Ягъэлъэгъуэн яIэщДи республикэм и щIыналъэхэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77 - рэ зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. Прохладнэ, Май щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм ТекIуэныгъэ Иным теухуа сочиненэхэр щатх, классщIыб дерсхэм япкъ иту зауэм теухуа спектакль теплъэгъуэхэр ягъэлъагъуэ. Курыт еджапIэхэм ящыщ куэдым яIэщ ди къэралым и хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэепъ музейхэр. Абыхэм щахъумэ зауэ зэманым зэрахьа хьэпшыпхэр, зауэлI фащэхэр, сурэтхэр, письмо щимэхэр. Ахэр псори еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэгъусэу зэхуахьэсащ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||




