Москва зыхъумахэр

 Ди къэралым и цIыхухэм яхэткъым Хэку зауэшхуэм и дыдж зыхэзымыщIа. Зыри къэнакъым лъэныкъуэкIэ – цIыхухъу-зауэлIхэри, зауэ губгъуэм балигъ щыхъуа щIалэщIэхэри, бзылъхугъэхэри, сабийхэри, зи ныбжь хэкIуэтахэри. Накъыгъэм илъэс 77-рэ мэхъу Москва бийм имыубыдын папщIэ екIуэкIа зэхэуэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсууэ Москва зыхъумахэм яхэтащ цIыхуищ – Мамедовэ Александрэ, Герасимовэ Аннэ, Аникин Андрей.
ИлъэситI ипэ абыхэм къратащ «75 лет битвы за Москву» бгъэхэIу дамыгъэр. Ар Москва и Правительствэм игъэува дамыгъэщ советыдзэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм щебгъэрыкIуа лъандэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъуам папщIэ, зратри къалащхьэр лIыхъужьыгъэ яхэлъу зыхъумахэрщ. Абы щыгъуэм ар хуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу «Москва зэрахъумам папщIэ» медалыр зратахэм, I94I гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м щегъэжьауэ I942 гъэм щIышылэм и 25 хъуху къалэ-лIыхъужьым и IуэхущIапIэхэм щылэжьахэм, IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ училищэхэм я студенту щытахэм, фабрикэ-заводхэм щылэжьэнухэр щагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсахэм, къалэ гъунапкъэхэм быдапIэхэр щызухуахэм, партизанхэм, щэхуу бийм пэщIэтахэм.
Сэлэт хьэлъэ куэдым деIэзащ
Мамедовэ Александрэ илъэс 19-м иту арат зауэр къыщыхъеям. Медицинэ училищэм щIэс адрей ныбжьыщIэхэми хуэдэу, ар Москва яшащ. Ахэр казармэм щIэсащ, Москва щыIэ клиникэхэм щыхуагъэсащ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъуным. 1941  гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м студентхэр зэхуашэсри, зауэм зэрашэнур жраIащ. Еджэн къэзуха хъыджэбз цIыкIухэр апхуэдэ щIыкIэкIэ зауэм Iухьащ.
Александрэ ОРМУ ротэм хэхуащ. УIэгъэ нэхъ куу зиIэхэмрэ зыщIыпIи пшэ мыхъуну хьэлъэхэмрэт ахэр зэIэзэр. Зыщагъэпсэху махуи пIалъи щыIэтэкъым.
- ЦIыхубзхэм зауэр нэхъ гуащIэу зыхащIэ. А лъэхъэнэм къызэрыгуэкI мащIэри фIыгъуэ гуэру къыпщохъу. Зэгуэрым, Минск къалэр хуит къащIыжа нэужь, унэхэм дыщIыхьэну къытхуадэртэкъым, шэкъэуэж щIэлъти. ЗыптхьэщIыну, уи щхьэр пхущIыну Iэмал щыIэххэтэкъым. ПщафIэм псы къеIысхри, унэ щIыбагъым секIуэкIащ, тIэкIу зызыпэстхьэщIыхьыну. Сегупсысырт: сызытеувэр къауэрэ щыгъыныншэу сыкъагъуэтыжмэ, дауэ хъуну? ЦIыхухъухэр гугъу ехьырт, хъыджэбз цIыкIухэм щхьэкIэ сыт жыпIэжынт? Гугъут, - игу къегъэкIыж Александрэ.
Мамедовэр Горькэм (иджы Новгород Ищхъэрэ), Волгэ и Iуфэ къыщалъхуащ, цIыкIуу куэдрэ зэпрысыкIащ а псым. Абы куэдми щихъумауэ жыпIэ хъунущ.
- Медсестрахэм офицер дамэтелъхэр ятелъти, псым емысыфмэ, итхьэлэмэ нэхъ къащтэрт, нэмыцэхэм я гъэрыпIэ ихуэ нэхърэ, - жеIэ абы.
Ветераным къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и орденыр, «Зауэ щIыхьым папщIэ», «Москва зэрахъумам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр. Александрэ и щхьэгъусэр щызригъэцIыхуар зауэ нэужьырщ: ахэр зы дивизэм къыхэхутат дзэ частхэр Брест щахъуэжа нэужь. Ар пасэу дунейм ехыжащ.
Москва и уэгур схъумащ
Герасимовэ Аннэ радиолокацэ Iэмэпсымэхэм ирилэжьауэ аращ бийм я кхъухьлъатэхэр Москва къыщхьэщымыхьэн щхьэкIэ. Зауэр къыщыхъеям илъэс I7 ирикъут абы и ныбжьыр.
- Дэ куэдрэ дыIэпхъуащ, ди адэр дзэм хэтти, ар Коми АССР-м, Белоруссием, Москва щылэжьащ. Си щхьэгъусэм Сыбырым сыщыхуэзауэ щытащ, си адэр абы ягъэкIуауэ щылажьэрти. Ари дзэ къулыкъум хэтти, къэралым и щIыпIэ куэдым дыщыпсэуащ, I954 гъэращ Налшык дыкъыщыкIуар. Илъэс 23-кIэ ещанэ поликлинникэм медсестрауэ сыщылэжьащ. Иджыпстуи сылэжьэнт, - жеIэ Аннэ.
И ныбжьыр хэкIуэта пэтми, гъащIэм хуэарэзыщ, дэIэпыкъуэгъу къилъыхъуэркъым.

Чэрты Ольгэ.
Поделиться: