ИлъэсищкIэ ягъэIэпхъуэ

ЦIыхухэм автомашинэ зэрагъэкIуэну хуит зыщI тхылъхэу зи пIалъэр икIахэр е 2022, 2023 гъэхэм икIхэр иджыри илъэсищкIэ къагъэсэбэп хъунущ. Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м абы теухуауэ къищта унафэм къару игъуэтащ.

ПIалъэм къыпыщэныр къыхалъхьащ Урысейм и МВД-мрэ Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ. Жэрдэмыр диIыгъащ Урысей Федерацэм и Правительствэм икIи ар хуэунэтIащ цIыхухэмрэ бизнесымрэ ехьэлIа административнэ гугъуехьхэр гъэмэщIэным.

ЩIэуэ къыхалъхьар яхуэгъэзащ я уней автомобилым дэсхэми, лэжьыгъэ, хьэрычэтыщIэ Iуэху щызэфIахкIэ транспортыр зезыгъакIуэхэми. Зи пIалъэр икIа шофер тхылъхэр илъэсищкIэ ямыхъуэжми хъунущ, ахэр къызэрагъэсэбэп хъуну зэманыр ягъэIэпхъуащи.

 Урысей МВД-м къызэритамкIэ, рулым дэс цIыху мелуани 5-м щIигъум гъунэгъу илъэсищым лъэпощхьэпоуншэу транспортхэр зэрагъакIуэ хъунущ, шофер тхылъхэм я пIалъэр зэрагъэIэпхъуам и фIыгъэкIэ.

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: