МафIэсым щIидзагъэххэщ![]() Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс къэс дуней псо мэзым щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщылыб мафIэсхэм хэщIыныгъэшхуэ къытхуехь. Ар псэущхьэ, къэкIыгъэ, хьэуа, цIыху гъащIэ ирехъу. ЩIымахуэм дыкъиутIыпща къудейуэ, гъатхэм гу щыдмыхуауэ къытщыхъуми, Урысейм и мэзхэр мафIэм ес, къызэрыщIэкIымкIэ.
«Урысейм мафIэсхэм щIадзагъэххэщ. Уеблэмэ гъэм и зы зэман мычэму, зэпымычу ису жыпIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, 2021 гъэм и иужьрей мафIэсыр дыгъэгъазэ мазэм дгъэункIыфIауэ щытащ. 2022 гъэм и япэ мафIэсыр щIышылэм и 2-м Приморьем къыщылыбащ. Урысейр къэралышхуэщ, климат и лъэныкъуэкIэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхэлъщ. Зы щIыпIэм щыщIымахуэкIэ, адрейм щыгъэмахуэщ. Аращ ар къызыхэкIыр. Иджыпсту дызыIутыр нэгъуэщIщ – мэкъумэш лэжьыгъэм хухаха щIым къыщыхъу мафIэсхэм мэзым зремыгъэдзынырщ. Дауэ дымыщIами, вэн-сэным зэран хуэдгъэхъу хъунукъым», - жеIэ Рослесхозым и унафэщI Советников Иван.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





