ дахэр гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ мазэхэм техуэмэ, Австралием, Аргентинэм, Мадагаскарым я гъатхэр фокIадэм тохуэ.
3)  Астрономие и лъэныкъуэкIэ гъатхэр гъэмрэ щIымрэ щызэхэкI махуэхэм - гъатхэпэм и 20-21-хэм - къохьэ.

Адрейхэм куэдкIэ къахощ

Сыт хуэдизу тыркухэм къыдамыкъузами, я бзэкIэ псэлъэну хуит ямыщIами, я хасэхэр мызэ-мытIэу зэхуащIыжами, адыгэхэр адрейхэм лIыгъэкIи, нэмыскIи, къабзагъэкIи, щIэныгъэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи къахолыдыкI. Щапхъэр куэдщ.
1922 гъэм Фрунзе М.В. Анкара къыщикIыжым, Сунгурмурэ Самаунрэ я зэхуакум щыпсэу ди лъэпкъэгъу унагъуэхэр и бысымт.
«Адыгэхэм хьэщIагъэшхуэ къыдахащ, – итхырт абы. – Урысейм щекIуэкIа революцэм яфIэгъэщIэгъуэну ахэр къыщIэупщIэрт… Сэмэгухэм я агитацэм пцIы къыхуаупсами, абыхэм Iуэхум и пэжыпIэр гурыгъуазэкIэ ящIэрт икIи Совет Урысейм фIыуэ къыхущытт».

Москва зыхъумахэр

 Ди къэралым и цIыхухэм яхэткъым Хэку зауэшхуэм и дыдж зыхэзымыщIа. Зыри къэнакъым лъэныкъуэкIэ – цIыхухъу-зауэлIхэри, зауэ губгъуэм балигъ щыхъуа щIалэщIэхэри, бзылъхугъэхэри, сабийхэри, зи ныбжь хэкIуэтахэри. Накъыгъэм илъэс 77-рэ мэхъу Москва бийм имыубыдын папщIэ екIуэкIа зэхэуэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсууэ Москва зыхъумахэм яхэтащ цIыхуищ – Мамедовэ Александрэ, Герасимовэ Аннэ, Аникин Андрей.

Зауэм и бынхэр

  Хэку зауэшхуэм щыщIидзам си ныбжьыр илъэси 8 ирикъуати, сощIэж а зэманым екIуэкIар. Япэ махуэхэм къытщыхъуащ зауэр дэ къытлъэмыIэсыну. Нэхъри гукъыдэжыфI диIэт, ди къуэш нэхъыжь КIыщыкъуэ къуажэм и тхыдэм щыяпэу курыт школыр къэзыухахэм ящыщти. Зеикъуэ псом зыхуигъэхьэзырырт мэкъуауэгъуэм и 2I-м ирырагъэхьэлIа а гуфIэгъуэм. Куейм къикIыну хьэщIэхэми цIыхухэр япэплъэрт. А зэхыхьэр мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьыр къэсыху екIуэкIащ. ИтIанэ нэмыцэ фашистхэр СССР-м хьэщхьэрыIуэм хуэдэу къызэрытеуар.

Лъхукъуэщауэ Мадинэ: СыщыхущIегъуэжа къэхъуакъым

Налшык къалэ и курыт школ №9-р дыщэ медалкIэ къэзыуха Лъхукъуэщауэ (Чым) Мадинэ СулътIан и пхъум щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Москва дэт, Пироговым и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ институтым.

Щыхьэрым и хьэщIэхэр ягъэгушхуэ

Лъэпкъ гвардием и дзэ часту Звезднэ поселкэм щыIэм и оркестрым, «Кавказыр дыдейхэм я телъхьэщ» акцэм хыхьэу, концерт щитащ Налшык къалэ и «Кхъужьей хадэ» санаторэм икIи абы зыщызыгъэпсэхухэр игъэгуфIащ. 

МафIэсым щIидзагъэххэщ

Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс къэс дуней псо мэзым щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщылыб мафIэсхэм хэщIыныгъэшхуэ къытхуехь.

ЩIыхуэшхуэ зэтригъэхьащ

Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и Тэрч район къудамэм щIэлъщ сабийм иритын хуея алиментыр зытрезыгъэхьам щIыхуэр егъэпшыныным теухуа тхылъыр. ЦIыхухъум телъщ сом 1150000-рэ. Абы куэдрэ зигъэпщкIуащ и пхъум дэIэпыкъуну хуэмейуэ. 

Ягъэлъэгъуэн яIэщ

Ди республикэм и щIыналъэхэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77 - рэ зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. 

ПцIыр къыпщIэкIуэнукъым

Налшык къалэм и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь КъуэщIысокъуэ Эльвирэ диIыгъащ УФ-м и УК-м и 159,1 статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр (банкым щIыхуэ къеIыхыным пыщIа гъэпцIагъэ зехьэн икIи ахъшэр зыкIэщIэупщIэн) илэжьауэ К. зэрагъэкъуаншэр. 

ЗэраубзыхуамкIэ, К. 2020 гъэм жэпуэгъуэм банкым иритащ и улахуэр зыхуэдизым теухуа тхылъ нэпцI икIи кредит къыIихащ, ауэ ар пшыныжыныр уэим ищIащ. 
Судым К. къуаншэу къилъытащ икIи къуэды ипшынын хуейуэ тезыр трилъхьащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ